КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Лэскэн районым. ЩIыналъэм и цIыхухэр хэту екIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ иужьрей илъэситхум районым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм кърикIуахэм, адэкIэ къапэщылъ лэжьыгъэхэм.
Гулъытэ нэхъыбэ хуащIу и гугъу ящIащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьа лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрагъэзащIэм. Апхуэдэу «Къалэхэм псэупIэ тынш къыщызэгъэпэщын» программэмкIэ зэIузэпэщ ящIащ Анзорей, Аргудан, Урыху, нэгъуэщI къуажэхэм дэт щэнхабзэмкIэ унэхэм къегъэщIылIа щIыпIэхэр.
Гъуэгу ухуэныгъэмкIи зэфIагъэкIахэр мащIэкъым. «ГъуэгуфIхэр икIи шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектымкIэ лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIащ Анзорей, Урыху, Аргудан, Хьэтуей, Уэзрэдж, Ташлы-Тала къуажэхэм. Зэгъэпэщыжыныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Лэскэн II – Анзорей, Лэскэн II – Ерокъуэ - Чикала гъуэгухэм. ЩыIэ жыпхъэхэм хуагъэкIуэжащ Аргудан - Александровскэ гъуэгум щыщ Iыхьэхэр. «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэу зыхуей хуагъэзэжащ Лэскэн-I – Лэскэн Ипщэ – Ташлы-Тала – Хъазнидон гъуэгур. Апхуэдэу Ташлы-Тала къуажэм и уэрамхэм уэздыгъэхэр щыфIадзащ.
Районым и егъэджэныгъэ IэнатIэри къагъэщIэрэщIэж. Ташлы-Тала курыт школрэ сабий садрэ, Аргудан сабий сад щаухуащ. ЕджапIэхэм я спорт пэшу 9 зыхуей хуагъэзэжащ. Зэгъэпэщыжыныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIащ Анзорей, Уэзрэдж, Лэскэн ЕтIуанэ дэт школхэм, Анзорей и сабий садым. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр мы гъэм щрагъэкIуэкIынущ Аргудан, Анзорей, Хьэтуей, Урыху щыIэ курыт школхэм.
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектымкIэ, «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» школ программэмкIэ еджапIэ пэшхэр зыхуэныкъуэкIэ къызэрагъэпэщын щIадзащ. Шынагъуэншагъэм и лъабжьэхэр, лэжьыгъэм щыхуагъасэ дерсхэр щрагъэкIуэкI пэшхэм папщIэ Iэмэпсымэхэр яIэрыхьащ школи 5-м. АдэкIэ макъамэмкIэ, сурэт щIынымкIэ, физикэмкIэ, математикэмкIэ, биологиемкIэ, химиемкIэ пэшхэр зыхуей-зыхуэныкъуэкIэ къызэрагъэпэщынущ. Мэкъумэш класс къызэIуахыну загъэхьэзыр.
«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектымкIэ зыхуей хуэзэу зэпэщ ящIыжащ Анзорей дэт ГъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэр, Хьэтуей, Лэскэн ЕтIуанэ, Урыху, Ташлы-Тала, Уэзрэдж щыIэ щэнхабзэмкIэ унэхэр.
Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ районым дежкIэ нэхъ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм. Республикэм и УнафэщIым жиIащ зытепсэлъыхьа псоми унафэ пыухыкIахэр зэрагъуэтынур.