Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ.
1966 гъэм яухуауэ щыта еджапIэр илъэс 60-м щIигъуат апхуэдиз лэжьыгъэ иращIылIэу зэрызэрамыхьэрэ. ЕкIуу къагъэщIэрэщIэжа курыт еджапIэр къызэIуахыжащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дзэлыкъуэ районым я ныпхэр яIэту. УФ-мрэ КъБР-мрэ я гимнхэр кърагъэуащ. Абы еблэгъащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Джатэ Русланрэ Бжьахъуэ Ранетэрэ, къызэхуэсащ къуажэдэс нэхъыжьхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ. ХьэщIэхэр хъуэхъуащ еджапIэр щIэблэм щIэныгъэм и къежьапIэ яхуэхъуну, школым и лэжьакIуэхэм фIыщIэ ящIащ ар къэрал программэм хиубыдэу къызэрагъэщIэрэщIэжам папщIэ.
1968 гъэм яухуауэ щытащ Псынэдахэ къуажэм дэт курыт еджапIэри. «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ ари къагъэщIэрэщIэжащ. ЕджапIэр къыщызэIуахыжым абы еблэгъащ КъБР-м мылъку, щIы зэхущытыкIэхэмкIэ и министр ТIэхъу Аслъэн, Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэхэу Вындыжь Ризуанрэ Кубалов Аслъэнрэ, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм мэкъумэш щIыпIэхэм заужьынымкIэ и департаментым и унафэщI Къардэн Рэмэзан, Дзэлыкъуэ районым егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI КIэмыргуей Лидэ, районым цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Теувэж Ильяс, ветеранхэм я щIыпIэ советым и тхьэмадэ Бэрэгъун Арсен, «Бизнес-инкубатор» IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Тембот Арсен, Псынэдахэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ ПщыукI Маринэ.
Къыхэгъэщыпхъэщ зыхуей хуагъэза курыт еджапIэм мэкъумэш класс къызэрыщызэрагъэпэщар. Ар хуэгъэпсащ щIым, гъавэм, къэкIыгъэхэм теухуауэ щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным.
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» проектым хэту зэрахьащ Дзэлыкъуэдэс къуажэм дэт курыт еджапIэри. ЕджапIэм и бжэр къыщызэIуахым къэралым, республикэм, районым я ныпхэр яIэтыну хуагъэфэщащ ныбжьыщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм жыджэру хэтхэу Къэшэж Мухьэмэд, Мусэ Дисанэ, Ныр Алихъан сымэ. Iуэхум хэтащ Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Вындыжь Ризуан, районым егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI КIэмыргуей Лидэ, Дзэлыкъуэдэс къуажэ администрацэм и унафэщI КIуэкIуэ Жыраслъэн, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
ЕджапIэр къыщызэIуахым гъэ еджэгъуэщIэм и япэ уэзджынэр кърагъэуащ 11-нэ классым щеджэ Кърымщокъал Темырланрэ езанэ классым кIуа Маргъущ Ясинэрэ.
ГУГЪУЭТ Заремэ.