Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и школхэм.
Шэрэдж районым полицэм и лэжьакIуэхэм гъусэ къащыхуэхьуащ ветеранхэм я зэгухьэныгъэмрэ жылагъуэ советымрэ я лIыкIуэхэу Жабоев ЖэбрэIилрэ Анахаевэ Аидэрэ. ШколакIуэхэм ящIыгъуу ахэр тепсэлъыхьащ гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ «Экстремизмэмрэ терроризмэмрэ иджырей дунейм дежкIэ шынагъуэщ» Iуэхум.
Апхуэдэ зэIущIэхэм я мурад нэхъыщхьэр сабийхэм я гупсысэкIр узэщIынырщ, Интернетым и зэманым хъыбархэр псынщIэу щызэбграгъэхри, пэжымрэ пцIымрэ зэхэбгъэкIыфу, Iейм удимыхьэхыу щытынырщ.
Полицейхэм ныбжьыщIэхэм ящIыгъуу зэпкърахащ къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэм деж щIапхъэхэр: мыгужьеин, дэIэпыкъуныгъэ папщIэ здэпсэлъэнур ящIэн икIи дэтхэнэ цIыхури сакъын зэрыхуейр гурагъэIуащ.
Апхуэдэ дерсхэр щекIуэкIащ Лэскэн, Тэрч районхэми. ШколакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ а фэеплъ махуэр къызэрежьам икIи абы теухуа фильмхэм ирагъэплъащ.
ШколакIуэхэм щепсалъэм гулъытэ хэха хуащIащ абыхэм граждан жэуаплыныгъэ яхэлъу щытыным, дэтхэнэ цIыхуми мамырыгъэм, зэпIэзэрытыгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIыпхъэм.
БАХЪСЭН Азэмэт.