Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езыхьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ.
«Нобэрей махуэшхуэр республикэм къэралыгъуэ мыхьэнэ щигъуэта тхыдэ Iыхьэщ, - щыжиIащ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхуэсым. - Илъэс къэс абы и лъапIагъыр нэхъ куууэ зыхыдощIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм автоном республикэу щыхэува лъэхъэнэр ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я дежкIэ лъэбакъуэ щхьэпэ хъуауэ щытащ, я экономикэм, социальнэ гъащIэм, щэнхабзэм зыщIиужьын щхьэусыгъуэ яхуэхъуу. Абы и фIыгъэкIэ, дэтхэнэ лъэпкъми Iэмал игъуэтащ и бзэр, и щэнхабзэр, и хьэлыр къезыгъащтэ лъапIэныгъэхэр ихъумэжыну. Республикэм къызэринэкIа дэтхэнэ гъуэгуанэ Iыхьэми и уасэр ди гум илъщ, ди япэ итахэм яхузэфIэкIари тщыгъупщэнукъым».
КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ илъэс екIуэкIым къриубыдэу КъБР-м хузэфIэкIахэм: промышленностым къыщIигъэкIыр проценти 110,3-м нэсащ, мэкъумэшым ейр проценти 102,3-рэ мэхъу, ухуэныгъэм - проценти 101,5-рэ. Илъэс блэкIам еплъытмэ, инвестицэхэм я бжыгъэр сом меларди 3-м фIэкIащ. ЦIыхубэм къахэхъуэ ахъшэр проценти 104,8-кIэ нэхъыбэ хъури, ику ит улахуэр сом мин 57916-м нэсащ. Къыхэгъэщыпхъэщ лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм зэрыхэщIари: 2019 гъэм ар проценти 9,1-уэ щытамэ, 2026 гъэм зэрыхъур проценти 2,1-рэщ.
Къэрал дамыгъэ лъапIэхэр зратынухэм щатепсэлъыхьым, КIуэкIуэ Казбек гулъытэ щхьэхуэ яхуищIащ мы махуэхэм зи илъэси 100-р зыгъэлъэпIа, РАН-м хыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэм. Илъэсищэ хъуауэ, мы IуэхущIапIэм щIэныгъэми, лъэпкъ литературэми, тхыдэми хуищI хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэнщ. Къэралым пщIэ зыхуищIахэм ящыщщ зи гугъу тщIа институтым и лэжьакIуэ, дызэрыт илъэсым илъэс 90 ирикъуа Опрышкэ Олег. НэхъыжьыфIым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр хуагъэфэщащ.
Гулъытэшхуэ яхуищIащ КIуэкIуэ Казбек медицинэм и лэжьакIуэхэми, абыхэм я пщэ дэлъ къалэн къызэрымыкIуэм хуэфэщэн уасэ хуэбгъэувыну зэрыгугъур къыхигъэщу. Перинатальнэ центрым и унафэщI Гаевэ Алёнэ Урысейм щIыхь зиIэ и дохутыр цIэ лъапIэр фIащащ, а IуэхущIапIэ дыдэм и анестезиолог-реаниматолог Жанатаевэ ФатIимэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и дохутыр цIэр хуагъэфэщащ. Крымский Лука и цIэр зезыхьэ саугъэтыр иратащ КъэхъукъащIэхэмкIэ медицинэ центрым и лэжьакIуищым.
Щхьэхуэу къыхэгъэщыпхъэщ илъэсищ хъуауэ ди республикэм и нэIэ зытет Скадовск къалэм щылажьэ слесарь Омельченкэ Александр. Абы хуагъэфэщащ УФ-м и Президентым и ФIыщIэ тхылъыр.
Псори зэхэту цIыху 39-м иратащ къэрал саугъэтхэр. Зи цIэ къраIуа дэтхэнэ зыри къыщалъхуа щIыналъэми Урысейми гурэ псэкIэ хуэлажьэ цIыхухэщ, нэхъыжь-нэхъыщIэр, напэр, жэуаплыныгъэр зищIысыр ящIэу.
КЪУДЕЙ Iэминэ.