Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж курыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.
«КъБР-м егъэджэныгъэм зыщегъэужьын» къэрал программэр зэрагъэзащIэм и фIыгъэкIэ еджапIэр гъэ еджэгъуэщIэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу хьэзыр хъуащ: ухуакIуэхэм унащхьэмрэ блынхэмрэ къагъэщIэрэщIэжащ, инженер хуэIухуэщIэхэр зэрахъуэкIри, и кIуэцIыр зыхуей хуагъэзащ. ФокIадэм и 1-м ныбжьыщIэхэм тыгъэ хуащIащ егъэджэныгъэ Iуэхум сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзыр еджапIэр.
Школым и гъащIэм щыщ IыхьэщIэр щаублэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Налшык къалэм и прокурор Къанщауэ Аслъэн, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Храмцов Алексей, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, къалэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и лIыкIуэхэр.
Махуэшхуэм щIадзащ къэрал гимнхэр ягъэзащIэу, Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я ныпхэр яIэту.
ХьэщIэхэм, еджакIуэхэм, адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм фIэхъус щарихым, курыт школ № 6-м и директор Текуев Аслъэн фIыщIэ яхуищIащ республикэм и унафэщIхэм, ухуакIуэхэм, адэ-анэхэм, школыр и чэзум зэрагъэпэщыжауэ къызэIухыным хэлIыфIыхьа псоми. Ар еджакIуэхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэхэр яIэну. Школ унафэщIым къыхигъэщащ ныбжьыщIэхэм я зэныбжьэгъугъэр щапхъэфIу зэрилъагъур, мы гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувам ипкъ иткIэ. Мы школым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъум щыщ сабийхэр щоджэ.
Къызэхуэсахэм ЩIэныгъэм и махуэмрэ ныбжьыщIэхэм я гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэмкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ:
- Нобэрей зэманым дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм щIэныгъэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ. Абы къыхэкIыу фокIадэм и 1-р IуэхущIэхэмрэ IэмалыщIэхэмрэ я дамыгъэу жыпIэ хъунущ, - къыщIидзащ и псалъэм Егоровэ Татьянэ. - Нобэ махуэшхуэр щагъэлъапIэ сабий гъэсапIэм къыщыщIэдзауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щыщIэкIыжу. Ауэ гулъытэ хэха зиIэр, дауи, школырщ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, школ илъэсхэм нэхъ телъыджэ, нэхъ гукъинэж щыIэкъым. А илъэсхэращ цIыхум и къэухьыр, дуней еплъыкIэр щызэфIэувэр, и зэчийхэмрэ зэфIэкIхэмрэ къыщызэIуихыр. ЩIэныгъэм и махуэр еджэми езыгъаджэ псоми я махуэшхуэщ. ЕгъэджакIуэхэм я дежкIэ ар лэжьыгъэм и лъэхъэнэщIэщ, я гъэсэнхэм щаIущIэ гуфIэгъуэщ. ЕджакIуэхэм я дежкIэ - гъащIэм и лъэбакъуэщIэщ, къэхутэныгъэщIэхэм я щIэдзапIэщ. Класс нэхъыжьхэм щIэсхэм я дежкIэ - адэкIэ я гъуэгур къыхахынымкIэ илъэс нэхъыщхьэщ. Ауэ псом нэхърэ мы махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ гъа-щIэ гъэщIэгъуэным япэу лъэбакъуэ хэзычэ цIыкIухэм - езанэ классым кIуэхэм - я дежкIэ. Дэтхэнэми щIэныгъэм и дуней телъыджэм мы махуэр щIэдзапIэфI хурехъу!
Хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым къыхигъэщащ мы зэманым къэралми республикэми куэд дыдэ зэрыщащIэр егъэджэныгъэр иджырей мардэхэм тету къызэрагъэпэщын, сабийхэм я зэфIэкIхэм зрагъэужьын папщIэ. «Абы и щапхъэщ нобэ дыкъыздеблэгъа школым щытлъагъу зэхъуэкIыныгъэфIхэр. ЕджапIэм и теплъэр ефIэкIуа къудейкъым - ар IэмэпсымэщIэхэмкIэ, иджырей IэмалхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Ахэр, шэч хэмылъу, яхуэщхьэпэнущ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куу ягъуэтынымкIэ», - дыщIигъуащ Егоровэм.
ФокIадэм и 1-р республикэм деж-кIэ махуэшхуэ тIуащIэу зэрыщытыр къыхигъэщри, Егоровэ Татьянэ къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмкIи.
- ФIыуэ тлъагъу ди республикэм и махуэри догъэлъапIэ. Ди къэкIуэнур фэращи, зыщывмыгъэгъупщэ фи дэтхэнэ ехъулIэныгъэри ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм и хэлъхьэныгъэу зэрыщытыр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр ди къэралышхуэм хуэфащэ цIыхуу, фи хэкушхуэмрэ фи хэку цIыкIумрэ фIыуэ флъагъуу фыкъэхъунырщ. Нобэ псоми сехъуэхъуну сыхуейщ узыншагъэ быдэ, насып яIэну, ди егъэджакIуэхэм - сабийхэм я зэчийр къагъэнэIуэфыну, еджакIуэхэм - щIэныгъэм и фIагъыр зыхащIэну, адэ-анэхэм - я бынхэм иригушхуэну, - дыщIигъуащ Егоровэм.
КъагъэщIэрэщIэжа школым щIэныгъэм и махуэр гукъинэжу щагъэлъэпIащ. Абы хъуэхъу гуапэхэр къыщыIурт, сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ я нэжэгужагъым гур хигъахъуэрт. Апхуэдэу къэхутэныгъэхэмкIэ, ехъулIэныгъэхэмкIэ, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ щытыну гъэ еджэгъуэм щIидзащ.
Курыт школ №6-р зэрызэрагъэпэщыжам и мызакъуэу, Налшык щыпсэу ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр сэтей къэзыщIыфыну, фIагъ лъагэ зиIэ щIэныгъэ щратыфыну еджапIэ хъуащ. Мыбы Iэмал псори къыщызэрагъэпэщащ дэтхэнэ еджакIуэми гулъытэ иIэн хуэдэу.