Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар. Абыхэм гъуазджэм и IэмалкIэ щIыуэпсым и дахагъэр дагъэлъагъу къудейуэ жыпIэныр къезэгъыркъым, я IэдакъэщIэкIхэм псалъэншэуи дунейр тхъумэну, абы дыхуэсакъыну дыкъыхураджэфри.

Къэбгъэлъагъуэмэ, япэ сурэтыр къы­щыунэхуар XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм ­хуахь. Абы лъандэри сурэттех IэщIагъэм зиужь зэпыту къекIуэкIащ. 
Ди зэманым жып телефонкIэ махуэ къэс дэтхэнэ зыми сурэт тетхми, гъуазджэм и лэжьакIуэм «илъагъумрэ» дэ ди сурэттехым «къедгъэубыдыфымрэ» шурэ лъэсрэ я зэ­хуакущ жыпIэфынущ. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэр. Ар музейхэм щекIуэкI хабзэхэм къащхьэщыкIырт, уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэтми ярейуэ. Гъэмахуэу, дунейр ­хуабэу, Налшык и зыгъэпсэхупIэ нэхъ дахэ дыдэм урикIуэу апхуэдэ гъэлъэ­гъуэныгъэ ущрихьэлIэныр, дауи, щIэщыгъуэт. Псом хуэ­мыдэу сабийхэр яIыгъыу къэзыкIухь адэ-анэхэм дежкIэ ар гухэхъуэгъуэ хъунтэкъэ (зэман лей зэрамыIэр къэплъытэмэ) ?!
Апхуэдэ тыгъэ налшыкдэсхэм яхуэзыщIу зи IэдакъэщIэкIхэр утыку къизыхьар иджыблагъэ ди газетымкIэ зи IэщIагъэм тедгъэ­псэлъыхьа Журт Хьэсэнщ. Мы сурэт гъэлъэгъуэныгъэр иджы етIуанэу къызэрегъэпэщ «Свой стиль» сурэтклубым. «Сэ куэд щIауэ мыпхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм срителъ­хьэт, - жеIэ езы сурэттехым. - Сурэтыр гъэлъэгъуа­пIэ пэшым щIэбубыдэкIэ зыри и мыхьэнэкъым. Ар цIыхум папщIэщ «къыщIэ­д­гъэ­щIыр». Зы мазэм къриубыдэу музейм ­екIуалIэм нэхърэ нэхъыбэ мыбдеж зы махуэм щызэблокIри, цIыхухэм Iэмал яIэщ гъуазджэм «лъэIэсыну». 
Журт Хьэсэн и япэ гъэлъэгъуэныгъэр 2008 гъэм къызэригъэпэщауэ щытащ. Езым зэрыжиIэмкIи, ар зи фIыщIэр и анэ дэлъху, тхакIуэ IутIыж Борист. И лэжьыгъэ нэхъыфI дыдэу зытхух хуихьыну къыхуиIуэхури, Хьэсэн и сурэтхэр а махуэ дыдэм КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщIу щыта КIэрэф БетIал иригъэлъэгъуауэ щытащ, и щхьэзакъуэ гъэлъэгъуэныгъэ къыхузэрагъэпэщынуи зэгурыIуат.
Абы лъандэрэ Журтым и лэжьыгъэ IэнатIэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, дэзыхьэх Iуэхуми ехъу­лIэныгъэ куэд щызыIэригъэхьащ, и Iэзагъэм хигъахъуэурэ урысейпсо зэпеуэхэми мызэ-мытIэу щытекIуащ. Урысейм Къуалэбзухэр хъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэмрэ орнитолог цIэрыIуэ Белик Викторрэ гу къылъатауэ, Хьэсэн къуалэбзу гъуэтыгъуейхэм сурэт зэрытрихми и гугъу щытщIащ ди газетым. 
ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм иджы щигъэлъэгъуам и гугъу тщIымэ, ар тхыгъэр къызэрыщIэддза гупсысэрщ - Хьэсэн ар триухуат ди щIыналъэм и щIыуэпс телъыджэм. Пщэдджыжь пшэплъым зы сурэт закъуэ ­тепхын щхьэкIэ нэхущым укъэтэджыным е сыхьэт бжыгъэкIэ зумыгъэхъейуэ къуалэбзум упэплъэным и мыхьэнэм ущIэупщIэмэ, Журтым асыхьэту жеIэ: «Сурэт техыным езым хуабжьу уи гур хегъахъуэ. Ауэ гурыфIыгъуэ нэхъ ин дыдэр щызыхэпщIэр ди щхьэм и мыза­къуэу, ар цIыхухэм ялъагъун щхьэкIэ зэрытетхырщ».

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2026 - 09:03

ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ

Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ ­химиемрэ биологиемкIэ ­егъэ­джакIуэ, Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк ­(Ты­жьей) къуажэм  ­къы­­­щалъхуа, республикэм Егъэ­­джэныгъэмкIэ и министерствэм

07.10.2026 - 09:03

И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ.

07.10.2026 - 09:03

Фащэ екIухэр ящыгът

Адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэблэм егъэщIэным хуэгъэпса «Адыгэ цIыкIу» сабий IуэхущIапIэм Адыгэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ.

06.10.2026 - 09:51

КъахуэгъэщIынущ зыми емыщхь теплъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм и дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм и президент Ставицкий Виталий.

06.10.2026 - 09:51

Макъамэ уахътыншэхэр мэIу

«Мариинский - Владикавказ» VIII дунейпсо макъамэ фестивалым хыхьэу Налшык дэт Музыкэ театрым Гергиев Валерий зи унафэщI Мариинскэ театрым и симфоние оркестрым и концерт щекIуэкIащ.