КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ щезыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм щызэхуэхьэса лэжьыгъэхэм къыбгурагъаIуэ адыгэм ди гъащIэм цым, упщIэм увыпIэфI щаубыду, абы псэупIэхэр ирагъэдахэу зэрыщытар. Унагъуэм я нэхъыжьыр здэщыс, хьэщIэхэр щригъэблагъэ тIысыпIэм и лъэныкъуэмкIэ блыным алэрыбгъухэр щыфIадзэрт. Ар щыхьэт техъуэрт лъэпкъыр IэпэIэсагъэм, лэжьыгъэм зэрыдахьэхым. Аращ алэрыбгъур екIуу ящIыным елIалIэу щIыщытари. Бекъулым лъэпкъ хабзэхэр къызыхэщыж и IэрыкIхэмкIэ гу лъыдегъатэ иджырей гъуазджэмрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ я гъунапкъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ. Лэжьыгъэхэр я теплъэкIи, хэлъ тхыпхъэкIи, хэдыкIкIи, плъыфэкIи куэду зэщхьэщокI. Алэрыбгъу къудей мыхъуу, арт объект гъэщIэгъуэнхэр къызэрегъэпэщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, цыр лъэпкъ щэнхабзэ щIэинхэм я хъумакIуэщ. Адыгэхэм Iэщ куэду зэрызэрахуэм къыхэкIыу лъэпкъым упщIэм елэжьыным зрагъэужьат. УнагъуэкIэрэ цым елэжьурэ лъэпкъым къыдекIуэкI цIыхубэ IэщIагъэхэм ящыщ хъуащ ар. А Iуэхум нэхъ хуэIэзэ хъуам иубзыхурт алэрыбгъум и инагъыр, плъыфэхэм я зэхэлъыкIэр, ар зэрагъэдэхэну лъэпкъ тхыпхъэхэр.
- Художникым и сурэтхэм я пIэкIэ, нобэ долъагъу Лаурэ езым зэхуихьэсыжа цы Iуданэхэм, щэкIым, IутIаным (рогозэ), удз гъэгъа гъэгъуахэм, хьэуазэм, упщIэм, гъущIым, нэгъуэщI материалхэм къыхищIыкIа лэжьыгъэхэр. Абыхэм хиухуэнащ пасэрей тхыпхъэхэр, ди лъэпкъэгъухэм я псэукIэр, иджырей гъуазджэм щыщ и гупсысэхэри къызэщIиубыдэу. Дахагъэр къызэригъэщIым къыдэкIуэу, и гъэсэнхэри абы и щэхухэм зэрыхигъэгъуазэмрэ щIэблэр зэрыщIипIыкIымрэ узэрыгушхуэнщ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ. - Нэхъыжьхэм я блэкIар къызыхэщыж мы лэжьыгъэхэм куэдым урагъэгупсыс. КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и лэжьакIуэхэми студентхэми фIыщIэ яхуэфащэщ, мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэхэр къызэрызэрагъэпэщым папщIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ колледжыр къэзыуха куэдым республикэм и гъуазджэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIыр зэрыуасэншэр.
КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис къыхигъэщащ лэжьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр щызэхуэхьэса гъэлъэгъуэныгъэр зэрыгъэщIэгъуэныр, мы IэрыкIхэр гупсысэ куурэ мифологиекIэ зэрыгъэнщIар, пасэрей лъэпкъ IэщIагъэ дахэр къызэрагъэщIэрэщIэжыр зэрыгуапэр, абы иджыри зрагъэужьу мыпхуэдэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэм къыпащэну зэрыщыгугъыр.
КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и унафэщI Къанло Алим жиIащ жэуаплыныгъэ зыхэлъ, щIэныгъэ зиIэ, зи Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ щIэблэм ядэгуашэ егъэджакIуэхэр я IуэхущIапIэм пщIэ зэрыщыхуащIыр, студентхэм щапхъэ яхуэхъу, зэпымыууэ щIэм и лъыхъуакIуэ Бекъул Лаури абыхэм зэращыщыр.
- Зэхыхьэ щхьэпэм сыкъызэрырагъэблэгъар гуапэ сщыхъуащ. Гъэлъэгъуэныгъэ къэс зыгуэрым урегъэгупсыс. Цым къыхэщIыкIа мы лэжьыгъэхэм нэр ягъэгуфIэ, узыIэпашэ. Бекъул Лаурэ дяпэкIи мы унэтIыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуищIыну сохъуэхъу, - жиIащ КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и центрым и унафэщI Урыс Аслъэн.
Старэ Шэрэдж къуажэм ГъуазджэмкIэ и сабий школым и унафэщI Хьэпэ Заринэ зи лIыкIуэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу Лаурэ и гъэлъэгъуэныгъэр къызэрызэIуахамкIэ ехъуэхъуащ икIи къыхигъэщащ пасэрей IэщIагъэ дахэр къэгъэщIэрэщIэжыным зэманрэ къарурэ зэрытригъэкIуадэр зэи пщIэншэ зэрымыхъур, и IэрыкIхэм щэIупщIэ зэраIэр.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ жиIащ Лаурэ и егъэджакIуэ Мэзло Эдуард и гъэсэн куэд мы Iуэхум зэрыдригъэхьэхар, абы и фIыгъэкIэ мы дахагъэм нэхъри зэрызрагъэужьыр, Лаурэ пасэрей лъэпкъ IэщIагъэр, цым узэрелэжьыну Iэмалхэр куууэ зэриджар.
Бекъул Лаурэ къиухащ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетымрэ. «Войлочный путь» проектым хэтащ. 2011 гъэм Налшык, Мейкъуапэ, Сыхъум, Владикавказ щыщагъэлъэгъуа, бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэхэм и лэжьыгъэхэр хагъэхьащ.
Лаурэ фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.