Адыгейм щыIэ Руфабгъуэ псыкъелъэхэм деж, илъэс къэси хуэдэу, Адыгэ кхъужьым и махуэ щекIуэкIащ. Зэхыхьэм зэхуишэсащ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Абхъазым, Дон Iус Ростов, Москва, уеблэмэ Алтайм щыщу щIыуэпсыр, лъэпкъ хабзэхэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ фIыуэ зылъагъухэр.
Мыпхуэдэ фестивалыр мы щIыналъэм 15-нэу щокIуэкI. Абы хэтахэр «шэрджэс бергамот» лIэужьыгъуэм щыщ кхъужьей жыгхэр къыщызэтена хадэжьхэм кIуащ. ГъэщIэгъуэнращи, а жыгхэм я ныбжьыр илъэс 250-м щIигъуащ, нобэр къыздэсми пхъэщхьэмыщхьэ къапокIэ. Ауэ, дауи, апхуэдэ жыг хадэжьу къэнэжар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, мащIэ дыдэщ.
Къызэрыхэдгъэщащи, Адыгэ кхъужьым и махуэшхуэр Адыгейм илъэс къэс щокIуэкI. Iуэхум и гупсысэ нэхъыщхьэр ирапх адыгэ жыг хадэхэм я хабзэр хъумэнымрэ къэгъэщIэрэщIэжынымрэ. Зэхыхьэм кърихьэлIэхэм хуаIуатэ ди адэжьхэм жыг хадэхэр зэрагъэкIыу, зэрызэрахьэу щыта щIыкIэхэр. Адыгэ пхъэщхьэмыщхьэ лIэужьыгъуэхэм я фIагъыр, абыхэм я бэвагъыр къигъэлъагъуэрт зы мыIэрысейм е кхъужьейм пхъэщхьэмыщхьэу тонным щIигъу къыпахыфу зэрыщытам. Зи ныбжьыр илъэс 250-м щIигъуауэ республикэм мы зэманым жыгитI къыщызэтенащ.
«Адыгэ жыг хадэхэр дунейпсо щIэинщ. КъухьэпIэ Кавказым жыг гъэкIыным и щэнхабзэр илъэс минищым щыщIегъу. Адыгэхэм я дэтхэнэ зы цIыхухъури жыг дэгъэкIэным хуэIэзэти, гъуэгу щытехьэкIэ кхъужьей къудамэ здрихьэжьэрт, ар мэзым къыщыкI къэкIыгъэхэм ядигъэкIэн папщIэ. Абы ехьэлIауэ я щIэныгъэр щIэблэхэм зэIэпахырт», - жеIэ адыгэ жыг гъэкIыкIэр джыным илъэс 20-м щIигъу тезыухуа Къудей Нуриет.
Фестивалым и къызэгъэпэщакIуэ «Руфа-Тур» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Руфабгъуэ нэмыщI, шэрджэс жыг хадэхэр щыIэщ Тулэ, Каменномостскэ, Усть-Сахрай къуажэхэми, Абдзэх, Новосвободнэ, Дахэ станицэхэм я Iэгъуэблагъэми, Кавказ мэзгъэфIэнми.
Зэхыхьэм и гъуэгугъэлъагъуэхэр я гъусэу, цIыхухэр жыг хадэжьхэр здэщыIэ щIыпIэм дэкIащ, адыгэ кхъужьыр зэрагъэкIыу щытам и тхыдэмрэ хабзэхэмрэ щIэдэIуащ. Къагъэзэжа нэужь, абыхэм я нэгу зрагъэужьащ «Ашэмэз» цIыхубэ IуэрыIуатэ ансамблым, Камернэ му- зыкэ IуэхущIапIэм и уэрэджыIакIуэ, республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Макаовэ Маринэ, Адыгейм и цIыхубэ артистхэу Арзуманов Михаилрэ Кириченкэ Иринэрэ, Мальцев Александр, «Уэщтэн» эстрадэ ансамблым и солисткэ Нэгъуей Маринэрэ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Бэрэтар Зауррэ, нэгъуэщIхэми.
- Адыгэ жыг хадэхэр «дунейпсо мыхьэнэ зиIэ мэкъумэш щIэину» къалъытэным долэжь. Жыгыжьхэр псэуху, абыхэм жыгыщIэхэр ядэдгъэкIэну, къащIэжыр тхъумэну дыхунэсын хуейщ, - жеIэ КъБКъУ-м и географие факультетым и лэжьакIуэ Мамедов Рэхьим.
Адыгэхэм кхъужьей жыгыр лъапIэу къалъытэ, уеблэмэ «адыгэ бергамот» лIэужьыгъуэр Адыгейм и дамыгъэ щхъуантIэ куэдрэ мэхъу. КъэкIыгъэхэмкIэ урысейпсо институтым Мейкъуапэ щиIэ опытнэ станцым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Семенов Валентин зэрыжиIэмкIэ, Адыгейм и кхъужьей жыгхэм я коллекцэр Урысейм щынэхъ ин дыдэхэм, щынэхъыфIхэм ящыщщ. Абы адыгэ кхъужь лIэужьыгъуэ 12 хохьэ.
«2011 - 2012 гъэхэм ди щIэныгъэлIхэм хы ФIыцIэ Iуфэм щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм кърашащ адыгэ кхъужь лIэужьыгъуэщIэу блы. Абыхэм ящыщщ щIэныгъэлIхэм иджыри ямыцIыху «адыгэ бергамоткIэ» зэджэр, «бжьэлъакъуэ кхъужьыр», «мэкъуауэгъуэ кхъужьыр», нэгъуэщIхэри. ЛIэужьыгъуэ псори европейхэм я пхъэщхьэмыщхьэхэм быдагъкIэ, IэфIагъкIэ, гуащIэ щIэмылъу зэрыщытымкIэ къащхьэ-щокI», - жеIэ абы.
Тхыдэдж, «Шэрджэс жыг хадэжьхэр» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Хьэткъуэ Самир и лэжьыгъэм къыщыхигъэщащ кхъужьыр Краснодар щIыналъэм и щIыуэпс къулеигъэхэм ящыщу.
«Курыт лIэщIыгъуэм, зэманыщIэм, псом хуэмыдэу XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм я жыг хадэхэм зэрызаужьар къызыхэщ куэд тхыдэм къыхэнащ. Ар лъэпкъыр нэхъыбэу зэлэжьу щыта икIи щIыпIэм щыпсэухэм я ерыскъыр къызыпэкIуэ Iэмал нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къэбгъэлъагъуэ хъунущ. Геленджик къыщыщIэдзауэ Новороссийск нэс щызэпеуэ жьышхуэм жыг ягъэкIыну Iэмал къратынтэкъым, ди адэжьхэр а Iуэхум акъыл хэлъу емылэжьу щытамэ», - етх тхыдэджым.
Адыгэ кхъужьым и махуэшхуэм хэтахэр жыг хадэжьхэм зэрыкIуа я гъуэгуанэр Руфабгъуэ псыкъелъэхэм блэкIырт, Адыгейм и щIыпIэ дахэхэм зыщаплъыхьыну Iэмал яIэт. Илъэс щитI зи ныбжь жыг абрагъуэхэр зылъагъуну хуейр мащIэкъым - гъэ къэси километриплIым нэблагъэ къызэранэкIыу, къурш лъагъуэхэмрэ джабэ задэхэмрэ дэкIуеину гукъыдэж зыщIыр нэхъыбэ мэхъу. ХьэщIэхэр зэрыщыгугъауэ, кхъужьхэр IэфI дыдэу икIи мэ гуакIуэ яIэу къыщIэкIащ.
Зэхыхьэм ипкъ иткIэ, пасэрей адыгэ пщэфIыкIэхэмкIэ кхъужьым къыхащIыкIа шхыныгъуэхэмрэ псы IэфIхэмрэ абы кърихьэлIауэ хъуам Iуагъэхуащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.