Зэрагъэпэщыж икIи куэду яухуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и лэжьакIуэхэм.

Зэхуэсым хэтахэр теп­сэ­лъыхьащ иужьрей илъэситхум щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ игъуэта зыужьыныгъэм.
Къапщтэмэ, а лъэхъэнэм ­къриубыдэу къызы­хуэ­тыншэу зэрагъэпэщыжащ Ау­шыджэр, Къэщкъэтау, Бабугент, Зэрэгъыж, Жэмтхьэлэ жы­лэхэм дэт еджапIэхэр - ныбжьыщIэ мини 2,3-м щIигъум­-  рэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ иджы йо­кIуалIэ щIэныгъэ егъэгъуэтын Iуэхум сыткIи хуэщIа еджапIэхэм.
«Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» егъэджэныгъэ центру 11 къыщызэIуахащ, спорт зал псори щызэрагъэпэщыжащ щIыналъэм. Зи ныбжьыр школ ­кIуэгъуэм зэкIэ нэмысахэм ща­кIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм къыпащIыхьащ сабии 140-рэ ща­Iыгъын щIыпIэхэр, Къэщкъэтау дэт «Нюр» сабий садри зэрагъэпэщыжащ.
Аушыджэр амбулаторэ, Къэщ­къэтау цIыхубзхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэ щаухуащ, ардыдэм ­щIыналъэм и сымаджэщ нэхъыщхьэм и къудамэр, Жэмтхьэлэ и амбулаториер, Балъ­къэр Ипщэм дэт сымаджэщыр щызэрагъэпэщыжащ.
Къэщкъэтау сыт и лъэны­къуэкIи зыхуей щыхуагъэзащ ЩэнхабзэмкIэ унэр, Къэщкъэтаурэ Балъкъэр Ипщэмрэ иджырей библиотекэхэр къы­щызэрагъэпэщащ, Ау­шыджэр ЩэнхабзэмкIэ унэ щаухуащ.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ­хэм ящыщщ Сатушир - Ау­шыджэр псы кIуапIэр зэрау­къуэдияр, Къарэсу - Бабугент - Къэщкъэтау - Аушыджэр псы кIуапIэр къэзыгъэсэбэпхэм ху­па­дзащ яIэрыхьэм къыхэзыгъэхъуа бжьамийхэр, Жэмтхьэлэрэ Балъкъэр Ипщэмрэ дэс­хэм псы зэрыхуаутIыпщ бжьа­мийхэри къагъэщIэрэ­щIэжащ. ЩIыналъэм и нэхъ жылэшхуэ зыбжанэм иджы псыр яIэрохьэ щызэблэу къэ­мыхъуу.
ЩыIэ мардэхэм изагъэу зыхуей хуагъэзащ гъуэгуу 11. ЦIыху зэхуэсыпIэу 18-рэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 5-рэ зэIузэпэщ ящIащ.
Мы илъэсым къызыхуэ­тыншэу зэрагъэпэщыж Балъкъэр Ипщэм дэт еджапIэр, абы нэмыщI Безенги жылэм иджы­рей библиотекэм хуэдэ къы­щы­зэIуахынущ, а жылэмрэ Зэ­рэ­гъыжымрэ спортзалхэр щащI.
ЗэIущIэм хэтахэр зи чэзу Iуэху куэдым тепсэлъыхьащ. Къапщ­тэмэ, Къарэсурэ Безенгирэ зэ­пызыщIэ гъуэгум, езы Безенги и къуажэкIуэцI гъуэгухэм, ап­хуэдэуи Балъкъэр Ипщэм хуэ­кIуэм я гугъу ящIащ - ари зэгъэпэщыжын хуейщ.
Гулъытэ зыхуащIахэм ящыщщ Шэрэдж щIыналъэм  и сымаджэщ нэхъыщхьэм адэкIи зегъэужьыныр, Жэм­тхьэлэ Ипщэм и сабий садыр ­зэгъэпэщыжын, щIэ ухуэн зэ­рыхуейр, Аушыджэр спортзал, Къарэсу еджапIэ щащIыну ­къа­зэрыпэщытыр.
Шэрэдж щIыналъэм дежкIэ къалэн нэхъыщхьэу зэхуэсым къыщалъытахэм хэплъэнурэ ахэр щызэфIагъэкIыну пIалъэ­хэри яубзыхунущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.