Бжыгъэшхуэщ псоми къарикIуар

Псынэдахэ и «Родник»-м­рэ Алътуд и «Искра»-мрэ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIы­налъ­э­хэм футболымкIэ ещанэ ди­визионым щра­гъэ­кIуэкI зэ­хьэ­зэхуэм зи чэзу текIуэныгъэхэр къыщахьри, турнир таблицэм я пашэныгъэр щагъэбыдащ. Абыхэм нэхъри къа­кIэрыху хъуащ очкоитI и стадионым щызыгъэкIуэда «Став­роаоль­Агро­Сою­з»­-р. 

Махуэку блэкIам Нарткъалэ 0:5-уэ къыщыхагъэщIа Со­чэ и «Куэсто Кальчо»-р къы­кIэ­лъыкIуэ мэ­ремымрэ щэбэ­тым­рэ зэкIэлъхьэужьу «Род­ник»-мрэ ­«Искра»-мрэ яIу­­щIа­щ. Зэ къежьэгъуэкIэ джэгу­гъуищ къезыхьэлIэну мурад зы­щIа хьэщIэхэм къапэп­лъэр гущIыхьэт: япэ­щIы­кIэ алътуддэсхэр 8:1-уэ къе­гуа­уащ, къыкIэлъыкIуэу Балъ­къ Iуфэ я гур 10:0-у щрахыпащ. Хьэлэмэтращи, нэ­хъа­пэм урысейпсо зэхьэзэхуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм зэи къы­щыхъуатэкъым махуищ зэ­кIэлъхьэужьым зы командэм джэгугъуищ щригъэ­кIуэкIыу. Апхуэдэ щIыкIэ­кIэ Сочэ къикIахэм я мылъкур зэрагъэзэхуами, псоми къы­щыхагъэщIащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм зэхэту топ 23-рэ (!) а зэман кIэщIым Къэбэрдей-Балъкъэрым къы­щы­худа­гъэкIащ, езыхэм жэ­уапу иратыжыфар зы за­къуэщ. 
«Куэсто Кальчо»-м худи­гъэ­­кIа топищым я фIыгъэ­кIэ «Род­ник»-м и пашэ Бэчбо Мурат гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ. Мыгъэ­рей зэхьэзэхуэм ар къы­зэры­щыхэжаныкIар 13-м нигъэсащ. Абы къы­кIэ­лъокIуэ топи 10 дэзыгъэ­кIа Астрахань и «Волгарь-М»-м щыджэгу Раджабов Амин.
КъыкIэлъыкIуэ махуэми «Родник»-р текIуащ. Псынэдахэдэсхэм 4:0-у хагъэщIащ Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р.
Махуищым къриубыдэу джэ­гугъуитI езыгъэкIуэкIа «Нартым» и футболист ныб­жьы­щIэхэми ар къатехьэ­лъащ. Сочэ къикIахэм махуэкум 5:0-у зэрытекIуам я лъэр игъэжанами, Къалмыкъым щыщ щIалэ жанхэм зэрыпэ­лъэщын къару щэбэ­тым къы­зэкъуахы­жыфа­къым. 
АдэкIэ бэнэныгъэм къыпащэну Iэмал къезыт еп­лIанэ увы­пIэм щIэбэн Элис­та и «РСШОР-Уралан»-ри Нарткъалэ къэкIуат я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Астрахань и «Волгарь-М»-р бжыгъэшхуэкIэ хигъэщIарэ, а ехъулIэныгъэм къы­пищэну щIэхъуэпсу. Ар абы къызэрехъулIэнум и нэ­щэнэу еп­щыкIутIанэ дакъикъэм бжыгъэр къызэIуихащ. 
ЗэрызэпэщIэта сыхьэт ири­мыкъу пэщIэдзэ Iыхьэм 4:0-у Къалмыкъым къикIахэр япэ щищым гурыIуэгъуэ хъуат Нарткъалэ и «Нартым» и футболист ныбжьы­щIэхэм а зэIу­щIэ­р къазэ­рыхуемыгъэлынур. АрщхьэкIэ я лъэр щIагъэ­хуакъым. ЕблыщIанэ дакъи­къэм Езий Тембот бжы­гъэр 1:4-м хуигъэкIуащ. Абы иужь­кIи пенальти къалэжьат. АрщхьэкIэ метр пщыкIузым и деж щыту топыр яхудэгъэкIакъым, хьэщIэхэм я гъуащ­хьэтетым къригъэгъазэри. Арати, 5:0-у текIуа иужькIэ, ма­хуитI дэкIри, 1:4-уэ къыхагъэщIэжащ. 
КъБР-м и командэ къыхэхамрэ «Налшык» футбол шко­лымрэ я гуп зэхэтым блэкIа джэгугъуэм зигъэп­сэхуащ. 
«Родник»-мрэ «Искра»-м­рэ къегуэпащ Михайловск и «Витязь»-р. Ди командэхэм я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «СтавропольАгроСоюз»-м хьэ­щIапIэ щыIэу ар къыпикIуэтакъым икIи очкоитI фIигъэкIуэдри, пашэхэм нэхъ къыкIэригъэхуащ.
Щэбэт къакIуэ зи чэзу джэгугъуэр зэхэтынущ. А махуэм зэхуэзэнущ «СтавропольАгроСоюз» (Невинномысск) – «Анжи» (Мэхъэчкъалэ), «КъБР-Налшык ФШ» - «Вайнах» (Нэзрэн), «РСШОР-Уралан» (Элиста) – «Искра» (Алътуд), «Нарт» (Нарткъалэ) - «Волгарь-М» (Астрахань) командэхэр. 

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.