Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ Анас­тасие и «Сигнальная система» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

Мы Iуэхур къызэзыгъэпэщар Санкт-Петербург промышленнэ технологиемрэ дизайнымкIэ и къэ­рал университетым теориемрэ гъуаз­джэм и тхыдэмкIэ и факультетым щеджэ, искусствовед икIи дизайнер Киреев Романщ. Ар Налшык къакIуэри, галереем щагъэувыну арт-проектым и архитектурэр игъэхьэзыращ. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм и правленэм и уна-фэщI Къаныкъуэ Жаннэ жиIащ малъхъэдисым хуэдэу цIыхухэр зыщIэзышэ, щIэхэм тегушхуэ Лангуровэ Анастасиерэ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къи­кIа и ныбжьэгъухэмрэ Налшык къызэрытхуеблэгъар, абы и IэдакъэщIэкIхэр ди къалэм зэрыщигъэлъагъуэр гуапэ зэрыщыхъуар. Жаннэ гъэлъэгъуэныгъэм зы­кърезыгъэхьэлIахэм ягу къигъэ­кIыжащ, илъэсищкIэ узэIэбэ­кIыж­мэ, Анастасие Кисловодск къалэм триухуа и лэжьыгъэхэр Налшык щигъэлъэгъуауэ зэрыщытар. 
Киреев Роман псалъэ щратым къытеувыIащ къару куэд зытрагъэкIуэда, илъэсым щIигъукIэ зы­зы­хуагъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэр къазэрехъулIам икIи Лангу­ровэ Анастасие ехъуэхъуащ дяпэ-кIи гъуазджэм щиIэ зэфIэкIхэм хигъэхъуэну.
Вытавкэм Анастасие и лэжьыгъэ 40-м щIигъу къызэ­щIеубыдэ. Абыхэм къыщигъэлъэгъуащ цIыхухэм я хьэл-щэнхэр, зэ­хущытыкIэхэр,          хуей щыхъукIэ, зыр адрейм щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъур зэрыуасэншэр. Сурэтхэм дыщIа­гъуащ аудиори, QR-код Iэмалыр къэбгъэсэбэпу, дэтхэнэ лэжьыгъэми щIыгъу                     аудиом уедэIуэфынущ.  ГъэщI-                    гъуэнщ мыбдеж ды­хухэри зэрыщагъэлъагъуэр. Ахэр ягъэ­хьэзыращ Лангуровэ Анастасие и IэрыкIхэм еплъа IэщIагъэлIхэм. 
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Лангуровэ Анастасие и ныбжьэгъухэу Урысейм и щIыналъэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм къикIа гъуазджэм и цIыхухэр. Абыхэм жаIам къыха­гъэщащ сурэтыщIым и хъэтI зэри-Iэ­жыр, и лэжьыгъэхэм къызэрыт­римыгъэзэжыр, гупсысэ зэращIэ­лъыр икIи щIэщыгъуэ зэращыхъур.
 Декоративно-прикладной гъуаз­джэмкIэ IэпщIэлъапщIэ Лангуровэ Анастасие Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэ­рал университетыр къиухащ. 2005 гъэм щыщIэдзауэ УФ-м и Сурэ­тыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Мы зэманым ар Кисловодск щопсэу икIи щолажьэ. И IэщIагъэм зэры­пэрыхьэрэ, дунейпсо, урысейпсо, щIыналъэпсо гъэлъэгъуэныгъэ ­60-м щIигъум и лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, Санкт-Петербург, Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм хыхьэ къалэхэм езым хухаха гъэлъэгъуэныгъэ 14 щекIуэкIащ. Урысейм, Японием, Европэмрэ Америкэ Ищхъэрэмрэ хыхьэ къэралхэм щыпсэухэм ящыщу Анастасие и IэдакъэщIэкIхэм дахьэххэм и лэжьыгъэхэр ящэху. 
Лангуровэ Анастасие фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ и лэжьыгъэхэр зигу дыхьэхэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIащ гъуазджэм и лэжьа­кIуэхэмрэ абы дихьэххэмрэ. Налшык къалэм щыпсэухэмрэ ди хьэ­щIэхэмрэ тыгъэ къыхуащIа гъэлъэгъуэныгъэр шыщхьэуIум и кIэух пщIондэ екIуэкIынущ.
 ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.