«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей ХьэцIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащIри. А тIум я Iуэху бгъэдыхьэкIэр зэщхьэщокI, къагъэсэбэп IэмалкIи, плъыфэкIи, къищIыкI сурэткIи зэмылIэужьыгъуэщ.
ЗэпызыщIар ахэр жыг хадэрщ, ар «щIапщытыкIри», я нэм къыфIэнэхэр псэкIэ зэрызыхащIэр тхылъымпIэм тращIыхьащ. Заирэ и лэжьыгъэхэр акварелкIэ щIащ, Милэ и IэдакъэщIэкIхэр зэрыгъэзэщIар печатым и лIэужьыгъуэщ, ауэ дызэса тедзэкIэм къыщхьэ-щыкI цианотипиерэ нэху трегъэдзэкIэ Iэмалымрэ къигъэсэбэ- пащ.
ЯтIэ гъэжьам елэжь, график, сурэтыщI ХьэцIыкIу Милэ 1988 гъэм Налшык къалэ къыщалъхуащ. И щIэныгъэкIэ филологщ, зэрыса-бий лъандэрэ сурэт техыным, абы ехьэлIа нэгъуэщI Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэм дахьэх. 2015 гъэ лъандэрэ ятIэ гъэжьам йолэжь, 2019 гъэм щегъэжьауэ абы хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэщIыкIыным хуегъасэ. Печать Iэмалым къыпхуигъэтIэсэну хъуар фIэгъэщIэгъуэнщи, ахэр едж.
Жэбалы Заирэ 1991 гъэм Налшык къыщалъхуащ. 2011 гъэм къиухащ КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжыр, «Щыгъыным и дизайн» IэщIагъэр иIэу. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетми и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ (2016 гъэ). 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ гъэлъэгъуэныгъэхэм, фестивалхэм жыджэру хэтщ. Лэчымрэ къэрэн-дащымрэ, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщIаху дагъэр къегъэсэбэп, щIыуэпсым «къыхэтэджыкI» теплъэхэм я зэхэлъыкIэр сурэту къыщигъэлъагъуэкIэ.
- Заирэ сэрэ ди анэхэм яIэщ зэрызыбгъэщIагъуэ хъун хадэ цIыкIу. Гу щытхуэну зэманыр къызэрыдэмэщIэкIым къыхэкIыу, абы ди нэгу щыщIэкIхэр ди Iэзэгъуэ зыхэлъ гуэркIэ къэдгъэлъэгъуэну мурад тщIащи, къыдэхъулIамэ ди гуапэщ, - жеIэ Милэ. - Сэ си Iэмалхэр сурэтым нэхъ и гъунэгъущ. ЩIыхуу плъагъухэр цианотипие жыхуэтIэращ. Тхылъым-пIэм химие ткIуаткIуэ щызохуэ, удз гъэгъахэр тызогуашэри дыгъэм хызолъхьэ. Дыгъэр зылъэмыIэсар сырыхуу къонэ, адрейуэ абы «игъэжьар» щIыху-къащхъуафэ мэхъу. Мы Iэмалым илъэс хъуауэ сролажьэ. Абстракцэм нэхъ и гъунэгъущ си сурэтхэр. Заирэ ейхэр егугъущэу тхьэмахуэкIэ ищI защIэу, пэщэщэну, дэтхэнэ зы пхышари плъыфэри егугъупэу къыхихмэ, сысейхэр нэхъ пIащIэрыщIэщ, дакъикъэ 15 - 20-м хьэзыр мэхъу. Я Iуэху щхьэхуэщ мо сурэт нэхъ гъуэжь-сырыхухэм. «Авито» интернет-тыкуэным къыщызощэху зи пIалъэр икIа, совет лъэхъэнэм сурэт трахахэр зытрадзэу щыта тхылъымпIэхэр. Ахэри нетIэ зи гугъу пхуэсщIам хуэдэу дыгъэ тебгъапсэурэ пщIы хъууэ аращ, ауэ зэману нэхъыбэ, сыхьэт зыбжанэ ехь. Мыбыхэм зыгуэри щыпхуэркъым, удзхэр теплъхьа иужь, абджкIэ кIэрыбокъузэри, дыгъэм дыболъхьэ. Мыхэр птхьэщI хъуркъым, узы-хуейр къытребгъэдза иужь, ар зэрыщIэбгъэбыдэ ткIуаткIуэ щыбохуэжри зэфIэкIащ.
И адэ-анэм къыдаIыгъ и Iуэхур Милэ. Сабийхэр и анэм и гъусэху кърехьэжьэри, и гукъэкIыр тхылъымпIэм къытренэ. «СызэрыIэбахэр стхьэщIыжу пщIантIэм сыдэту папэ къыдыхьэжа иужь, фIэгъэщIэгъуэну сщIахэм йоплъ. Ар къару къысхэзылъхьэ зы Iуэхугъуэщ», - жеIэ Милэ и гукъыдэжыр къэзыIэтхэм щытепсэлъыхькIэ. ЕгъэджакIуэу лэжьа и анэращ гъуазджэм дезыгъэхьэхауэ къилъытэр хъыджэбзым. Сыт хуейми къыхуищэхуу, и Iуэху къыдиIыгъыурэ, гъуэгу къритащ, IэпэIэсагъэм хэша хъуащи, иджы ар и гъащIэ гъусэщ.
ЦIэ гуэр яфIэщауэ щыткъым сурэтхэм щытлъагъухэм, сыту жыпIэмэ къэкIыгъэ къыщыгъэлъэгъуахэм я цIэракъым нэхъапэр, атIэ ар цIыхум и нэгум ныбжьу зэрыщIэкIымрэ абы гупсысэу къритымрэщ. Сэ схужыIэнуращи, гукъэкI щIагъуэщ абыхэм къапкърыкIыр, нэр ягъэгуфIэу, псэр ягъэхуабэу.
Заирэ и лэжьыгъэхэм хэплъагъуэр хадэм и закъуэкъым, атIэ и гухэлъ щхьэхуэхэр, абы кърит гукъэкI гуэрхэр къатощ. Дамыгъэу къищтэри мащIэкъым, удз гъэгъахэм щегъэжьауэ хьэндырабгъуэ, бзу цIыкIухэм я деж нэсыжу. Ауэ дэтхэнэми хэплъагъуэр гумащIагъэщ, хуабагъэщ, щабагъэщ. АпхуэдизкIэ хуэсакъыпэу, дамыгъэ цIыкIу-цIыкIуу зэхэлъу щIащ ахэри, Iэ еIусауэ пщIэркъым.
Зи гугъу сщIа сурэтхэр, мы тхыгъэм и гъусэу флъагъухэри нэгъуэщIхэри, фигу ирихьмэ, къэпщэху хъунущи, феужьэрэкI.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.