Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуауэ. 

«Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем» и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къызэригъэпэща фэеплъ Iуэхум хэтащ щIыналъэ унафэщIхэр, щIэныгъэлIхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, КIуэкIуэ Валерэ и Iыхьлыхэр, щIалэгъуалэр.
Зэхыхьэр зытеухуам ухишэу, пэ­шым япэу узыIуплъэр КIуэкIуэ Валерэ и гъащIэмрэ и лэжьыгъэ ­гъуэ­гуа­нэмрэ упхызыгъэплъ сурэт гъэ­лъэгъуэныгъэрт. Ар къызэригъэпэщат Сабий творчествэмкIэ рес­пуб­ликэ унэм. Гъэлъэгъуэныгъэм щIыналъэм и тхыдэри къы­хэ­щырт: газыр бгырыс жылэхэм нэ­гъу­нэ зэрынагъэсам щегъэжьауэ, КIуэкIуэ Валерэ лэжьыгъэ IуэхукIэ цIыху цIэрыIуэхэм зэраIущIам щы­щIэкIыжу. Яхэтщ абыхэм Урысейм   и Президент Путин Владимир КIуэ­кIуэ Валерэ и анэм щыIущIа махуэм траха фэеплъ сурэтри. 
Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъазэри, республикэм и пашэу щы­-та цIыхушхуэм и фэеплъым пщIэ ­хуащIу Iуэхум зэрызыкърагъэ­хьэ­лIам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ ­­УФ-м и Президентым лъэпкъ зэхущы­ты­кIэхэмкIэ и советым хэт, «Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем» и ­Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэ  ­къу­дамэм и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъуро­къуэ Хьэутий. 
АдэкIэ псори зэгъусэу еплъащ ­гукъэкIыжрэ гъащIэ гъуэгуанэ куу­кIэ гъэнщIауэ КIуэкIуэ Валерэ трау­хуа «Уи лъэпкъыр фIыуэ лъагъун» фильмым. Лэжьыгъэм и кIыхьа­гъ­кIэ зы гупсысэ пхышауэ жыпIэ ­хъу­нущ: ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щытам и гъа-       щIэр цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм зэ­­рыт­риухуарщ. ИпэкIэ плъэфу щы­та пашэм абы щыжеIэ: «Республикэм къэкIуэну дахэ зэриIэнур си фIэщ мэхъу. Ди цIыхухэр гуащIа­фIэщ. Ди зэкъуэтыныгъэмрэ еры­ща­гъымрэщ дызыхуейр, мурадхэр къыдэхъулIэн папщIэ!». Зи гупсы­сэ­хэр фIыуэ лэжьэным, псэукIэр егъэ­фIэкIуэным теухуауэ щыта цIыху ­Iущым къэкIуэнур зыхилъагъуэр щIы­налъэм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэрт, зэхущытыкIэфIхэрт. «Жыгыр щыгъагъэр и лъабжьэр быдэу щыщытырщ. Дэри зы лъабжьэ диIэу дызэкъуэту зыужьыныгъэм дыхуэкIуэн хуейщ», - щыжеIэ КIуэкIуэ Валерэ фильмым. Абы и псалъэхэм пщIэ зэриIар, и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм щIыналъэр гъуэ­гуфI­кIэ зэриунэтIар фильмым къегъэлъагъуэ. Унагъуэ лъапIэныгъэ­хэмрэ анэдэлъхубзэхэмрэ хъумэнми, Хэкур фIыуэ лъагъунми мыхьэнэшхуэ зэраритым щыщIэдзауэ и цIыху щIыкIэу щытам щыщIэкIыжу КIуэкIуэм и къулыкъур нэгъэсауэ ­зэ­рызэрихьар куэдым я гум къинащ. 
ТкIий хуэдэу уIуплъэми, нэхъ цIыкIу дыдэм щегъэжьауэ балигъ­хэми гулъытэ яхуищIыфу, и псалъэм тебгъуэтэжу, цIыху гуапэу зэ­ры­­щы­тар - къызэхуэсахэм куэду яIэт ягу къагъэкIыжын.  
Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэ­рагъэувар къэплъытэмэ, КIуэкIуэ Ва­лерэ и илъэс 85-м ирапха фэ-еплъ Iуэхухэри зэрырагъэкIуэкIым и мыхьэнэр нэхъ ин зэрищIыр. «КIуэ­кIуэ Валерэ ди щIыналъэм и зыу­жьыныгъэм, къэкIуэнум ехьэлIауэ иIа мыхьэнэр зыми ящыгъупщакъым, сыту жыпIэмэ ар зи псалъэм тебгъуэтэж, IуэхукIэ щIэзыгъэ­бы­дэ­жыф хэкулIт. Дэ ди къалэн ­нэ­хъыщхьэр абы республикэм и щэнхабзэми политикэми ехьэлIауэ илэжьа IуэхуфIхэм пытщэфынырщ», - жиIащ Сэхъурокъуэм.
КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис республикэм и япэ Президенту щытар игу къыщигъэкIыжым жи-Iащ фильмым Къэбэрдей-Балъкъэрми, къапщтэмэ, къэралми ­­куэд хуэ­зыщIа цIыхум и гъуэгуанэр екIуу къы­зэрыщагъэлъэгъуэжыфар: «ЦIы­­хуфIу, лъэпкъым и пашэу ар зэрыщыта дыдэр ди нэгу къыщIигъэхьэжащ мы лэжьыгъэм. Куэд схужыIэжынущ КIуэкIуэ Валерэ теухуауэ, ауэ нэхъыщхьэ дыдэу къыхэзгъэщынут абы и Хэкур гурэ псэкIэ фIыуэ зэрилъэгъуар. Абы щхьэкIэ ар сыт щыгъуи ди гум илъынущ».
Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт къызэхуэсахэм яжриIащ жылагъуэр сыт хуэдэу лъэрызехьэу илъагъуми, ар щы­зэкъуэхум деж и къарур зэры­фIэ­кIуэдыр, насыпыншагъэ къы­зэ­рыдэкIуэр. «Ар фIыуэ къыгурыIуэу и къулыкъум пэрытащ нобэ дигу къэдгъэкIыж цIыху пажэр. КIуэкIуэ ­Валерэ сыт щыгъуи зыхущIэкъуар лъэпкъыр зэрызэкъуэтынырщ, Урысейм хэту щIыналъэм зыкъегъэIэ­ты­нырщ. Нобэ ди республикэр ефIа­кIуэу зэрытлъагъум абы и гуащIэш­хуэ хэлъщ. Зэман зэмылIэужьы­гъуэхэм щытыкIэ зэхуэмыдэхэри щыI­ащ, ауэ КIуэкIуэ Валерэ хузэ­фIэ­кIар дэтхэнэми ди гум къинэнущ. Абы илэжьа IуэхуфIхэм КIуэкIуэ Казбек пищэну, республикэр мамыру, лъэпкъхэр дызэгурыIуэу ды­зэ­дэпсэуну ди гуапэщ», - жиIащ къэпсэлъам.
Архиепископым Iуэху гуапи игъэ­зэщIащ - абы «Урысейпсо чыристан члисэм и тепщэм къыбгъэдэкI фIы­щIэ» медалыр иритыжащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий игу ­къигъэкIыжащ республикэм и япэ Президентым и Iуэху бгъэдыхьэкIэу щытам щыхьэт техъуэ, цIыхугъэу хэлъар къэзыгъэлъэгъуэж Iуэху­гъуитI. «Совет Союзыр щылъэ­лъэ­жым абы кърикIуа Iуэхугъуэхэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрми къылъэIэсат, цIы­хухэр уэрамхэм къыдыхьат. Ап­хуэдэ зы махуэу цIыхубэр Правитель­ст­вэм и Унэм и гупэм щызэхуэсам, КIуэкIуэ Валерэ дызэхуишэс-ри, зэрызыххэу къыдэупщIат цIы­ху­хэр зэбгредгъэхужыным теухуауэ къы­дэчэнджэщу. Дэтхэнэми и Iуэху бгъэдыхьэкIэм ар едаIуэри, езым Iущагъ зыхэлъ унафэ къищтат, граждан зауэ къэмыхъун хуэдэу. Нэ­гъуэщI зы Iуэхуи сигу къэкIыжащ иджыпсту. Ар цIыху куэдым яIу­щIэрти, апхуэдэу зыгуэрым и щхьэ Iуэху кърихьэлIат республикэм и ­пашэм. ЗэхэгъэкIыгъуейт абы и Iуэхур, уеблэмэ хабзэкIи пхуещIэн щы­­мыIэу. АрщхьэкIэ, абы дыдэ­мы­Iэпыкъуу хъунукъым, жиIэри, хэ­кIы­пIэр къыхуигъуэтыфат. А IуэхугъуитIым къагъэлъагъуэу къысщохъу сыт хуэдэ цIыхуу ар щытами», - жи­Iащ Бердым.
- ХэкулI нэс зэрытхэкIыжар нобэми зыхыдощIэ. Сыт пхужыIэн илъэс 35-м район Iэтащхьэ хъуфа цIыхум, граждан зауэ къэмыхъуу къэзыгъэувыIэфам, жылэ нэхъ пхыдза ды­дэ­хэм газыр нэзыгъэсыфам, нобэр къыздэсым зыми игу имыхум теухуауэ?! Ар цIыху къэмылэнджэжт, къырым хуэдэу щытауэ жыпIэ хъунущ. Си щхьэкIэ срогушхуэ ар зэ­рысцIыхуам. Абы и IуэхущIафэр щIэблэм хащIыкIын хуейуи къызолъытэ, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм политикэ кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн.
«Пщэдджыжьыпэм Iуэхугъуэ куэд зэфIигъэкIарэ (сыхьэтиплIым мэ­къуауэхэм яхыхьэрэ, жылэдэсхэми еп­сэлъэну хунэсауэ) сыхьэтийм ирихьэлIэу ар и лэжьапIэ пэшым щIэсу зэрыщытам куэд къыбжиIэу къысщохъу. КIуэкIуэ Валерэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди щIыналъэр ефIэкIуэным икIи хузэфIэкI къигъэнакъым. Абы къехъулIащ цIыхубэм яхуэлэжьэныр, унафэ пэжхэр къищ­тэныр. ЦIыхур псэущ абы и фэ­еплъыр яхъумэху. Апхуэдэу КIуэкIуэ Валерэ ди гум илъщ. ЦIыху псори дызэщхькъым, ауэ абы хуэдэ гъуэ­гугъэлъагъуэхэр щыдиIакIэ, дэтхэ­нэми къыдгурыIуэу къысщохъу мамыру, дызэгурыIуэу дяпэкIи дызэдекIуэкIын зэрыхуейр», - жиIащ ­КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Сыжажэ Алим. 
КIуэкIуэ Валерэ цIыхубэм фIыуэ зэралъэгъуамрэ пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытамрэ теухуа я гукъэ­кIыж­хэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ КъБР-м и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, «Эльбрусоид» фондым и Налшык къудамэм и унафэщI Анаев Марат, Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Литвинов Роман, «Сябры» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Сидорук Павел, нэгъуэщIхэри. Дэтхэнэми къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Валерэ псом япэу хэкупсэу, цIыхубэм я къэкIуэнум егупсысу зэрыпсэуар. 
КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу яуса тхыгъэхэм зэхыхьэм къыщеджащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iущ­хэм­рэ Iущыцэхэмрэ» олимпиадэм щытекIуахэу Мэрзей Самирэрэ Къал­мыкъ Лаурэрэ. 
БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.