Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр. Режиссёрыр Ставрополь щыщ журналист, сценарист Исаевэ Кристинэщ. Ар ягъэхьэзыращ «Туризм и гостеприимство» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу.
Фильмым щIидзэным и пэ къихуэу, IуэхущIапIэм и япэ къатым щагъэлъэгъуащ республикэм и къалащхьэм и тхыдэм теухуа сурэтхэр. КъинэмыщIауэ, абдеж утыку къыщрахьащ инженер, дизайнер Битокъу Владислав и архитектурно-художественнэ макет цIыкIухэр щызэхуэхьэса «Дома, которые помнит Нальчик» выставкэр.
Туристхэм зыщаплъыхьыну яфIэфI, щIыуэпсым и дахагъэрэ къулеигъэкIэ бей ди щIыпIэхэр мыхъуу, лэжьыгъэм нэхъыбэу къыщыгъэлъэгъуэжар къалэдэсхэмрэ абыхэм я псэукIэмрэщ. Дакъикъэ 30 хъу лэжьыгъэм и курыхщ налшыкдэсхэм хьэщIэ зэрафIэфIымрэ абы пщIэ зэрыхуащIымрэ, я щэнхабзэр, лъабжьэр, тхыдэр, щIэинхэр зэрахъумэр, зыгъэпсэхупIэм зэрызиужьыр, щIыпIэми абы щыпсэухэми хуабагърэ гуапагъэрэ къазэрыпкърыкIыр.
Фильмыр тезыхахэм я мурадыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм и гъащIэр къагъэлъэгъуэжынырщ. Налшык къалэм зегъэужьынымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ махуэ къэс зи гуащIэ езыхьэлIэ, а щыхьэрыр фIыуэ зылъагъу цIыхухэр абы куэду къыхощ. Абыхэм ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр, къалэ администрацэм и Iэтащхьэу щыта Ахъуэхъу Таймураз, къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым и арт-координатор Аккизов Керим, художникхэр, рестораторхэр, хьэрычэтыщIэхэр, нэгъуэщIхэри.
КIуэкIуэ Казбек фильмым къыщыщыпсалъэм къытеувыIащ щIыналъэм и санаторнэ-курорт комплексым зегъэужьыным теухуа мурадхэм, ди щIыпIэм и дахагъэмрэ туризмэм и лъэныкъуэкIэ иIэ Iэмалхэмрэ.
- Журналист IэщIагъэм и фIыгъэкIэ къызэхъулIащ цIыхухэм сепсэлъылIэ-ныр, сыдэзыхьэх гъуазджэ Iуэхуми си зэфIэкI сыщеплъыжыныр. Репортаж нэхъ кIэщI дыдэми зы тхыдэ хъыбар къощIыкI. ГъащIэм и къэхъугъэ щIэщыгъуэ гуэр цIыхухэм я деж зэрынэпхьэсыным сыт щыгъуи ухущIокъу. Режиссёрым и нэкIэ солъагъу Урысейм и къару нэхъыщхьэр - ар абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр зэрыарар. Къэрал дэIэпыкъуныгъэ яIэщ анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, лъэпкъ хабзэр зыхъумэхэм. Ар ди къэралыр нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIхэм ящыщ зы Iуэхугъуэщ, - жеIэ Кристинэ. - Си лэжьыгъэр зытеухуар къэщIэрэщIэжыныгъэмрэ цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэмрэщ. Къалэм щыпсэу дэтхэнэми Iэмал иIэщ ар егъэфIэкIуэным я къару ирихьэлIэну, яIэр яхъумэну, зрагъэужьыну, сабийхэм анэдэлъхубзэкIэ епсэлъэну. Къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм - Ставрополь, Краснодар, Пятигорск сыщыпсэуа нэужь, Налшык сыкъыщыхутащ. Мы къалэм теухуа фильм тесхыну зыкъыщысхуагъазэм, налшыкдэсхэм я зы махуэ къэзгъэлъэгъуэну мурад сщIащ. Абы ущрохьэлIэ зи IэщIагъэкIи, ныбжькIи, дэзыхьэхкIи, Iуэху еплъыкIэкIи зэщхьэщыкI цIыхухэм. Лэжьыгъэр къызэхъулIамэ, ар фигу дыхьамэ, си гуапэщ.
Фильмым и афишэм къат куэду зэтет пасэрей унэхэр къызэрищым цIыхухэр щыщIэупщIэм, Кристинэ жэуап яритыжырт ар щыпсэу фэтэрым и IуплъапIэу зэрыщытыр. Налшык гъатхэпэм къэIэпхъуа режиссёрым къалэр занщIэу игу дыхьащ. Абы зэрыжиIэмкIэ, фIагъ защIэ къэбгъэлъэгъуэныр захуагъэкъым. Апхуэдэу хъуми, Кристинэ къалэр ныкъусаныгъэншэу къелъытэ. Фильмым къыхэщ цIыхухэм къагъэлъагъуэ Налшык къалэм зэрызиужьыр, совет лъэхъэнэм яухуа архитектурэр Iэмал зэриIэкIэ зэрахъумар, зэманым декIу ухуэныгъэщIэхэри зэримымащIэр. Аращ зэманым декIу гъащIэу къалъытэр.
Къалэм и гъащIэм щыщ зы махуэ къыщыгъэлъэгъуэжа фильмым къызэщIеубыдэ пщэдджыжьыпэм къэзыжыхь, лэжьыгъэм пэрыхьэн ипэкIэ кофе ефэ, санаторэм зыщызыгъэпсэху, Iуэху куэд зэфIэзыгъэкI цIыхухэр. Апхуэдэщ зоопаркым и унафэщI, зыпэрыт Iуэхур фIыуэ зылъагъу Забаков Залым, Bazr шхапIэмрэ пасэрей хьэпшыпхэм я тыкуэнрэ зыгъэлажьэ, Налшык къалэр фIыуэ зылъагъу Эшиевэ Малика, нэгъуэщIхэри.
КъыжыIапхъэщ, Исаевэ Кристинэ нэхъапэIуэкIи Кавказ Ищхъэрэм теухуа этнографие, документальнэ фильмхэр («Народы России: Наследники Ногая», «Народы России: Легенды Табасарана», «Российский Кавказ. Три века созидания», «Казаки России: Отечество, вера, традиции», «Большой Кавказ с Олегом Яновским») зэрытрихар. Абы и мурадщ мы лэжьыгъэм иджыри къыпищэу зригъэубгъуну, «Горы возможностей» зи фIэщыгъэ художественнэ фильмыр трихы-ну. КъинэмыщIауэ, Кристинэ и хъуэпсапIэщ Налшык щыщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэмрэ зэфIэкIхэмрэ къыщыгъэлъэгъуэжа лэжьыгъи игъэхьэзырыну. Режиссерым быдэу и фIэщ мэхъу кином купщIэ зэриIэр, абы цIыхухэр зэрызэкъуигъэувэфынур.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.