Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

 Сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуащ дунейм и щIыпIэ нэхъ дахэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щытрахари къызэщIаубыдэу. Абы хагъэхьащ дуней псом щытраха, зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъыта сурэт нэхъыфI 25-рэ. ЩIыпIэ дахэхэмрэ мэзхэм щIэс псэущхьэхэмрэ къадэкIуэу, сурэтхэм щыдолъагъу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэ дахэхэмрэ.

 Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа, ди щIыналъэр къызэрыщ сурэтхэм ящыщщ Кармаевэ Евгение и «Iуащхьэмахуэ», Шатровэ Ольгэ и «Джилы-Су» лэжьыгъэхэр. Выставкэр къызэзыгъэпэщахэм фрагъэблагъэ дунейм и щIыпIэ нэхъ дахэу къалъытэхэм зэпэIэщIэу зыщыфплъыхьыну. Апхуэдэщ пщэдджыжь дыгъэр зытепсэ Куэнгэ псыежэхыр, Ингушетием и бгы уардэхэр, Камчаткэм щыпсэу лъэпкъхэм я  къафэхэр, Алчак щIыпIэм и дыгъэ къухьэжыгъуэр, вымпIухэм я  гъащIэр, нэгъуэщIхэр къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр. 

  Центрым и унафэщI Жаным Саидэ къыхигъэщащ Налшык къалэм щыпсэухэмрэ ди хьэщIэхэмрэ я дежкIэ мы гъэлъэгъуэныгъэр мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ Iуэху дахэу зэрыщытыр. «Моя планета» телеканалым абы фIыщIэ хуищIащ дуней псом, ди щIыналъэм я щIыпIэ дахэхэр щызэхуэхьэса мы сурэтхэр республикэм исхэмрэ ди хьэщIэхэмрэ тыгъэ къазэрыхуищIам папщIэ.

«Моя планета» телеканалым балигъхэми ныбжьыщIэхэми яхуэгъэзауэ егъэхьэзыр дыкъэзыухъуреихь дунейм, хьэршым, тхыдэм я щэхухэм,  дунейм тет лъэпкъхэм, щIыналъэхэм ятеухуа нэтын щхьэпэхэр.

 Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм къыхагъэщащ зэпеуэщIэ шыщхьэуIум и кIэхэм зэрырагъэкIуэкIынур икIи абы сурэттех Iэзэхэри а Iуэхум дихьэххэри я зэфIэкI щеплъыж зэрыхъунур. Зэхьэзэхуэм теухуа хъыбархэм зыщыхэвгъэгъуэзэфынущ «Моя планета» телеканалым и сайтымрэ Интернет сайтхэм щиIэ напэкIуэцIхэмрэ.

 «Моя планета» телеканалым и редактор нэхъыщхьэ Лобашев Роман выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм захуегъазэ гъэлъэгъуэныгъэр къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрри хыхьэу, зэрыщагъэлъагъуэм гукъыдэж къызэрыритым теухуа тхыгъэкIэ.

 - Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм и щIыналъэ нэхъ дахэхэм ящыщщ икIи абы щыпсэу лъэпкъхэм хьэщIэ фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI. Иджырей ди выставкэм щыдогъэлъагъуэ ди лэжьакIуэхэм псом хуэмыдэу щIыуэпсыр щыкъулей Iуащхьэмахуэ уардэмрэ гур зыхьэху Джилы-Сурэ мы гъэм щытраха сурэт щIэщыгъуэхэр, - жиIащ Лобашев Роман. – Ди выставкэр нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIыр щIыуэпсыр, цIыхухэр, хабзэхэр хэдухуанэурэ дуней псом и теплъэр къызэрыдгъэлъагъуэрщ.

Гъэлъэгъуэныгъэр шыщхьэуIум и 3-м щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 3 пщIондэ Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым щекIуэкIынущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.