Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыIэтыр акъылщ

Журт Хьэсэн 1961 гъэм Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и математикэ факультетым щеджащ. Хъы­барегъащIэ IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм Iутащ. 2000 гъэм щы­щIэдзауэ 2026 гъэм и мэлыжьыхь пщIондэ Урысейм и федеральнэ налог IуэхущIапIэм и IэнатIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьащ (пенсэ кIуащ). 
Хьэсэн хэтщ ЩIыуэпсым сурэт тезыххэм я зэгухьэныгъэм, «Свой стиль»­ фотоклубым. 2008, 2011, 2018 гъэ­хэм и сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэригъэпэщащ. Абы те­кIуэ­ны­гъэ къыщихьащ «Урысейм и сурэт нэхъыфIхэр» урысейпсо зэхьэ­зэхуэм (2013, 2014 гъэхэм). «Гъунап­къэншэ Кавказ», «Урысейм и щIы­уэп­сыр» зэпеуэхэми (2020 гъэ) «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» щIыналъэ Iуэ­ху­ми Журтыр пажэ щыхъуащ. 2016 гъэм Котляровхэ Мариерэ Вик­торрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIащ «Птицы Кавказа. Кабардино-Балкария» альбомыр. ЩIыуэп­сым триухуа «Заповедные тропы. Кабардино-Балкария» зыфIища и лэжьыгъэр «Омега-Принт» тхылъ тедзапIэм къыщы­дэ­кIащ. 
2011 гъэм щыщIэдзауэ Хьэсэн дехьэх къуалэбзухэм якIэлъып­лъы­нымрэ абыхэм сурэт ятехынымрэ. Ди зэпсэ­лъэ­ныгъэм щхьэусыгъуэ хуэ­­хъуар ара­щи, гъэщIэгъуэну ды­зы­щIигъэ­дэ­Iуахэм фыщыдог­ъэ­гъуа­зэ. 

- Хьэсэн, иджыблагъэ бзу гъуэтыгъуейхэм ящыщ зы иджыри ди щIыналъэм къыщыбгъуэтауэ зэхэтхащ. Дэнэ щIыпIэ ар здэщыIэр? Сыт хуэ­дэ бзу?
- Мы зэманым видеофильм согъэ­хьэзыр, зы щIыналъэм фIэкIа дунейм нэгъуэщI зыщIыпIи узыщримыхьэлIэ къуалэбзу лIэужьыгъуэхэм ятеухуауэ («эндемик» жаIэ апхуэдэхэм щхьэкIэ). Апхуэдэу Кавказым 3 щыIэу аращ. Абыхэм къатепщIыкIыжауэ ди республикэм иджыри лIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щыIэщ. Ахэр нэхъыбэу къурш лъагапIэхэращ щыпсэур, ауэ лIэужьыгъуэ зытIущыр ди жыг хадэхэми щыплъагъунущ. Зи гугъу сщIы фильмым хэзгъэхьэну къуршбзуущхъуэ («дрозд каменный пёстрый») жыхуиIэр къэс­лъыхъуэрт, Хъулам-Безенги лъэны­къуэм­кIэ сыкIуауэ. Ар сымыгъуэтурэ, бзуупцIэщIыхум («дрозд каменный синий») и абгъуэм, шыр цIыкIухэри исыжу, срихьэлIащ. Ар иджыри къыздэсым Дагъыстэным фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ щыIэу щытакъым. Абгъуэ ищIыжауэ ди деж а бзур къыщыщызгъуэтакIэ, сыщогугъ етIанэгъи, еща­нэгъи ахэр щыIэну. 2011 гъэм щегъэ­жьауэ къуалэбзухэм сурэт ятызохри, Къэбэрдей-Балъкъэрым ипэIуэкIэ зэи щамылъэгъуауэ къэзгъуэта бзухэм ар ящыщщ, епщыкIубланэщ. 
- Бзухэр сакъщ, щтэIэщтаблэщ. Су­рэт абыхэм ятепхыныр, дауи, тыншу къыщIэкIынкъым.
- Бзурэ пэт хьэл зырыз яIэжщ, уеблэмэ зы лъэпкъыгъуэм щыщхэр щы­зэщхьэщыкIыжи щыIэщ. Тынш дыдэу сурэт зытозыгъэхи яхэтщ, языны­къуэхэри мэшынэ. Ауэ, пэжыр жысIэнщи, сурэт тепхыным нэхърэ видеор нэхъ гугъужщ. ЛIэужьыгъуэ гъэщIэ­гъуэн гуэр къыпIэщIэлъэгъуамэ, Iэ­мэп­­сымэр бгъэувыхукIэ, бзур мэ­лъэтэж. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуа­лэбзухэр джыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIауэ щытащ Молэмусэ Хьэжмурат. Ар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, 1967 гъэм илъэс 34-рэ фIэ­кIа мыхъуу, щакIуэ щыIэу зэры­мыщIэкIэ хэкIуэдауэ щытащ, и доктор лэ­жьыгъэр игъэхьэзырауэ пхигъэкIын хуейуэ. Абы ипэкIэ Урысейм къикIыу­рэ бзу лъэпкъыгъуэ зыбжанэм и гугъу ящIа мыхъумэ, ди щIыналъэм ис бзу­хэм ехьэлIауэ абы иригъэкIуэкIа лэ­жьы­гъэм хуэдэ зэи щыIакъым. Ар езыр псэууэ дунейм къытехьауэ щытащ «Птицы Кабардино-Балкарии. Во­робьиные» зыфIища тхылъым и япэ Iыхьэр. ЕтIуанэри игъэхьэзырат, ауэ къыдэкIауэ илъагъуну хунэсыжакъым. 1967 гъэм иужькIэ, апхуэдэу ­куууэ бзухэм нэгъуэщI зыри елэжьауэ сщIэркъым.
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, уэри къы­дэбгъэкIащ ди щIыуэпсымрэ къуалэбзухэмрэ ятепха сурэтхэр щы­зэхуэхьэса тхылъышхуэ. АбыкIэ сыт хуэдэ гупсысэ цIыхухэм я деж нэпхьэсыну ухуейт?
- Зи гугъу пщIы альбомым къуалэбзууэ 157-рэ ихуауэ аращ. Абы псори ит­тхакъым, напэкIуэцI бжыгъэр куэ­дыIуэ хъуныр къэтлъытэри. 2016 гъэм къыдэкIа лэжьыгъэм 150-м я цIэхэр адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи къэз­гъуэтри, къыщысхьащ. Япэм нэхъы­бэрэ а цIэхэр къагъэсэбэпу щытащ. Молэмусэм и лэжьыгъэм къуалэбзу 60-м хуэдизым я цIэхэр адыгэбзэкIэ къы­щызгъуэтащ, Къэрэшей-Шэрджэ­сым и щIэныгъэлI Брат Хьэсин и тхылъ­хэр, нэгъуэщIхэри щIэзджы­кIащ. СызыхущIэкъуар къуалэбзухэм я цIэхэр анэ­дэлъ­хубзэкIэ цIыхухэм къез­гъэ­щIэ­жы­нырщ. 
2019 гъэм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ­ музейм (Налшык къалэ) щекIуэкIа си гъэлъэгъуэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ бзу лIэужьыгъуэу 217-м я сурэт хэзгъэхьауэ щытащ. Абдежи адыгэбзэкIэ зи фIэщыгъэ къэзгъуэта 150-м я цIэхэр щыкIэщIэстхат. Гъэлъэгъуэныгъэ нэужьым, сурэтхэр Зэрэгъыж къуажэм къыщызуха си школым тыгъэ хуэсщIащ. Ахэр ещанэ ­къатым и блынхэм фIадзащи, сабийхэм Iэмал яIэщ абыхэм зыщагъэгъуэ­зэну. ЦIыхуипщI къэс зым нэхъ мыхъу­ми къуалэбзухэр адыгэбзэкIэ зригъа­щIэмэ, ари фIы дыдэщ. 
- Сыт къуалэбзухэм я дунейр уэ гъэ­щIэгъуэн пщызыщIыр? Дауэ щIэб­дза абыхэм сурэт ятепхыныр?
- ЯпэщIыкIэ щIыуэпсращ сурэт те­хыным сызэрыдихьэхар. Зэзэмызи си сурэттехым къуршыбгъэхэр къыщиубыди щыIэт. Ауэ щхьэхуэу къуалэбзу­хэм ятесхыртэкъым. 2011 гъэм Шэ­д­хъурей­ сыщыIауэ сыкъыздэкIуэжым, абдеж псыежэх цIыкIу иIэти (зы зэман ­гъужри, зыкъомрэ ар щыIэжакъым, иджы мы гъэм зэ, тIэу абыкIэ сыкIуа­ти, къежэхын щIидзэжащ), псы инам бзу гуэр тесу къэслъэгъуащ. СыкъэувыIэри, сурэт тесха хъуащ. Сеплъыж­ри, сфIэдахэ хъуати, интернетым бзу цIыкIум и сурэтыр къислъхьащ. Ар орнитологхэм къалъагъури, яфIэгъэ­щIэгъуэн хъуащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм зэи щамылъэгъуа бзут. Зэрыхабзэу, «плосконосый плавунчикыр» Сыбырращ щып­­сэур. Ростов щыщ щIэныгъэлI цIэ­рыIуэ, профессор Белек Виктор зыкъысхуигъэзащ абы теухуауэ тхыгъэ дгъэхьэзыру журналым еттыну. Апхуэдэу а бзум теухуауэ тхылъхэм еджэн щIэздзэри, мы Iуэхум сыдихьэхащ. Иджы сыт хуэдэ бзур дапщэщ къэлъатэми лъэтэжми, дэнэ щIыпIэ сыт хуэдэ бзу ущрихьэлIэми фIыуэ сыщыгъуазэщ. 
Къуалэбзухэр псэущхьэ дахэщ. ЗэрыжысIауи, бзу къэс хьэл зырыз яIэжщ. Абыхэм я дахагъэм уеплъурэ щхьэ­хуимыту уогупсыс: апхуэдиз плъы­фэ зэмылIэужьыгъуэхэр апхуэ­дэу зэкIуу дауэ къигъэщIа ахэр жы­пIэу.
- Къуалэбзум сурэт ятепхын щхьэ­кIэ, шыIэныгъи щIэныгъи уиIэн ­хуейщ. Дауэ зыхуэбгъэхьэзыррэ ап­хуэдэ уи «зекIуэхэм»?
- Нэхъ ипэхэм, дауи, хэсщIыкIыртэкъым ахэр къыщыслъыхъуэнум, абы къыхэкIыуи гугъут. Илъэсищ-плIы ­дэ­кIа нэужьщ, ди щIыпIэм щыпсэу бзу лIэужьыгъуи 100 щризгъэкъуар. Иджы­п­сту илъэс къэс Къэбэрдей­-Балъкъэрым 200-м нэсым сурэт щы­тызох. 
- Хьэсэн, пщэдджыжьым лэжьапIэм ущIэсауэ, шэджагъуэм сурэттехыр пIыгъыу къуршым укъыщихута къэхъуа къыщIэкIынщ.
- Нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэр а къурш бзухэращ. Абыхэм яхэтщ Кавказым нэмыщI, нэгъуэщI щIыпIэ щумылъагъуну бзу хьэлэмэт куэд. Апхуэдэщ, пса­лъэм папщIэ, мысырджэдыр («кавказский тетерев» жыхуаIэр). Ар ад­дэ лъагэу, мини 2500-м къы­щы­щIэдзауэ нэхъ ищхьэжкIэщ здэщыIэр. Мысырджэдыр я бжыгъэкIи куэд ­хъуркъым, итIанэ лъагэIуэу мэлъатэри, мащIэщ сурэт тезыхыфыр. Пщэд­джыжьым фIэкIа шэджагъуэ­хэм гъунэгъуу узыбгъэдагъэхьэнукъым. Аращи, нэхущым уежьэу, сы­хьэтитхум ирихьэлIэу бгым унэсу удэкIуеин ­хуейщ. КъищынэмыщIауэ, къурш гуэгушри («улар») мини 3, мини 3-рэ ныкъуэкIэ бгым лъагэу итщ. Ди къуршым ущрохьэлIэ цIу­жьо­мэми (кавказская пеночка). Щы­ри ди деж фIэкIа щомылъагъунухэм ящыщщ. 
Абыхэм къищынэмыщIа, «эндемичнэ подвид» жыхуаIэхэри щыIэщ. Ап­хуэдэхэм УрысеймкIи ущрохэлIэ, ауэ ди щIыпIэм щыIэхэмрэ абыхэмрэ я плъыфэкIэ зэщхьэщокI. Псалъэм папщIэ, ди жыг хадэхэм ис къэбцIацIэм («поползень») и бгъэгур зэрыщыту плъыжьщ, УрысеймкIэ щыIэхэм плъы­жьыгъэ зыхэтыр я кIапэращ. Ахэр къэIэпхъуа нэужь, апхуэдэу ди щIыпIэм щыпсэуурэ, адрейхэм къащхьэщыкI хъуащ. Ар гъэщIэгъуэнщ. ИтIанэ бзу хьэлэмэт куэд щыIэщ Прохладнэ районым хыхьэ Приближнэ жылэм, Май щIыналъэм я гуэлхэм. Налшык къалэм ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и закъуэ къащти, бзу зэ­мылIэужьыгъуэу 60 хуэдиз абы щы­Iэщ. ЩIымахуэм Урысейм и щIыналъэхэм къиIэпхъукIыурэ куэдым а лъэхъэнэр ди щIыпIэм щрах. 
- Къуалэбзу гъуэтыгъуейхэр хъу­мэ­ным, нэгъуэщI щIыпIэ щымыIэхэм зегъэубгъуным теухуауэ лэжьыгъэ гуэр екIуэкIыу пIэрэ?
- Зи цIэ къисIуа профессор Белекыр си гъусэу, мы гъэм тхылъ къыдэдгъэкIащ Къэбэрдей­-Балъкъэрым зэ нэхъ мыхъуми щалъэгъуа бзу лъэпкъ 310-рэ иту («Видовой состав птиц КБР» - аращ и фIэ­щыгъэр)­. Тхылъым и бжыгъэр мащIэ ды­дэщ, ауэ библиотекэхэм щIэ­­­лъы­нымкIэ уасэ имыIэу къысщохъу. Ап­хуэдэу тхылъ къыдэдгъэкIыху, тхыгъэ дгъэхьэзырыху къуа­лэбзум я дунейм цIыхухэри нэхъ щыгъуазэ мэхъу, бзу лъэпкъыгъуэ нэхъ мащIэхэр кIуэды­нымкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм гу лъыдогъатэ. Псалъэм папщIэ, «белог­лазый нырок»-р дуней псом мащIэ щыхъуауэ Тхылъ плъы­жьым ихуащ. 2019 гъэм япэу апхуэдэ бзу Май щIыналъэм сэ сыщрихьэлIауэ­ щытащ, шыр цIыкIухэр абдеж къыщ­ришауэ. ИлъэсиплIкIэ а бзу унагъуэм сфIэгъэщIэгъуэну сыкIэлъыплъу, су­рэт ятес­хыу секIуэкIащ. Ауэ гуэлыр ирагъэжри, згъуэтыжакъым. Май щIы­налъэм нэгъуэщI гуэлышхуэ иIэщ, бабыщ зэмылIэужьыгъуэ куэд тесу. Абы бабыщпэплъ («красноно­сый нырок») япэу къыщызгъуэтащ, шырхэр щIэсу. АрщхьэкIэ лъэпощхьэпор сыт жы­пIэмэ, иджыпсту мотор зытет кхъуа­фэжьейхэр куэду къагъэсэбэп хъуащи, абыхэм я макъым къуалэбзур егъащтэ, щIыпIэм йоIэпхъукI. Гъатхэм бзухэм я гъуэлъыжы­гъуэм ахэр дгъэмащIэу щытамэ, сэ­бэпышхуэ хъунут. ЖысIэнуращи, гуэ­лым бзу куэд дыдэ щыгъуалъхьэу, къыщ­рашу щытащ, мы гъэм мащIэ ды­дэщ къэнар. Гуры­Iуэгъуэ хъун щхьэ­кIэ: Май районым гуэл зыщыплI иIащ, нобэ зы щыIэжу аращ - адрейхэр ирагъэжащ. 
- Апхуэдиз бзу дахэм нэхъ яхэбгъэ­фIыкIыу зыгуэр уиIэ, Хьэсэн?
- ЗыпэсщI щымыIэу фIыуэ солъагъу къуршыбгъэхэр. ИтIанэ бзууплъри («боль­шая чечевица») къызэры­мы­кIуэу сфIэдахэщ, ари къуршым лъагэу щопсэу. Иужьрейр тхьэрыкъуэ е ныбгъуэ хуэдиз хъугъэнщ. Къапщтэ­мэ, дэтхэнэ бзуми езым и дахагъ иIэжщ. 
- Я IэнатIэ нэхъыщхьэм къыдэ­кIуэу, мис уэ пхуэдэу я гумрэ я псэм­рэ фIэфI Iуэху гуэрым щIэ­хъуэп­су, ауэ темыгушхуэфхэм сыт хуэдэ чэнджэщ ептынт? 
- ЩIэдзэгъуэращ хьэлъэр. Дэ сыт щыгъуи зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр къы­зэрысу, бгым дызэрыкIуэным иужь диту щытащ. Утемыгушхуэурэ зэманыр бгъакIуэмэ, укIэлъысыжынукъым иужькIэ. Сэ къапщтэмэ, щIы­уэпсыр фIыуэ щыслъэгъуар куэдкIэ нэхъ ипэжщ. Сызэрысабий лъандэрэ псыгуэным дыкIуэу щытащ, абы нэ­мыщI Зэрэгъыж мэзышхуэрэ мэз цIыкIурэ диIэщ. Мис а мэз цIыкIум сыт хуэдэ жыгыр дэнэ деж къыщыкIми сщIэуэ сыкъэхъуащ. АпхуэдизкIэ абы сыщIэтыну сфIэфIти, пщэдджы­жьым щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху зэманыр абы щызгъакIуэрт. Иджыпсту зэрытлъагъущи, Урысейм и щIыналъэхэми хамэ къэралхэми къикIыурэ ди щIыпIэм куэдым зыщап­лъыхь, ауэ дэ езым ди цIыхухэм мащIэщ а дахагъэхэр зэзыгъэлъагъур. Гугъукъым, пэжкъэ, машинэм уитIыс­хьэу (мы зэманым дэтхэнэми иIэщ ар) ди щIыуэпс дахэр зэбгъэлъагъуну?! Плъагъуращ уи къэухьым зезыгъэу­жьыр. Псалъэм папщIэ, Новгород Ищхъэрэ нэс къикIри, зы бзылъхугъэ (Романовэ Екатеринэ) Налшык къэ­кIуауэ щолажьэ. Ари дехьэх бзухэм сурэт техыным. Абы зыкъыщысхуигъа­зэм, ди щIыпIэм бзухэр нэхъыбэу здэ­щыIэхэр езгъэлъэгъуащ. НэгъуэщI гупхэри ЕсэнтIыгу, Санкт-Петербург, Москва къикIыурэ къокIуэ. Абыхэми ди къуршхэм сурэт щытрах.
- Зэман гъунэгъум уи гъэлъэгъуэ­ны­гъэ дыпэплъэ хъуну?
- Сызыхэт «Свой стиль» сурэт клубым ХьэтIохъущокъуэ жыг хадэм мазэ къэс выстакэхэр щрегъэкIуэкIри, шыщхьэуIум и кIэм си гъэлъэгъуэныгъэ абдеж къыщызэдгъэпэщыну ди му­радщ. Ар нэхъыбэу зытезухуэнур ди щIыналъэм и щIыуэпсращ.
- Упсэу, Хьэсэн. Тхьэм ухущIигъэ­хьэ!
Епсэлъар 
БАГЪЭТЫР Луизэщ.  

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.