КъБКъУ-м и медицинэ академием щекIуэкIащ лышх узыфэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм ягъуэтын хуей дэIэпыкъуныгъэм теухуа япэ щIыналъэзэхуаку щIэныгъэ-практикэ конференцэ. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм, Санкт-Петербург, Тбилиси къикIа онкологхэр, радиологхэр, реабилитологхэр, щIэныгъэлIхэр.
КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и проректор, ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием хэт Хьэшыр Светланэ зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм еIэзэным, абыхэм я узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ иIэн папщIэ, медицинэм и IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэр зыхэт зэIущIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
«Терапевтхэр, хирургхэр, реабилитологхэр зэгъусэу унэтIыныгъэм щыIэ гугъуехьхэм зэрытепсэлъыхьым хэкIыпIэщIэхэр къигъэнэIуэнущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр лъэпкъ проектхэм къагъэув къалэнхэми поджэж. Нэхъыщхьэр сымаджэм и узыншагъэр зэтеувэжыху игъуэт дэIэпыкъуныгъэрщ: абы еIэзэным деж щегъэжьауэ гукъыдэж иIэу жылагъуэм хэзэгъэжыным нэсыху гулъытэ хуэщIынырщ. Шэч къытесхьэркъым, зэфIэкI пэрытхэмкIэ зэхъуэжэныр узым текIуэнымкIэ хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэхъунум», - жиIащ Хьэшыр Светланэ.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам хьэщIэхэм зэрызахуигъазэм къеджащ абы и къуэдзэ Хьэщхъуэжь Борис.
«Онкологие IэнатIэм нобэ щызэфIагъэкIыр узыр къэхутэнымрэ ар зыпкърытым еIэзэнымрэ и закъуэкъым, атIэ сымаджэм къыпэщылъ Iуэху псори зэфIэкIыху дэщIыгъущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм щытыкIэр нэхъ тынш къащещI. ЩIыналъэм IэнатIэм и инфраструктурэм зыщыдогъэужь, иджырей мардэхэр лэжьыгъэм къыхыдогъэхьэ. Ауэ медицинэм гъунапкъэ иIэкъым, абы къыхэкIыуи зэфIэкIхэм-кIэ зэхъуэжэныр Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэ Iэмал хъарзынэщ. Шэч къытесхьэркъым конференцым къыщаIэтахэм япкъ иткIэ къащта унафэхэр къэралым онкологие дэIэпыкъуныгъэм зыщиужьынымкIэ хэлъхьэныгъэфI зэрыхъунум», - щыжеIэ министрым и зэрызыхуигъазэм.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и IэщIагъэлI-онколог АфIэунэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и онкологие IэнатIэм щыщыIэ щытыкIэм. Абы къыхигъэщащ республикэм Лышх узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ и диспансерым инфраструктурэ лъэщ зэриIэр, блэкIа илъэсым фIагъ зиIэ дэIэпыкъуныгъэ зыгъуэтахэм я бжыгъэм зэрыхэхъуар, иджырей диагностикэ Iэмэпсымэхэм я фIыгъэкIэ иджы узыфэхэр нэхъ псынщIэу и чэзум къазэрыхуэхутэр. Апхуэдэу АфIэунэм жиIащ республикэм мыгувэу Лышх узыфэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым и унэщIэ къызэрыщызэIуахынур.
АдэкIэ конференцым и лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIащ «стIол хъурей» жыпхъэм иту. Зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ сабий онкологием, узыр и чэзум къэхутэнымкIэ, абы зэрызиубгъум упэщIэтынымкIэ щыIэ IэмалыщIэхэм.
IэщIагъэлIхэм и гугъу ящIащ ПЭТ-КТ-мрэ ОФЭКТ-КТ-мрэ къызэрагъэсэбэп щIыкIэхэм, МРТ, УЗИ къэхутэныгъэхэм, дерматоскопием и бгъэдыхьэкIэщIэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэри зэпкърахащ. Къыхагъэщащ сымаджэхэм я узыншагъэр зэфIагъэувэжын папщIэ Налшык курортым и щIыуэпс хущхъуэхэр къызэрагъэсэбэпыфынум. Апхуэдэуи сымаджэщхэмрэ реабилитацэ центрхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм зэрызрагъэубгъунури яубзыхуащ.
IэщIагъэлIхэм я мурадщ зэхыхьэм къыхаха чэнджэщхэмрэ лэжьыгъэ и пIалъэ къащIахэмрэ Кавказ Ищхъэрэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щегъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ я IэнатIэхэм къыщагъэсэбэпыну. Конференцэм хэтахэм сертификатхэр иратащ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.