ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ. Лъэпкъым зы щэнхабзэ хъугъуэфIы­гъуэ иIэмэ, «Адыгэ псалъэр», шэчыншэу, абы хэлъытэн ­хуейщ. ­Газетым лъэкIар къыпхуэмыIуэтэну инщ: ар адыгэ псалъэм и пщIэр къэIэтыным, лъэпкъ гупсысэр узэщIыным, жылагъуэм и дуней лъагъукIэм зегъэубгъуным толажьэ. Дунейм къытехьа къыдэкIыгъуэ мин 25-м къагъэлъэгъуэжыр махуэкъэс къэхъу­гъэу адыгэ дунейм къыщекIуэкIахэм я закъуэкъым. Газетхэм яхэплъэгъуэнущ адыгэбзэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр: къы­зэрыгуэкI жыIэкIэм и къупхъэм къикIыу тхыбзэ зэгъэпэщам и щапхъэм зэрыхуэкIуар, псэлъэкIэ зэмыщхьхэр бзэм къы­зэ­рыхэхъукIар, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм епха фIэщыгъэхэр зэрызэфIэувар, нэгъуэщI куэдри. ЖыпIэнуращи, «Адыгэ псалъэр» зэрыщыту тхыдалъэщ, арагъэнущ абы и хъугъуэфIы­гъуэ­щыр зэгъэпэщыныр  фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхугъуэу къы­щIэт­лъытэри.

«Адыгэ псалъэ» газетым и архивыр зэгъэпэщыныр къызы­хэ­кIар тхылъымпIэ къыдэкIыгъуэ­хэр зэуIу щIауэ зы щIыпIэм щы­зэхуэхьэсын хуей гупсысэм и закъуэкъым, атIэ лъэпкъым и тхы­дэр зыхъумэ гуащIэдэкIыр мы­кIуэдыжу къызэрызэтенапхъэ­ми теухуащ. Илъэс бжыгъэхэм зи фэр гъуабжэ ящIа газетхэм я дэтхэнэ зыри къыпхуэнэн къудейр зихуэдэ щымыIэ фIыгъуэшхуэщ. ТIорысэ хъуа газетхэр къыщыпщтэкIэ, ахэр къыщыдэкIа лъэхъэнэм и акъужьыр къыплъэIэсу къыпщохъу, зэрытрадза щIыкIэм ущеплъкIэ, хьэрфыпкъ-хьэр­фып­къ­кIэрэ къыхахыурэ зэры­бым изылъхьа цIыхухэм яIа гузы­хэ­щIэхэм уапкърышасэу къып­фIощI.
«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм деж къыщызэдгъэпэщ архивым къызэщIикъуэну дыщогугъ 1921 гъэм къыдэкIыу хуежьа «Къэбэрдей Плъыжь» («Красная Кабарда») газетым къыщыщIэ­дзауэ ди нобэр къыздэсым дунейм къытехьа газетхэм я къы­дэкIы­гъуэ псори. УзэщIакIуэ гуащIэу хэ­лъыр къэгъэнауэ, лъэпкъ гуп­сысэм и зыужьыкIэ хъуар къэ­зыхутэжыну хуейхэм дежкIэ дэтхэнэ зыми мыхьэнэшхуэ зэриIэм шэч хэлъкъым.
Лъэхъэнэхэм я зэблэкIыгъуэм ирихьэлIэу дунейм къытехьа «Къэ­бэрдей плъыжь» («Красная Кабарда») газетым и къыдэкIыгъуэхэр щыхьэт тохъуэ щIыналъэм тхыбзэм зыщиужьу, абы епха щэнхабзэр щызэфIэувэу зэры­хуежьам. Ауэ, нэхъыщхьэращи, япэ къыдэкIыгъуэхэм къыщы­щIэ­дзауэ газетыр иужь ихьащ лъэпкъым и дуней лъагъукIэр утыку къызэрырихьэным, абы хэлъ щхьэхуэныгъэхэм цIыхухэр ирип­сэлъэну Iэмал зэрариты­ным. Газетыр къэпщта нэужь, Iуп­щIу хыболъагъуэ зыхэт дунейм и бзэкIэ ар цIыхубэм епсэлъэну зэ­рыхущIэкъур. ЖыпIэнуращи, иджы­рей лъэпкъ интеллигенцэм, щIэныгъэм, лъэпкъ щIэжым я лъабжьэ быдэщ газетым и зэ­хуэхьэсыгъуэхэр, ар илъэс пщIы бжыгъэхэм къриубыдэу журналистхэмрэ узэщIакIуэхэмрэ къалъыхъуа икIи къагъуэта иджырей Iуэху еплъыкIэ Iэджэми я ублапIэщ. «Къэбэрдей плъыжьым» и къыдэкIыгъуэ куэд ди нобэхэм къэмысу кIуэдыжащ е гъуэты­гъуей дыдэ хъуащ. Къэнахэм траха сурэтхэр архивым щызэхуэ­хьэ­сы­ныр «Адыгэ псалъэм» зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм и Президиумым 1924 гъэм мазаем и 23-м къищта унафэм ипкъ иткIэ газетым и цIэр «Къэрэхьэлъкъ» («Карахалк») фIэщыгъэмкIэ зэрихъуэ­кIащ. Мы лъэхъэнэм лъэпкъыбзэр зытещIыхьауэ щытыну пэ­жырытхэмрэ нагъыщэ гъэувыкIэ хабзэхэмрэ зэфIэувэу, литературэбзэм и пкъыр къыхэжэбзы­кIыу хуежьащ. ЩыIэкIэщIэм гу­ры­IуэныгъэщIэ куэд къыздешэ. НэхъапэкIэ адыгэбзэм хэмыта псалъэ куэд щыIэкIэщIэм къыздихьащ. Газетым и лэжьакIуэхэр хущIэкъурт гъащIэм уэру къы­хы­хьэ псалъэхэм я адыгэ жыIэкIэхэр къызэрагъуэтыным, зыпэмылъэщу бзэм къыхыхьэхэм адыгэ фащэ зэрыщатIэгъэным. «Къэрэ­хьэлъ­къым» и фIыгъэкIэ щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм епха псалъэ куэд дыдэм адыгэ IукIэ ягъуэтащ. Пэжщ, политикэмрэ эко­номикэмрэ пыщIа псалъэхэм я зехьэкIэ хъуным щхьэхуэныгъэ куэд яIэт, нэхъыбэр къызыхэкIа бзэм зэрыщызэрахьэм хуэдэу къэнат, ауэ иужьрей илъэсхэм лъэпкъ газетым и лэжьакIуэхэм абы и IуэхукIи къатенэ щымыIэу лэжьыгъэшхуэ зэфIахащ. 1925 гъэм и кум къыщегъэжьауэ 1930 гъэхэм я пэщIэдзэ пщIондэ къы­дэкIыгъа «Къэрэхьэлъкъым» цIы­хубэм я фIэщ ищIащ адыгэбзэм къаруушхуэ зэриIэр, абыкIэ къыпхуэмыIуэтэн гупсысэ зэры­щымыIэр.
Лъэпкъ газетым и цIэр «Ленин гъуэгу» жиIэу 1931 гъэм щызэблихъум, адыгэ тхыбзэр зытет тхэп­къылъэми зызэрихъуэкIащ: ар латин хьэрфхэм текIри, кирилл тхэкIэм техьащ. Мы илъэсхэм дунейм къытехьа газетхэм я къы­дэкIыгъуэ зыбжанэ редакцэм и архивым хэлъщ. Дэ дыщогугъ ахэр иридгъэкъужыну, къыдэкIыгъуэ щыIахэр зэхэтлъхьэжыну. ДиIэ мащIэми къегъэлъагъуэ лъэпкъ газетым и напэкIуэцIхэр щIэныгъэм дяпэкIэ къыхыхьэну къэхутакIуэхэмрэ филологхэмрэ я гупсысэкIэхэмкIэ щызэдэгуашэ утыку щхьэпэ икIи купщIафIэ зэ­ры­хъуар. Газетым и бзэм хэп­щIыкIыу хэхъуащ, IэнатIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм епха фIэщыгъэ хъа­р­зынэхэр къыхыхьащ. Ады­гэ­б­­зэм хэт псалъэ куэдым етIуанэ мыхьэнэхэр ягъуэтурэ синонимиекIэ зэджэм зиужьащ, абыкIэ газетым бзэм зиужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэри ин дыдэщ. Газетым и пщIэм зэрыхэхъуэм хуэдиз­кIэ бзэм и гуащIэми хэхъуэу, и зэфIэкIхэри нэхъыбэ хъууэ 1930 гъэхэм екIуэкIащ. Арауи къы­щIэ­кIынущ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуа блэкIа лIэщIыгъуэм адыгэбзэр хэмыкIуэдэжу къызэтезынари.
Редакцэм и архив гъэтIылъыгъэхэм ящыщу нэхъ ирикъуу хъу­ма хъуар зи фIэщыгъэр 1934 гъэм зыхъуэжа «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газет зэхуэхьэсыгъуэхэрщ. Иджыри къыз­дэсым газетым къыхуеджэ­ныгъэхэмрэ щIыпIэхэм къы­щыхъу хъыбархэмрэ нэхъ тегъэ­щIауэ щытамэ, мы къыдэкIыгъуэ­хэм къыщегъэжьауэ и псалъэ зэпыгъэувэкIэм, и къэIуэтэкIэм, зы­теп­сэлъыхьыр цIыхухэм я деж ны­зэрихьэс щIыкIэм хэпщIыкIыу зехъуэж. Иджы газетым аналитикэр зыхэлъ тхыгъэхэр къытехуэу, екIуэкIым теухуауэ щыIэ Iуэху еп­лъыкIэ зэмыщхьхэр къытрадзэу хуожьэ. Газетым цIыхубэр щIыпIэ дуней лъагъукIэм къытришурэ къэрал гупсысэкIэм зэрыхуишэнум толажьэ. Адыгэ щэнхабзэм ехьэ­лIа Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм шэ­щIауэ ирипсалъэ, абыхэм я мы­хьэнэмрэ гъащIэм къигъэув зэхъуэкIыныгъэхэм елъытауэ нэ­гъуэщIу зэрабгъэдыхьапхъэмрэ ехьэлIа тхыгъэхэр газетым къытехуэу хуожьэ. Мы лъэхъэнэрщ «джэр­пэджэж» псалъэм мы­хьэ­нэщIэ щигъуэтари: «Iэуэлъауэм къыпэIуж макъ» мыхьэнэр иIэу щытамэ, иджы абы къыхэхъуащ «тхыгъэкIэ къэIуэта хъуа е щыIэ еплъыкIэм къыпэувыж нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ» мыхьэнэри. Адыгэ­хэм я граждан икIи жылагъуэ зэхэтыкIэм и лъабжьэр а лъэ­хъэнэм гъэтIылъа хъуным и IуэхукIэ «Социалистическэ Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым» хузэ­фIэ­кIар мащIэкъым. Редакцэм и архивым хэлъ къыдэкIыгъуэхэм нэ­рылъагъу тщащI лъэпкъ гупсы­сэр къэIэтыным хуэунэтIауэ 1930 гъэхэм дунейм къытехьа адыгэ газетым лъэбакъуэшхуэ ичу, а Iуэхум хуэунэтIауэ иIэ тегуш­хуэ­ныгъэми хэхъуэ зэпыту зэрыхуе­жьар.
Адыгэхэм тхыдэ гъуэгуанэшхуэ къызэрызэранэкIам, абыхэм щэн­хабзэ лъагэкIэ узэджэ хъуну хъугъуэфIыгъуэбэ зэрабгъэ­дэ­лъым теухуа тхыгъэ хьэлэмэтхэр газетым нэхъыбэу къытехуэу щы­хуежьэр и фIэщыгъэр 1944 гъэм зэрихъуэкIыу, «Къэбэрдей пэж» хъуа нэужьщ. Архивым хэлъ газетхэм уащыхэплъэкIэ, редакцэм и лэжьакIуэхэм я пащхьэ къалэн пыухыкIахэр къиува хуэдэу къыпщохъу: адыгэ жылэр зэкъуэгъэувэныр, зэпэщIэзыгъэкIуэт Iуэху еп­лъыкIэхэм зэщхьу хэлъхэр зэгъэуIуныр, я лъэпкъыщхьэм теу­хуауэ яIэ бгъэдыхьэкIэхэр зэшэ­лIэныр. Къыщригъэжьари «Нартхэр» адыгэ лIыхъужь эпосымрэ IуэрыIуатэмрэщ. Сыт щыIэн абы­хэм хуэдэу лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэфын?! Газетым ищIа гукъэкIыр иужькIэ щIэныгъэхутэ институтхэм къыдащтэри, адыгэ гупсысэр къыщIэзыгъэушэ Iуэ­ры­Iуатэ зэужь зыбжанэ дунейм къытехьащ. Мы лъэхъэнэхэрщ Нэгумэ Шорэ, Хъанджэрий Сулъ­тIан, Тамбий Пагуэ, Къэшэж ТIа­либ, нэгъуэщI куэдым я цIэр утыкум къыщихьэжар. Ахэр адыгэ­хэм ирагъэцIыхужын, абы­хэм я IэдакъэщIэкIхэр цIыхубэм хэп­щэжын папщIэ, «Къэбэрдей пэ­жым» и лэжьакIуэхэм лэжьыгъэшхуэ кърахьэлIащ.
Лъэпкъ газетым и фIэщыгъэм 1957 гъэм зихъуэжри, «Ленин ­гъуэгу» цIэр игъуэтыжащ. Япэрауэ, къы­хэгъэщын хуейщ архивым и гъэтIылъыгъэхэм къытхузэIуах журналистикэ дунейм фIыуэ зэрызиужьар. Нэхъапэхэм къы­хуе­джэныгъэхэр, хъыбар кIэщI­хэр, узэщIакIуэ тхыгъэхэр нэхъыбэу къытехуэу щытамэ, иджы жылагъуэм и зыужьыныгъэхэм зи Iыхьэ хэзылъхьэ цIыху пэрытхэм ятеухуа очеркхэр, репортаж­хэр, интервьюхэр къытридзэу хуо­жьэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ зы тхыгъэ лIэужьыгъуэми езым и псэлъэкIэ хэха иIэщи, абы и хъэтIми щхьэхуэу газетым зыщеужь. БлэкIа илъэс 30-м щIи­гъум, къэралым щекIуэкI зэ­хъуэкIыныгъэхэм елъытауэ, пропагандэ инхэр къызыщIэIукI, Iуэ­ху­гъуэ щхьэхуэхэм къыхуезыджэ тхыгъэхэр мымащIэу газетым ущрихьэлIэрт. Иджы газетым и лэжьыгъэр щэнхабзэ зыужьыныгъэм нэхъ триухуэ зэрыхъуар гъэ­тIылъыгъэхэм и къыдэкIыгъуэ псо­ми IупщIу къахощ. Мыр жыIэн хуейщ: лъэпкъыр зэрыгушхуэ щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм я нэхъы­бэм псыпэхэш хуэхъуар «Ленин гъуэгу» газетырщ.
Ауэ зыми хуэдэжкъым газетым «Адыгэ псалъэ» фIэщыгъэр зэ­ры­ратыжрэ и лэжьыгъэм игъуэта зыужьыныгъэр. ГазеткIэ деджэми, ар адыгэ гъащIэм и лъэны­къуэ куэд къызэщIэзыубыдэ лъэпкъ щIэнгъуазэ хъуащ. Къы­техуэ тхыгъэхэм я фIэщыгъэхэм къыщегъэжьауэ зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм щыщIэкIыжу къа­Iэтри къагъэлъагъуэри зэрыщыту адыгэм и мэ зыщыуа къэхъугъэщ. Шэч хэлъкъым, газетым лъэхъэнэм и ныбжьыр къытре­дзэ, щыIэныгъэм и пхъашагъри и щабагъри щызыхыбощIэ. Совет къэралыгъуэр къутэжу лъэпкъ мащIэхэм яIэ хуитыныгъэхэр нэхъыбэ щыхъужым, газетым къы­зэринэкIа илъэсхэр щIипщы­ты­кIыжам ещхь хъуащ, адыгэ гъа­щIэм хэлъ дахагъэ псори зэры­щыт дыдэм хуэдэуи къиIуэтэнуи хьэкъ зыщищIыжащ. Ауэ узы­пэрыувэ IэнатIэр ебгъэфIэкIуэн папщIэ, ар екIуу къозыгъэхъулIэн Iуэхугъуэ зыбжанэ зэфIэпхын ­хуейщ. Газетым и редакцэм щы­лажьэхэм къагурыIуэрт зэрыла­жьэ адыгэбзэм псыщIэгъэлъадэ хуэщIын зэрыхуейри, щIэныгъэлI­хэм жыджэру ядэлажьэ, къыхалъхьэ псалъэщIэхэмкIэ ечэнджэщ, жыIэкIэ лIэужьыгъуэхэр къы­хэхынымкIэ зэрыщIэ хъуащ. Илъэс зэхуэмыдэхэм «Адыгэ псалъэм» къытехуэу хуожьэ Урыс Хьэталий, Щэрдан Iэбу, Нало Заур, КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий, Ержыб Аслъэн сымэ я тхыгъэхэр. Зи гуащIэдэкIкIэ адыгэхэм я Iулыджыр къэзылэжьахэм я тхыгъэхэр газетым къызэрытехуэм мыхьэнэ иIащ – абы Iэ тезы­дзэхэм я бжыгъэм хэхъуэрт, къы­техуэ тхыгъэхэм къыхуащI дзы­хьыр нэхъыбэ хъурт. Адыгэ журналистхэм я зэфIэкIыр зрагъэ­гъуэта щIэ­ныгъэм къыпызыщэ лъэ­бакъуэ зэрыхъур егъэджа­кIуэхэми гъэсэнхэми я зэхуэдэ ехъулIэныгъэти, акъыл зэхэдзэм цIыхубэм зыхалъхьэ щымыIэу пщIэ хуащIырт.
Иужьрей илъэсищэм адыгэбзэм лъэбакъуэшхуэ ичащ, зыу­жьыныгъэ хъарзыни игъуэтащ. КъызэрыгуэкI псэлъэкIэм къы­ще­жьэри, тхыбзэ хъарзынэ зэригъэпэщащ адыгэбзэм. Абы и IуэхукIэ адыгэ газетым лэжьы­гъэш­хуэ кърихьэлIащ. Редакцэм щызэдгъэпэща архивым нэхъ щыхьэтыфI дэнэ къипхын?! Абыхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр къэралым и Iэщэ лъэщу зэ­рыщытар, щыIэныгъэмрэ дунейпсо политикэмрэ хэлъ щхьэ­хуэ­ныгъэ псори къызэриIуатэ ­хэ­кIы­пIэу зэрызэрихьар. А гъэ­тIы­лъыгъэхэм яхыболъагъуэ ­цIы­ху гупсысэкIэм и кIыщу зэре­кIуэкIар, сыт хуэдэ жьапщэ бзаджэ къыкъуэмыуами, абдеж ­щIэ­та­ гъукIэхэм адыгэбзэр зэ­рап­сыхьар, ефIэкIуэн папщIи, я гуащIэ зэремыблэжар. Архив ­хъугъуэфIыгъуэхэм къахощ илъэсищэм къриубыдэу къыкIуэцI­рыкIа адыгэбзэр изыудыфын ­къару зэрыщымыIэр, ар зыхэ­зыщIэм лъэкIыныгъэ хъарзы­нэхэр зэрызыIэригъэхьэфы-         нур.
«Адыгэ псалъэ» газетыр лъэп­къым и пшапэIудзщ. Абы зыпещIэ хэкурыс адыгэхэри, зрешалIэ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъу­хэри. Архивыр зыхущыIэнури аращ – къыдэкIыгъуэхэр зы щIы­нырщ. Технологиемрэ бжыгъэ­рылъанэмрэ лъабжьэ зыхуэхъуну щыIэныгъэм хэтыну зи насып ­къихьа щIэблэм я къуэпсхэр къыщалъыхъуэжкIэ, зихуэдэ щы­мыIэ, дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэу блэкIа лъэхъэнэм я щыхьэт пэжу щыт архивым – лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэщым – гъунэгъу зыхуегъэщIынырщ, зэрыадыгэр ящызымыгъэгъупщэ фIыгъуэ­хэмкIэ ядэгуэшэнырщ. Адыгэр щы­Iэху, адыгэ псалъэри Iунущ, а псалъэр щызэпыува газетым и лъэщапIэри лэжьэнущ.
Редакцэм и архивыр къы­зэрыунэхурэ куэд щIакъым. Дыщогугъ лъэп­къыр зы­щымы­гъуа­зэ, зы­щIэупщIэ хъугъуэ­фIыгъуэ куэ­дым ар я гъэтIы­лъыпIэ хъууэ «Адыгэ псалъэр» къы­щIилъы­хъуэн­ щхьэусыгъуэ­хэм я зы хэкIыпIэу къыщIэкIыну.

ТАБЫЩ Мурат,
«Адыгэ псалъэ» газетым и 
щIэныгъэ обозреватель.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.