«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэщауэ, ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык дэтым) ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыхь щызэхэтыну хъыбар къыщысIэрыхьам сыщыгуфIыкIат. СщIэрт ар фондым и унафэщI ХьэцIыкIу Рае тэмэму къызэрызэригъэпэщынур, щIэ гуэр химылъхьэуи къызэримыгъэнэнур. Си гукъэкIыр нэхуапIэ сщыхъуащ IуэхущIапIэм и бжэр зэрыIусхыу. ПэIущIэ пэшышхуэм шэнтхэр щигъэувыкIат, экранышхуэ щытым и гупэр Iэхуитлъэхуитт, и лъэныкъуитIымкIэ цIыхуищым я тIысыпIэ иIэу… ЕзыгъэкIуэкIыр Рает, ХьэIупэм бгъэдэсыр и къуэш пэлъытэ ныбжьэгъуфI Хъурей Феликст.
- Зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъухэр, нэхъыфIыжу зыщIэну хуейхэр, и лъапIэныгъэр къызыгурыIуэхэр зэшэлIа хъуа иужь уохъу уэр-уэр, аращ пшыхьым «Дэр-дэру…» щIыфIэтщари. ХьэIупэ ДжэбрэIил хуэдэ зиIэ лъэпкъхэм абы и усэхэм, и гъащIэм, и гуащIэм нэхъыбэ щагъэгъуэзэну щIэхъуэпс мэхъу. Нобэ утыку къитхьэнури къызыхэкIар апхуэдэ зы хъуапсэщ, къезыгъэжьар, ар зигу къэкIар, и кIэм нэсуи зыгъэзэщIар Хъурей Феликсщ. Абы къилъытащ зэIэпытх хъууэ зыгуэр диIапхъэу, ДжэбрэIил и псэлъэкIэр, и адыгэбзэр абы къыхэщрэ, адыгэ цIыхур едэIуэн, абыкIэ бей хъун хуейуэ, - дыхигъэгъуазэу къыджиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым ХьэцIыкIу Рае. - Аращ и щхьэусыгъуэр ДжэбрэIил езыр къеджэжу «ХьэIупэм и усищэ» зыфIэтща видео къыдэкIыгъуэр дгъэхьэзырыным. Зи псалъэмрэ зи гъуэгумрэ зэи темыкIыу къэгъуэгурыкIуа Феликс мурад ищIар зэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ киномрэ театрымрэ я артист Къанкъул Ислъам - видеохэр тезыхари зэзыгъэзэхуэжари аращ.
- Бзэмрэ гъащIэмрэ зэпхащ икIи зэщхьщ. Гу лъыдмытэурэ гъащIэм зыгуэр къыхохъуэ, зыгуэр хощI, бзэри аращ. ДрогумэщI ди щIэблэм ди бзэр зэрамыщIэжым. Гузэвэгъуэшхуэщ ар. ДжэбрэIил гукIэ, псэкIэ къегъэпсалъэ и дадэм и дадэжыр, аращ псалъэ псори къыщIыдгурымыIуэр, щIызэхэдмыщIыкIыр. ТфIэкIуэд бзэр зэхэпхыну, абы уегупсысыну, зэхэпщIыкIы-ну гъэщIэгъуэнщ. ДжэбрэIил федаIуэ. И усэхэм фыщIэдэIуа иужь, си псалъэм къыщIызгъунщ, - жиIащ Феликс псалъэ щратым.
Усэхэр, ДжэбрэIилрэ и ныб-жьэгъухэмрэ я сурэтхэр, нэгъуэщIхэри гъуэрыгъуэурэ къызэрыщ экранышхуэм иджы усэбзэкIэ къопсэлъыкI езы ХьэIупэр. И купщIэкIи и IукIэкIи узыIэпызы-шэ, узыгъэтхытх усищ додаIуэри, дэр-дэру уэршэрыным къыпыдощэ.
- ХьэIупэм и усэхэр зэрыхъукIэ нэхъыбэм ялъэдгъэIэсыну, нэхъыбэм едгъэщIэну, адыгэбзэм и дахагъэр я нэгу щIэдгъэкIыну, едгъэхъуэпсэжыну куэд лъандэрэ, зэрытхузэфIэкIкIэ, дытолажьэ. ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм тIэунейрэ пшыхь щедгъэкIуэкIащ. АбыкIэ дэ ДжэбрэIил зыгуэр хуэтщIэу аракъым, атIэ дэ зыхуэтщIэжыну дыщIэхъуэпсу аращ. Жыжьэ дынэмысауэ, тщIар мащIэу къэтлъытэри, дыгупсысащ. Нобэ дызэхуэзышэса видеор делIалIэу тетхащи, фигу ирихьмэ ди гуапэщ. Абы зэхуэсыр щIетщIэкIыжыр сыт? Дыфщогугъ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым VK-м щиIэ напэкIуэцIыр къызэIуфхыурэ, ДжэбрэIил и усэхэм федэIуэну, зымыщIэхэм яжефIэурэ щыгъуазэ фщIыну, фи унагъуэ кIуэцI щывгъэIуну, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми факъыхуеджэну. Адыгэбзэр утыку къитшэжын папщIэ лэжьын хуей зы Iуэхугъуэщ ари, дыпэлъэщмэ, ди насыпщ, - жиIащ адэкIэ Рае.
ХьэIупэм хуащIа пшыхьхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ пажэхэр хэмыту, и усэхэм къыщемыджэу зэи къанэркъым. НэхъыжьыфIым и усэхэм дахьэх къудей мыхъуу, гъэIукIэ щхьэхуэ хузиIэж егъэджакIуэхэу Щомахуэ Дусэрэ Тэрчокъуэ Заретэрэ утыкум кърашащ. Ахэр дахащэу усэ зырыз къеджа иужь, Дусэ кIэщIу тепсэлъыхьащ ДжэбрэIил и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ щыщу зыщыгъуазэхэм, езым и гум ешэкъылIэхэм икIи хъуэхъу дахэкIэ зыхуигъэзащ.
- АнитIым я къуэ ДжэбрэIил! Хъурей Феликс хуэдэу уи Iуэхур къэзыIэтын, «Шу закъуэ хуэрзалэ» тхылъыр зыгъэхьэзыру дунейм къытезыгъэхьа Рае, уи гуащIэр къагурыIуэу нобэ мыбдеж къыщызэхуэсахэм, къэмыкIуэфахэм хуэдэ цIыхухэр уиIэу, къыпкъуэту куэдрэ ди япэ уитыну си гуапэщ! - жиIащ абы.
- Сыкъызэджэну усэр едзыгъуэ цIыкIуищ фIэкIа хъуркъым, ауэ сыт хуэдэ талант къыплъыкъуэкIын хуей а сатыр пщIыкIутIымкIэ апхуэдиз гупсысэ къызэщIэпкъуэн щхьэкIэ, - къыхигъэщащ Тэрчокъуэ Заретэ къыхиха усэм къеджэн ипэ. - ЯпэщIыкIэ гъэм и зэманхэм я дахагъэм и гугъу ищIыну арауэ къыпщохъу. ЦIыхуу дунейм тетыр я теплъэр зэрызэмыщхьым хуэдэу, зэрызэхуэмыдэм урегъэгупсыс, иужьым ахэр къызэщIекъуэжри, цIыхур дунейм къыщIытехьар щыгъупщэ зэрымыхъунум, ар Хэкум, лъэпкъым хуэпэжын зэрыхуеймкIэ еухыжыф.
- Уэс къесым и санэхуафэм фыхэтыну фыхуеймэ, къуршыщхьэм зи щхьэр щызыгъеиж къыу закъуэм гущIэгъу хуэфщIынумэ, джыдэ куэщIым ихуа жыг къудамэм етIуанэр кIэлъыкIуэну фыхуэмеймэ, псэ къабзэ къупэщыпэм къигъуэтам, къиугъуеям фыхуейуэ, фыщIэхъуэпсу, фыфей фщIынумэ, ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэхэм фыкъеджэ, - къыпищащ Заретэ и псалъэхэм Рае.
Утыкум къришащ къыкIэлъыкIуэ усэхэм къеджа егъэджакIуэхэу Нэзар Марьянэрэ ГъукIэпщокъуэ Iэсиятрэ. А тIум я усэ къеджэкIэр телъыджэщ, усэбзэм и IэфIыр Iум щызу зыхозыгъащIэщ. Iэсият хуэдэу псалъэри, макъамэри, гупсысэри щхьэхуэ-щхьэхуэ хуэдэу, абы щыгъуэми зэщIэжьыуэжу усэмкIэ къэзыIуэтэфыр мащIэ дыдэщ. Къеджэ къудейуэ къызэрымынэр и псалъэ къэс хыболъагъуэ абы, уэрэду узыщIегъэдэIури. Рае къыхигъэщащ абы и къеджэкIэр езы ДжэбрэIил и гумрэ и псэмрэ зэрыдыхьэр.
- ДжэбрэIил, бжьыхьэр къыпхуэкIуатэми, жьыгъэр къыпкIэщIэмыхьэу, уи ныбжьыр кIуатэми, уз зытумыгъакIуэу, нобэ лъэрызехьэу лъэпкъым и жьантIэм узэрыдэтым зыкIи хэмы- щIу илъэс бжыгъэ куэд къыпхупищэну сыпхуохъуахъуэ. Уи гуащIэр лъэпкъым и фIыгъуэщ, и купсэщ, дэтхэнэ уи зы псалъэри ди чэнджэщэгъуфIщ. Нобэ тIэпыху ди анэдэлъхубзэм и псэщ уи адыгэбзэри, ди блэкIамрэ ди нобэрей гъащIэмрэ я лъэмыжу иджыри куэдрэ укъытщхьэщигъэт, - жиIащ Iэсият.
- ДжэбрэIил и усэхэм дыщедаIуэкIэ зэхэтхыр усэ къудейкъым, адыгэщIым и макъыр зэхыдох, бгыжьхэм я нэгу щIэкIауэ псалъэкIэ къыджамыIэ-фыр абыхэм я бзэр зыщIэ ДжэбрэIил тхуетхыж, ди гум къыщыпэщащэ псалъэу фащэ зыщыдмытIэгъэжыф гупсысэхэр къытхуеIуатэ. ДыщIыдихьэхыщэри арауэ къыщIэкIынщ, - жеIэ Рае.
АдэкIэ ДжэбрэIил и усэ къеджащ егъэджакIуэ Уэркъуасэ Ирэ, тележурналист Джэду Сэкинат сымэ.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа видеом щыщ гуэрхэр пшыхьым щыIуами, къызэгъэпэщакIуэхэм нэхъ къащтащ езы ДжэбрэIил иджыпсту къеджэу дедэIуэну диIэ Iэмал щIагъуэр зыIэщэдмыгъэкI-мэ нэхъыфIу. ИкIи захуагъэу ящIащ, сыту жыпIэмэ, ХьэIупэр и IэдакъэщIэкIхэм къызэреджэжым хуэдэу, езыми и жыIауэ, «уи щхъуэфэцыр дэтэджу» къызэхъулIэнур мащIэщ. И усэхэм дэщIыгъуащ гъащIэ гукъэкIыжхэри, гушыIэ дахэхэри, псалъэ хъуэрхэри. Апхуэмыдэу дауэ?! Ди пащхьэ къисыр зи IуэрыIуэдзыгъэкIэ, зи псалъэ жанкIэ, зи гупсысэ куууагъкIэ ди республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэми фIы-уэ къыщацIыху ХьэIупэ ДжэбрэIилщ! «Псори музыкэ-ращ зыхэлъыр. «Псалъэр щиухым и деж музыкэм къыщыщIедзэ», - жиIэгъащ Гёте. - Музыкэр зыдыхьэ «дурэшплIэрэшым» псалъэр зэи дыхьэфынукъым. Ар сэ фIыуэ сощIэ. Бзэм и дахэр аллитерацие жыхуэтIэм и дежщ здэщыIэр. Европей усэ гъэпсыкIэр адыгэхэм къагъэсэбэп- ми, зэщIэжьыуэр си псэм нэхъ йохуэбылIэ. Абы щыхьэт техъуэу тхылъыпхъэу стхам къыхэсхыжащ сонет щищрэ хыщIрэ плIырэ», - жеIэ зи псалъэр апхуэдизу жан композиторым (усакIуэу зыкъилъытэжыркъым ДжэбрэIил).
Ныбжь иIэ хъуа иужьщ ХьэIупэм и усэхэр, абы щыгъуэми тхылъ щхьэхуэу дунейм къыщытехьар, ари ХьэцIыкIу Раерэ Хъурей Феликсрэ я фIыгъэкIэ. ИгъащIэм зы захуагъэ ищIамэ ар етIуанэу къелъытэ Джэбрэ-Iил. Усэ и къалэмыпэм къыпы-кIар Рае компьютеркIэ тридзауэ иIэщ, абыхэм къыхащыпыкIри «Iэгуауэншэ пшыхь» зи фIэщыгъэ и усэ тхылъыр къыдэкIауэ аращ. Пшыхьым зэрыщызыпхагъэIукIам тепщIыхьмэ, тхылъ 14 хуэдиз хъун щыIэщ тедзауэ, ауэ ДжэбрэIил яхутечыркъым, сыт хуэдизу трагъэгушхуэми, къыдигъэкIмэ щIэнэхъыфIым и щхьэусыгъуэ мин къыхуахьми. Ар нэхъ гъунэгъуу зыцIыху дэтхэнэри щыхьэт дызытехъуэфынуращи, игъуэу къимылъытауэ пхуищIэнуIакъыми, щIэх дыдэ и къыкIэлъыкIуэ усэ тхылъ дигъэлъагъуну тегушхуэну дыщогугъ.
- Фи бжэIупэм цIыху щыIухьэм и деж зэщIэдэIукIыжу, къыщыIукIыжкIэ зэплъэкIыжын укIы-тэу, а фи унэм щилъэгъуа телъыджэр и нэгум щIэту, фэри ар флъагъу зэпыту фи дунейр Тхьэм фигъэхь. Фи бжэщхьэIу цIыху небакъуэмэ гуфIэгъуэ ныщIихьэу, къыщIэкIыжмэ «сыту си насып!» жиIэу гурыфIыгъуэ къыщIихыу фигъэпсэу. Сэ нобэ си насыпщ фэ фхуэдэ цIыхухэр зэрызиIэмкIэ. Фэ пщIэуэ къысхуэфщIар гуфIэгъуэу, дэрэжэгъуэу, гукъыдэжу къывитыж. А псор фиIэн папщIэ фызыхуейр сэ сызыщыщIэ закъуэращ - узыншагъэщ! - жиIащ ДжэбрэIил.
- ДжэбрэIил соупщI: «Макъамэм хыумыщIыкIыу щытамэ, мыпхуэдэ усэхэр пхуэтхынут?» «Хьэуэ, - жиIащ, - сымыкомпозитору щытамэ усэ зэхэслъхьэфынутэкъым».
Сабий ныбжьым имыкI щIыкIэ щIэблэм музыкэр Iэпэгъу хуэщIын хуейщ. Абы къыкIэлъыкIуэнущ адрей псори, ар дахагъэм, акъылым, гъэсэныгъэм я шэсыпIэщи. ДжэбрэIил хуэдэ цIыху, ди нанэ зэрыжиIэу щытам хуэдэу жысIэнщи, дуней Кавказым искъым. Апхуэдэ бзэ, IэщIагъэ, гупсысэ, пщIэ, лъэкIыныгъэ иIэу дунейм тет зыгуэр?! Итхахэм къадэкIуэу езым (зыгуэр зытх дэтхэнэми) и псалъалъэ иIэжын хуейуэ къызолъытэри, изоIуэкI абы елэжьыну.
«Езым ищIэн хуейм нэхърэ нэхъыбэщ лъэпкъым абы хуэт- щIэн хуейуэ ди пщэ къыдэхуэр», - жиIащ етIуанэу псалъэ щратыжым Хъурей Феликс. ГушыIэ хуэдэурэ пэжым тригъащIэу къэпсэлъащ ар, ныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм къарууэ хэлъыр иджыри зэ зыхыдигъащIэу.
ЗэIущIэм и кIэухыу ЩIалэгъуалэм я унэм и лэжьакIуэу пшы-хьыр къызэгъэпэщыным IуэхукIэ къыхэувахэм фIыщIэ ин яхуищIащ ХьэцIыкIу Рае, хьэщIэ кIуапIэрэ щIэблэ гъэгуфIэу IуэхущIапIэр диIэну зэригуапэри къыхигъэщащ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.