АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей.
ЗэIущIэм къекIуэлIащ IэнатIэ хэхахэм, щIыналъэм къэрал унафэр щызехьэным епха IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, апхуэдэуи хэкум къэзыгъэзэжахэр.
Псалъэмакъым и купщIэ нэхъыщхьэт я адэжь хэкур, сыт щыгъуи щыпсэуну Адыгейр къыхэзыхахэр жылагъуэм хэгъэзэгъэжыныр.
КъинэмыщIауэ, къызэхуэсахэм къаIэтащ къэIэпхъуэжахэр зыIууэ лъэпощхьэпохэм пэлъэщынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр - ахэр зытепсэлъыхьхэм я нэхъыщхьэт, - къат Адыгэ Республикэм Лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ, ди хэкуэгъухэм запыщIэнымкIэ и комитетымрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.