Къэралым и чемпион Шэрий Иналбэч

Москва областым и Одинцовэ щIыпIэм щекIуэкIащ спорт бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и зи чэзу чемпионат. БэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэм килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж дыщэ медалыр къыщихьащ ди ­лъахэгъу Шэрий Иналбэч.

Ди къэралым и щIыналъэ 39-м къикIа бэнакIуэ 379-рэ зыхэта зэхьэзэхуэр икъукIэ гуащIэ икIи удэ­зы­хьэх ­хъуащ. Къэбэрдей-Балкъэ­рым щыпсэухэр, дауи, нэхъ дызыкIэлъыплъар Тэрч рай­оным хыхьэ Дей къуажэм къыщалъхуа Шэ­рий Иналбэч зыкъыщигъэлъэгъуа ­бэ­нэкIэ хуитымкIэ килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэращ. Джы­лъахъ­стэней щIалэр зэ­хьэ­зэхуэм фIы дыдэу ­хуа­гъэхьэзырат и тренер гъу­зэджэхэу Маргиев Анатолий, Урыш Анзор, Хьэ­щIэмахуэ Анзор сымэ. 
Финалым нэсын ипэ ­Иналбэч зэкIэлъхьэужьу хигъэщIащ Сенов Къантемыр (Санкт-Петербург щыщщ) - 12:0-у, Балтуев Александр (Бурятие) - 12:1, Гаджиев Гаджимурат (Дагъыстэн) - 6:0, Ганишев Имам (Дагъыстэн) - 3:1. Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ ар и хьэрхуэрэгъухэм куэдкIэ зэрефIэкIар.
КIэух зэIущIэм къыщыпэ­щIэуващ дуней псом щэнейрэ щытекIуа, Олимп чем­пион, Урысей Федерацэм а хьэлъагъымкIэ илъэс куэд щIауэ зыри къыщызы­пэ­мылъэщ спортым щIыхь зиIэ и мастер осетин щIалэ Сидаков Заурбэч. Мыбы ипэкIэ иужьу щы­зэбэнам Иналбэч ар хигъэщIат икIи апхуэдэу иджыри къэхъуну дыщыгугъырт.
Зыр адрейм хуэфащэу щIалэхэр зэпэщIэтащ. АрщхьэкIэ зи щIалэгъуэ Шэрий Иналбэч зэIущIэм и кIэухым къару нэхъыбэ къыхуэнэ­жауэ къыщIэкIащ икIи бжыгъэр 7:5-уэ и хьэрхуэрэгъу цIэрыIуэм ефIэкIащ. 
Урысей Федерацэм и чемпион япэу 2024 гъэм хъуа ди лъахэгъу щIалэм иджы абы къытригъэзэжащ. АрщхьэкIэ мыр нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, сыту жыпIэмэ, япэм щыбэна килограмм 70-р Олимп джэгухэм хыхьэртэкъым. Иджы Шэрий Иналбэч Iэмал къыхукъуэкIащ Къэзахъстэным и Астана ­къалэм жэпуэгъуэм и 24-м къыщыщIэдзауэ тхьэмахуэкIэ щызэхэтыну дуней­-псо зэпеуэм ди къэралым и щIыхьыр щихъумэну. ИлъэситI ипэкIэ Албанием и къалащхьэ Тиранэ къыщихьа домбеякъ медалыр иригъэ­фэкIуэну абы Iэмал хъар­зынэ иIэщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и гуапэу ехъуэхъуащ Шэрий Инал­бэчрэ и тренерхэмрэ икIи къыхигъэщащ дяпэкIи лъагапIэщIэхэр зыIэригъэ­хьэну дызэрыщыгугъыр. 

Хьэтау  Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.