Урысей Федерацэм щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ IэщIагъэ зрагъэгъуэту магистратурэмрэ бакалавриатымрэ тхылъ плъыжькIэ къэзыухахэм Иужьрей урысейпсо пшыхь щекIуэкIащ. Зэхуэсым хэтащ къэралым и щIыналъэ 25-м ит университет 28-р къэзыуха ныбжьыщIи 100-м щIигъу.
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къэзыухахэм ящыщу а Iуэхугъуэ дахэм хэтащ Ало Викторие, Токъуий Даринэ, Умэ Миланэ сымэ. ЕджапIэр ехъулIэныгъэ защIэкIэ къызэраухам щыхьэт техъуэ тхылъ плъыжьри, фIыщIэгуапэ тхылъхэри, щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ щыIэ егъэджэныгъэ программэр къанэ щымыIэу зэрагъэзэщIамкIэ бгъэхэIу дамыгъэри адыгэ пщащэхэм къезытыжар УФ-м щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министрым и къуэдзэ Петровэ Ольгэрэ УФ-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Лескин Юрэрэщ. КъБКъУ-м икIа щIалэгъуалэм гъуэгу гъусэу яIар Социально-гуманитар институтым щIалэгъуалэ пэхуэщIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ Хъыдзэдж Заринэщ.
ЩIалэгъуалэ зэчиифIэр зыхэта Iуэхугъуэр егъэлеяуэ къызэгъэпэщат, теплъэгъуэ хьэлэмэт куэдхэмкIи гъэнщIат. Хабзэ зэрыхъуауэ, зэхуэсыр щыгъуэ пэкIукIэ къызэIуахащ. Александр жыг хадэм ит ЗауэлI мыцIыхум и фэеплъ скъарым удз гъэгъахэр тралъхьащ, абы иужькIэ Хэкум и хуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. Щыгъуэ пэкIур зэрызэфIэкIыу, щIалэгъуалэр къулыкъущIапIэм къекIуэлIэжри, «ЩIэныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Урысейм и лъэпкъхэр» джэгу зэпеуэм хэтащ, итIанэ УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэмрэ «Пэрытхэм я зэщIэ-хъееныгъэмрэ» я хэщIапIэхэр зрагъэлъэгъуащ, я лэжьэкIэм щыгъуазэ зыхуащIащ.
Iуэхум хэта хъыджэбзхэр ялъэгъуамкIэ къыддэгуэшащ.
- Мэзкуу дызэрырагъэблэгъар, абдеж щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрызэдгъэгъуэтамкIэ тхылъыр къызэрыдатыжынур къыщыджаIэм, сыгуфIам къыщымыувыIэу, сыкъызэщIиIэтат. КъызгурыIуат ди IэщIагъэм щIэупщIэ зэриIэр, цIыхухэри къэралри ди щIэныгъэм зэрыхуейр. Гукъинэж сщыхъуащ УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм щытлъэгъуамрэ щызэхэтхамрэ. Абдеж щылажьэхэр зи Iуэхум фIы дыдэу хэзыщIыкI, къыхалъхьэ пэхуэщIэхэм мыхьэнэ езыт защIэщ. Куэд щIакъым абыхэм университетыр къызэраухрэ, иджы езыхэм яIа хъуэпсапIэхэм зэщIаIыгъэ щIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тезышэн хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ къыхалъхьэу къэралым къулыкъу хуащIэ. Сэ иджыпсту Лэскэн щIыналъэм и ЩIалэгъуалэ центрым сыщолажьэ, си лэжьыгъэ нэхъыщхьэри а Iуэхум епхащ. Мы зекIуэм иужькIэ сэ хьэкъыу спхыкIащ къыхэсха гъуэгум сызэрытемыкIынур, гупсысэ щIэщыгъуэ куэдми сызэпаIыгъэу сыкъекIуэлIэжащи, сыщогугъ ар си Iуэхум къыщыхэслъхьэну, гъащIэм хэспщэну, - жиIащ Умэ Миланэ.
- УщIалэху пщIэращ узыIэтынури узыгъэкIуэтэнури, - къыджаIэ зэпытт ди егъэджакIуэхэм. Ауэ сыт пхузэфIэкIынуми, къыбдэзыIыгъым икIи уакъызэрыщыхъум зыкъомкIэ елъытащ. Сэ къыхэсха IэщIагъэм пщIэ зэриIэри, гулъытэ зэригъуэтынури быдэу си фIэщ хъуащ Мэзкуу щытлъэгъуахэм яужькIэ. ЦIыхухэр зэхуэгуапэу, екIуэкI Iуэхугъуэхэми щабагъэ хэлъу, нэIуасэ зэхуэхъунухэм Iэмалу щыIэр къыхузэрагъэпэщу хьэлэмэтт зэхуэсыр. Дэ ныбжьэгъу къытхуэхъуащ Калугэрэ Бытырбыхурэ щыщхэр. Абыхэм хуабжьу яфIэхьэлэмэтт КъБКъУ-м щекIуэкIа студент гъащIэр, абы къыщызэрагъэпэщ пэхуэщIэхэм кIэ зэрамыIэр, цIыхушхуэ къызэрекIуалIэр, нэхъыщхьэращи, гъащIэм зэрыхапщэфыр. Мы дызыхэта Iуэхугъуэр гъэфIэжу щытми, ди IэнатIэм къыщыдгъэсэбэп хъуну есэныгъэ куэд дыдэ щыдагъэлъэгъуащ. ЕтIанэгъэ магистратурэм сыщыкIуэкIэ, ахэр къызэрызгъэсэбэпынум сыхуэпIащIэу сыщытынущ. Си IэщIагъэм теухуауэ гупсысэ зыбжанэ сиIэщи, абыхэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ Iуэхуми сыхуэхьэзыру, сыт хуэдэ гугъуехьри къызэрызэзнэкIынум фIэщхъуныгъэ хузиIэу сыкъэкIуэжащ, - жиIащ Ало Викторие.
Токъуий Даринэ и гугъу ищIащ къулыкъущIэхэм къыхуащIа гулъытэмрэ Iуэхум и къызэгъэпэщыкIэу щытамрэ.
- Петровэ Ольгэ и цIэр куэд лъандэрэ зэхэсхырт, КъБКъУ-м щекIуэкI Iуэхухэми пэIудзауэ куэдрэ къыхыхьэуи слъэгъуат. Ауэ апхуэдизу гуапэу цIыхухэм яхущыт къэрал къулыкъущIэ щыIэми, Петровэ Ольгэ хуэдэ уигъэлъыхъуэну къысщохъу. ЦIыху къызэрыгуэкIщ, зыпэрыт IэнатIэм гууз-лыуз зэрыхуиIэр къыбощIэ, дэтхэнэми епсэлъэну, дэтхэнэми и гупсысэм щIэдэIуну хьэзыр цIыхубз щыпкъэщ. Абы и щытыкIэ дахэм апхуэдизкIэ дехъуэпсати, щапхъэ тедмыхыу мыхъуну жытIэу мызэ-мытIэу къытедгъэзэжурэ дрипсалъэрт. Сэ мы лъэхъэнэм КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм сыщолажьэ, арыххэуи, гуапэу къытхэта къулыкъущIэм и щэнхабзэ дахэр дэри тхэлъыныр зэрыIэмалыншэр зыхызощIэ. Мы Iуэхугъуэ дахэм итхыжыр ди тхылъ плъыжьхэм я закъуэкъым. Дэ Хэкум здыдохьыж текIуэныгъэри: «Урысейм и лъэпкъхэр» джэгу зэпеуэм ди гупыр къыщыхэжаныкIащ, къытхуагъэува упщIэ 40-м щыщу 30-м щIигъум жэуап еттыфащ. Ар дэркIэ зимыуасэ фIыгъуэ щыIэкъым, - жиIащ Токъуий Даринэ.
ГъэфIэжым хэта адыгэ хъыджэбзхэм къратыжа тхылъ плъыжьхэм къадэкIуэу, шыщхьэуIу мазэм Красноярск къалэм щекIуэкIыну щIалэгъуалэ зэхуэсми и егъэблагъэ тхылъыр иратащ. Ари зы текIуэныгъэ лIэужьыгъуэщ.
Урысейпсо утыкум екIуу икIи дахэу ита ди адыгэ хъыджэбз цIыкIухэм дэри дащогуфыкI, дяпэкIи ехъулIэну, нэхъыбэж къадэхъуну, лъэпкъым и щхьэпэ зыхэлъ Iуэхугъуэхэри пхагъэкIыну ди гуапэщ.
ШУРДЫМ Динэ.