Гъэмахуэ гукъинэж йокIуэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэмахуэ зы­гъэп­сэхугъуэр, узыншагъэм кIэлъып­лъы­ныр зэрыщекIуэкIымкIэ цIыхухэм ядэгуэшащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек: 

«Республикэм и лагерхэмрэ зыгъэп­сэхупIэхэмрэ сабий мини 6,5-м щIигъум зыщагъэпсэхуащ мы гъэм, - етх Iэтащхьэм. – КъинэмыщIауэ, фIагъ и лъэныкъуэкIэ зыми хуумыгъэдэфыну «Радуга» зыгъэпсэхупIэм сабий 1507-м я узыншагъэм щыкIэлъагъэп­лъащ, абыхэм зи адэ-анэхэр зи гъусахэри яхэтщ. 
Зэман дэкIмэ, республикэм къашэнущ ДНР, ЛНР щIыналъэхэм щыщ школакIуэ 1600-рэ, абыхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зыща­гъэп­сэхунущ, я узыншагъэми щыкIэлъагъэп­лъынущ. 
Адрейхэм япэ ирагъэщу, зыгъэп­сэ­ху­пIэхэм кIуэн хуитыныгъэр дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я бынхэмрэ льготэ зиIэ уна­гъуэхэмрэ лъагъэс. 
КъинэмыщIауэ, профучётым щыт сабийхэм папщIэ, «Атажукино» лагерым зыгъэп­сэхугъуэ пIалъитI щызэрагъэпэщащ. 
А Iуэху щхьэпэр ирагъэкIуэкI Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъунымкIэ министерствэм, КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэм, «Пэрытхэр» зэгухьэныгъэм. 
Мы гъэм гъэсэныгъэми гулъытэ нэхъ хуа­щIащ. Ди къэралым хабзэ зэрыщы­хъуам хуэдэу, лагерхэм пщэдджыжь линейкэр Урысейм и гимнымкIэ къызэIуах. НыбжьыщIэхэр хэкупсэ акцэхэм, дзэ-спорт джэгухэм хэтщ, цIыху гъэщIэгъуэнхэм ­яхуозэ. 
Шэч къытесхьэркъым гъэмахуэр сабийхэм я гум фIыкIэ къызэринэнум, ныб­жьэ­гъущIэхэр къагъуэтауэ, я гум гуфIэ­гъуэкIэ зигъэнщIауэ, гъэ еджэгъуэщIэм щIадзэжын хуэдэу». 

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ