Академием и лэжьыгъэр мэкIуатэ

Бадзэуэгъуэм и 28-м Налшык къалэм щекIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зи чэзу зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ блэкIа илъэс ныкъуэм академием зэфIихамрэ, адэкIэ зэ­лэжьыпхъэу къапэ­щы­лъымрэ. КъищынэмыщIауэ, щIэныгъэлIхэр иджыри зэ ириплъэжащ «Ады­гэ­хэр-2040» Iуэхур зэрыкIуа­тэм.

Биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къэжэр Артур, физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Псху Арсен, ЩIДАА-м и президентым и чэнджэщэгъу Бэлахъуэ Олег, нэгъуэщIхэри. 
Академием и лэжьыгъэ Iуэхухэм тепсэлъыхьын ипэ къихуэу, техникэ щIэныгъэ­хэмкIэ доктор, профессор Щомахуэ Лев и Iыхьлыхэм иратыжащ щIэныгъэлIым хуа­гъэхьэзырауэ щыта щIыхь тхылъыр. Дызэрыщыгъуазэщи, Щомахуэр нэхъ пасэу дунейм ехыжащ. 
- ЩIэныгъэр и дуней тетыкIэт ди адэм. Ар и гъащIэм щыщ Iыхьэ мыхъуу, и гъащIэр езыр щIэныгъэм хэлъу къилъытэрт. Сымаджэ хьэлъэу пIэм щыхэлъми, ар тхэрт, гуп­сысэрт, къалэмрэ тхылъымпIэрэ лъыхъуэрт зэпымычу. ФIыщIэ ин фхузощI ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и унафэщIхэм, абы хэтхэм, - жиIащ Щомахуэм ипхъу Алёнэ. 
Япэ Iуэхугъуэхэм теухуауэ къэп­сэ­лъащ Щхьэгъэпсомрэ академием и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ. Ахэр зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ блэкIа илъэс ныкъуэм къриубыдэу ялэжьамрэ зыхэта зэIущIэ­хэм­рэ. 
Гу лъытапхъэщ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Псху Арсен къыхигъэща Iуэхугъуэхэм. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIамкIэ, 2026 гъэм мэлыжьыхь мазэм Къэзахъстаным щекIуэкIат математикэмкIэ зэIущIэшхуэ. Абы хэтащ ЩIДАА-м и лIы­кIуэхэри. 
Дэрэжэгъуэ къозытщ Адыгэ академием Якут Республикэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием, Къэзахъстаным Егъэ­джэ­ны­гъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщ­хьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм Математикэмрэ математикэ моделированием­кIэ иIэ къудамэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым зэгурыIуэныгъэ зэрарищIылIар. Абы тету, ЩIДАА-р дяпэкIэ хэтынущ ­дунейпсо зэIущIэхэм, щIэ­ныгъэ-егъэ­джэныгъэ Iуэху­хэм, щIэ­ныгъэ къэхутэныгъэ­хэм, лэ­жьы­гъэ­хэм. 
БакIуу Хъанджэрий теп­сэ­лъыхьащ «ХIХ - ХХI лIэщIы­гъуэхэм я адыгэ тхакIуэхэр», Iыхьищу зэхэлъ библиогра­фиер дунейм къызэрыте-хьам. 
- Мыпхуэдэ лэжьыгъэ алъан­дэрэ лъэпкъым зэи димыIауэ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Ар тхащ урысыбзэрэ адыгэбзэкIэ. ИкIи сэбэп яхуэхъунущ ди егъэджакIуэхэм, щIэныгъэрылажьэхэм, хэхэс адыгэхэм, еджакIуэхэм. Адыгэ лъэпкъым тхакIуэрэ уса­кIуэу къыхэкIа цIыху 411-м я къекIуэкIыкIар зэрыт тхылъхэр дунейм къытехьащ Къанокъуэ Арсен и мылъкукIэ. Дэ абы илъэс куэд- кIэ делэжьащ икIи ЩIДАА-м къыхилъхьа «Адыгэхэр- 2040» программэм ипкъ иту зэфIэтха Iуэхущ, - жиIащ  абы. 
ЩIэныгъэлIхэр къэпсэлъа нэужь, Щхьэгъэпсом жиIащ академиер 2026 гъэм зэ­лэ­жьыну иубзыхуа Iуэхугъуэхэм я зэхуэдитIыр зэрызэфIахар. 
ЕтIуанэ Iуэхугъуэм теухуауэ зэ­IущIэм къыщыпсэлъащ Къэ­жэр Артур. Адыгэ тхыдэм, щэнхабзэм, бзэм, литерат­у­рэм, IуэрыIуатэм, щIэныгъэм, гъуазджэхэм, гъэсэныгъэм, щIыуэпсым зегъэу­жьыным хуэгъэпса Iуэхур,абы зэрыжиIэмкIэ, и пIэм икIащ. 
- УнэтIыныгъэ зыбжанэ зэгуэдгъэхьащ, зэщIыгъуу тхуэгъэлэжьэну къэтлъытати, зэгурымыIуэныгъэ къызэры­кIын­кIэ дызытегузэвыхь гуэрхэри хэдгъэкIыжащ. Псалъэм папщIэ, фIэщхъуныгъэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер нобэ зэрылажьэ Iэмалхэр, зэ­фIих, дяпэкIэ дызэпэрыувэну дигу илъ Iуэхугъуэхэр йозагъэ «Адыгэхэр-2040» программэм. Ауэ щыхъукIэ, лэжьыгъэр жыджэру кIуатэу жыпIэ хъунущ. КъищынэмыщIауэ, щIэныгъэмрэ техникэмрэ я иужьрей зэфIэкIхэр къэдгъэ­сэбэпу анэдэлъхубзэр хъу­мэ­нымкIэ дамэгъу къэдгъуэтащи, а унэтIыныгъэм дяпэкIэ деувэлIэнущ, - жиIащ щIэныгъэлIым. 
ЗэIущIэм къыщапсэлъахэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм уна­фэ зыбжанэ къызэдащтащ, къыкIэлъыкIуэу зэлэ­жьып­хъэ­хэри яубзыхуащ. 

Тамбий  Гуащэмахуэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ