Дызэзыпх къуэпсхэр куэд мэхъу

Урысей Федерацэр 2036 гъэ пщIондэ зытетыну къэ­рал политикэм и страте­гиер и лъабжьэу, Къэ­бэр­дей-Балъкъэ­рым щыщ щIэ­ныгъэлIхэм, политолог­хэм, юристхэм, гъэ­зэ­щIа­кIуэ органхэм я лэжьа­кIуэхэм республикэм и Лъэпкъ музейм «стIол хъурей» щрагъэкIуэкIащ. Псалъэмакъым щхьэу­сыгъуэ хуэхъуащ УФ-м и Президентым 2024 гъэм накъыгъэм и 8-м къыдигъэкIауэ щыта «Къэралым щызекIуэ политикэм и тегъэ­щIапIэхэм» ятеухуа Унафэ №314-р. 

«СтIол хъурейм» хэтахэр тепсэлъыхьащ къухьэпIэ къэ­ралхэм Урысейм геополитикэ и лъэныкъуэкIэ къы­зэребгъэрыкIуэм зэры­пэ­щIэ­тыпхъэ Iэмалу тхыдэм и пэжыр хъумэн зэрыхуейм. 
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ­Къуэшрокъуэ Залым къы­щыпсалъэм жиIащ блэкIа Iуэхугъуэхэр ехьэкI-нехьэкI хэмылъу къыщIэгъэщы­жы­ныр нобэ ди къэралым и шынагъуэншагъэр хъумэ­ным къыгуэхыпIэ имыIэу зэ­репхар: 
- Дэ IупщIыбзэу долъагъу тхыдэр нобэ ди къэралым къызэреныкъуэкъу Iэмал зэ­рыхъуар. Ди бийхэм тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу яIэр блэкIа зэманым къэхъуа­хэр пхэнжу къагъэлъэгъуэ­нырщ, езыхэм жаIэр цIыху­бэм хуэмурэ я фIэщ ящIу, жылагъуэ гъащIэр къагъэу­тхъуэнырщ. Ауэ щыхъукIэ, УФ-м и политикэм унэтIы­ныгъэ нэхъыщхьэу иIэщ лъэпкъыбэу зэхэт Урысейм и зэкъуэтыныгъэр хъумэ­ныр, къэралым щыпсэухэр бзэкIэ, лъэпкъкIэ е динкIэ зэрызэщхьэщыкIыр абы и къарууэ къэлъытэныр. 
Къуэшрокъуэм къыхигъэщащ зи гугъу ищI щытыкIэм и щыхьэту нобэ Украинэм щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэр къапщтэ зэрыхъунур. Тхы­дэр зэблашурэщ а щIыналъэм нацизмэр къызэрыщагъэщIэрэщIэжар, я щIалэгъуалэм я акъылыр зэрагъэутхъуар. Иужьрей илъэс 30-м Украинэм къыщыдэ­кIуэтеящ Урысейр бийуэ къэзылъытэ щIэблэ, ди къэ­ралымрэ я хэкумрэ я зэ­хуакум дэлъ тхыдэ зэпы­щIэныгъэхэр къабыл ямы­щIыжу. 
Къуэшрокъуэр къызэхуэсахэм къахуеджащ 1945 гъэм накъыгъэм и 10-м Сталин Иосиф цIыхубэм защыхуигъазэм утыку къри­-хьа тхылъымпIэм: «Илъэсищ ипэкIэ Гитлер жиIауэ щытащ Совет Союзыр зэпкъ­ригъэхуу, абы Кавка­зыр, Украинэр, Белоруссиер, Прибалтикэр, нэгъуэщI щIыналъэхэр гуигъэхуну зэримурадар. «Урысейр зыкъимыIэтыжыфын хуэдэу хэд­гъэкIуэдэжынщ», - жи­Iэрт абы». 
«Зыми зихъуэжакъым, - къыхигъэщащ Къуэшро­къуэм. - Гитлер Кавказым щызэбгритыкIыу щыта листовкэхэм хуэдэ дыдэщ ноби нацизмэр къызэрыдэбгъэ­рыкIуэр. Абыхэм закъедгъэгъапцIэ хъунукъым. 
«СтIол хъурейм» къыщып­сэ­лъахэщ республикэм и тхы­дэджхэмрэ экспертхэм­рэ: Тумэ Аскэр, Багъэтыр Алим, Тэтэр Азэмэт, Тен Тимур, нэгъуэщIхэри. 
- Дэ ди Iэщэр - икIуэт димыIэу ди адэжьхэр зытетам дытетынращ, - пищащ псалъэмакъым ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Дэ тегъэщIапIэ пщIы хъуну блэкIа щыпкъэ диIэщ. Ди зэхуэдэ тхыдэм нэхъ хуабжьу, нэхъыбэрэ тепсэлъы­хьын хуейуэ аращ. Пэжыр ди республикэм исхэми, къэ­рал щIыбым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми ялъэгъэ­Iэсыпхъэщ. Пэжщ, Петр Еза­нэм деж щегъэжьауэ, уигу щIыхэщIын куэд къы­щыхъуащ ди блэкIам. Ауэ дызэкъуэзыгъэувэр, зыуэ зы­къыщIэтлъытэжыпхъэ Iуэху­гъуэхэри нэхъыбэжщ. 
Сэхъурокъуэр тепсэ­лъы­хьащ чыристан динымрэ ­ислъамымрэ я мыхьэнэм ди къэралым кIуэ пэтми зэ­ры­щыхэхъуэм. «Феплъыт дэ къытпэщIэувахэм, - жиIащ тхьэмадэм. - Ахэр Тхьэр зи фIэщ мыхъуж гупщ, къарукIэ ди къэралыр иращIыкIыфын я гугъэу. АтIэ, абыхэм дапикIуэту, ди адэжь­хэм я лъыр щIагъэжа лъабжьэр къредгъэщIы­кIыну ара? Дэ нэгъуэщI Къэбэрдей-Балъкъэр диIэкъым, фэращ пщэдейрей махуэр мамыру щытынымкIэ дызыщыгугъыр». 
Псалъэмакъыр и кIэм щынэсым, зи гугъу ящIахэр къызэщIикъуэжрэ пэт, Къуэш­рокъуэ Залым тепсэ­лъыхьащ сыт щыгъуи цIыхубэм я акъылыр зэрагъэутхъуэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэм - Кавказ зауэм:
«Кавказ зауэм дыщытеп­сэлъыхькIэ, дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым къэралым гурэ псэкIэ къулыкъу хуэзыщIа ди адэжьхэри. Иужьрей илъэс 30-м дэ я гугъу тщIы зэпытщ Иор­данием и пащтыхьыр зы­хъумэ адыгэ щIалэхэм. Ауэ щыхъукIэ, урыс пащтыхьым и гвардием хэта адыгэхэр дигу къэдгъэкIыжыркъым. Сыт зэран къытхуэхъур ­абыхэм я лIыгъэмкIэ дыгушхуэну? 
Урысеймрэ дэрэ ди зэ­хуэдэ тхыдэм лъабжьэшхуэ иIэщ. Зэгъусэу зы щIыналъэ зэфIэдгъэуващ дэ. Мы «стIол хъуреймкIэ» псалъэмакъыр дублауэ аращ, лэжьыгъэм адэкIи къыпыт­щэнущ. Ауэ зыщыдвмыгъэгъупщэ ди лъэпкъ­хэр зэзыпх къуэпс­-хэр нэхъ быдэху, тхы­дэми къыкIэлъыкIуэ лъэ­ба­къуэр нэхъ тегушхуауэ зэ­ричынур». 
КЪУДЕЙ  Iэминэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.

12.11.2026 - 09:03

Бгъуэтыжынур пщIаращ

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ» – аращ зэ­реджэр анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ хъумэным, егъэфIэкIуэным, щIэб­лэр абыхэм щIэпIыкIыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI цIыху гуащIафIэхэр зыгъэлъапIэ къэрал саугъэтым

11.11.2026 - 10:01

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

11.11.2026 - 09:03

Iэсият и IэрыкI гъуэзэджэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ СэвкIуий Iэсият и Iэдакъэ­щIэкI лэжьыгъэхэм я гъэ­лъэ­гъуэныгъэ.