Тыркум, Къайсэр къалэмрэ Къайнэр къуажэмрэ, иджыблагъэ щекIуэкIащ Адыгэхэм я дунейпсо зэхуэсышхуэ. Къайсэр къалэм щыIэ Кавказ Хасэм зэхиша Iуэхум хэтащ дунейм щикъухьа адыгэхэр. Абы концертышхуэ щитащ Черкес ФМ-м. Къэбэрдей-Балъкъэрым и артист пажэхэу Нэхущ Чэрим, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Нэхущ Тимур, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ уэрэдымрэ къафэмрэ хузэIуаха утыкушхуэр ягъэдэхащ. «КхъуейплъыжькIэрыщIэ» гуфIэгъуэ дауэдапщэм ехьэлIа хабзэхэр абы щигъэлъэгъуащ, щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ папщIэ зэпеуэхэр щригъэкIуэкIащ адыгэ джэгуакIуэ Джэдгъэф Беслъэн. Iуэхур зэрекIуэкIар сурэтхэмкIэ ди нэгу щIигъэкIыжащ ЖьэкIэмыхъу Даринэ. Зэхуэсым ирагъэблэгъат адыгэ фэилъхьэгъуэхэр зыдхэр, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр зыщI IэпэIэсэхэр. Ахэр гуп дахэу зэхуишэсу Тыркум зышар Балъкъэр Жанщ. Зэхуэсышхуэр иужьрейуэ 2019 гъэм екIуэкIауэ щытащ, цIыху мин 20 хуэдиз хэту. Мы гъэм Iуэхур къагъэщIэрэщIэжащ - мин 30 хэтыну хуагъэфэщами, мини 100-м нэс къекIуэлIащ. ДяпэкIэ мыпхуэдэ зэхуэсыр илъэс къэс ирагъэкIуэкIыну я мурадщ.
Ди республикэм и лIыкIуэу Тыркум щыIахэм ящыщхэр къытхутепсэлъыхьыжащ Iуэхур зэрекIуэкIам, ягу къинэжам.
Мэкъушэ (Бырхьэм) Заирэ, IэпэIэсэ:
- Ди IэрыкIхэр дгъэлъэгъуэну драгъэблэгъащ адыгэ зэхуэсым. Iэпщэхъухэр, Iэлъынхэр, лэрыпсхэр дгъэлъэгъуащ, икъукIи ди нэгу зиужьащ. Ди нэ къикIырт Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэдгъэлъагъуну, дахэплъэнуи, абы дыщыкIуэну зэманым дыхуэпIащIэрт. ХьэщIагъэшхуэ къыткIэлъызэрахьащ ди лъэпкъэгъухэм. Къайсэр щыIэ Адыгэ Хасэм дашащ, дызэщIэупщIащ, адыгэ Iуэхум дытепсэлъыхьащ. Псом нэхъыбэу дигу дыхьари?! Бзэр зэращIэр! ХамэщIым анэдэлъхубзэр щыпхъумэ- ну зэрымытыншыр къыдгуроIуэ. Адыгэ лъэпкъым и щхьэм кърикIуащ гуауэщхьэуэ куэд, ди тхыдэр гуузщ. АтIэми, апхуэдизу лъэпкъ уардэщ адыгэри, и бзи, и хабзи, и щэнхабзи ихъумащ. Ди унэкъуэщхэм даIущIащ, дызэрыцIыхуащ. Дэнэ щIыпIэ дыщыIэми дызэрызэпыщIар, ди бзэр зэрытхъумэнумрэ лъэпкъым дызэрыкъуэтынумрэ иужь дызэритым зэхуэдэ дещI. Дэнэ щыIэ адыгэри дызэшщи, Тхьэм мыпхуэдэ зэхуэс дахэхэм хэплъэн, зи мурадхэр къыхузэпищэн лъэпкъыу дыкъихъумэ!
МэщкIуащэ Маринеттэ, IэпэIэсэ:
- Сипхъумрэ сэрэ дызэщIыгъуу дригъэблэгъащ Тыркум кIуэну ди гупыр къызэзыгъэпэща Балъкъэр Жан. Гупым бзылъхугъэ гуащIафIэхэр хэтащ, лъэпкъым и къэкIуэнум теухуа Iуэху дахэхэм пэлъэщу. Истамбыл дылъэтащ, абы дикIри, Къайсэр дынэсащ - гъуэгури щIэщыгъуэт, жыхуэсIэщ. Бысым дезыгъэблэгъахэм шхапIэм къыщызэрагъэпэщат гуфIэгъуэ пшыхь - уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, пшынауэхэр щыIэт. Гуапэу дызэбгъэдэсащ, дыкъызыхэкIа лIакъуэхэм дытепсэлъыхьащ. ЕтIуанэ махуэм Тыркум щыпсэу адыгэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ Хэкум икIахэмрэ ди IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ екIуэкIащ. Iуданэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ хэдыкIа лэжьыгъэхэр, дыщэидэм ехьэлIахэр, хьэпшып зэрыхъахэр - куэд щытлъэгъуащ абдеж. Бзылъхугъэ IэпэIэсэхэр гъэщIэрэщIат - я фэилъхьэгъуэм адыгэ тхыпхъэ е дамыгъэ гуэр Iэмал имыIэу къытещырт хэдыкIауэ, е кIэрегъэубыдауэ. Ещанэ махуэм зэхуэсышхуэр екIуэкIащ. Гухэхъуэт абы цIыхуу къекIуэлIам уахэплъэну. Губгъуэшхуэм деж Iуэхур щекIуэкIырти, шэтэр цIыкIухэр щрагъэувэкIат. Бзэм, лъэпкъым, къэкIуэнум абдеж щытепсэлъыхьырт, IэпэIэсэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ я лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэрт, уэрэджыIакIуэхэм утыкур ягъэдахэрт. Сыт хуэдэ гуфIэгъуэт апхуэдиз адыгэм уахэплъэн къудейр!
Шишман (Црым) Залинэ, IэпэIэсэ:
- Адыгэхэм я зэхуэсым драгъэблагъэри, тфIэфIу дыхэтащ. Псом япэу, фIыщIэ яхузощI, апхуэдэ Iуэху дахэм дыхэзыгъэплъахэм, адыгэм и зэхэтыкIэ екIур абдеж щытлъагъуну Iэмал къыдэзытахэм. IэпэIэсэхэм ди IэрыкIхэр дгъэлъэгъуэным зы махуэ хухахати, хэхэсым щыпсэу ди бзылъхугъэхэми Хэкум икIахэми ди IэдакъэщIэкIхэр утыкум къитхьащ, абыхэм еплъхэр зыщIэупщIэхэм жэуап еттащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэр адыгэм и зэхуэст. КъыпхуэмыIуэтэн хуэдизщ абы гухэхъуэу щытлъэгъуар. Сыту къаруушхуи ирахьэлIа апхуэдэ Iуэхур къехьэжьэным, зэгъэуIуным, адыгэ хабзэр зыщIыпIэ дежи щымыкIуэ-ду зэтраублэным. ЦIыху минищэ хуэдиз къызэхуэсагъэнущ, къызэрабжамкIэ. Цыхухэр зэрылъэгъуащ, гушхуащ, зэщIэупщIащ. Сэ Къайсэр япэу сыкIуауэ аращ, Истамбыл щIэх-щIэхыурэ сыкIуэ пэтми. ХьэщIэхэр Каппадокие дашэри ди нэгум зрагъэужьащ. Сэ адыгэ зэхуэсыр IэфIу си гум илъынущ, куэдрэ сигу къэзгъэкIыжын щыслъэгъуащи. ДызэкIэлъыкIуэным, дызэрыщIэным и мыхьэнэр зыхащIагъэнущ зэхуэсышхуэм хэта псоми.
Къармэ Iэсият, «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэм и унафэщI:
- Мазэ зытIущ ипэ къихуэу зэхуэсым драгъэблэгъати, абы зыхуэдгъэхьэзырыну зэмани Iэмали диIащ. «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэм и «Адыгэбзэ» тхылъым и Iэрытхи иджыблагъэ къыдэдгъэкIащ, Тэтэр Iэминэрэ сэрэ зэхэдгъэувэри. Нэхъыбэу зэхуэсым дыщIрагъэблэгъари, мис а ди лэжьыгъэхэр дгъэлъэгъуэну, ди гъэсапIэм адыгэбзэмкIэ дерсхэр зэрыщекIуэкIым, IэпщIэлъапщIагъэм, шыкIэпшынэ еуэным цIыкIухэр зэрыхуэдгъасэм дытепсэлъыхьыну арат. Къайсэр Адыгэ Хасэм дригъэблэгъащ ди IуэхущIафэхэм щыгъуазэу. Адыгэ зэхуэсым къэкIуа куэд къыдбгъэдыхьащ, ди интернет напэкIуэцIым кIэлъыплъу, ди IуэхущIафэхэр я гум дыхьэу жаIэу. Ар ди гуапэ хъуащ. МахуищкIэ екIуэкIа зэхуэсым и ещанэ махуэм Къайнэр къуажэм дыщызэIущIащ дуней псом щикъухьа адыгэхэм я лIыкIуэхэр. Губгъуэ хуитышхуэм цIыхур изти, уахэплъэн къудейри гухэхъуэт. Ди тхылъхэр, ди гъэсэн цIыкIухэм ящIа IэрыкIхэр дгъэлъэгъуащ. Къармэхэ ди лъэпкъэгъухэр ди хэщIапIэм накIуэурэ дыкъалъэгъуащ. Зэхуэс нэужьым ди унэкъуэщхэм гуапэу дабгъэдэсащ. Абыхэм хьэщIагъэу къыдахам, хабзэу къыткIэлъызэрахьамрэ Iущагъыу зэхыдагъэхамрэ псалъэкIэ къысхуэмыIуэтэщIми, гупсысэ щхьэпэ куэд къыхэсхащ.
Къущхьэ Аксанэ, бухгалтер, «Лашын» бзылъхугъэ хасэм и гуащэ:
- НэхъапэIуэкIэ Къайсэр къалэм срагъэблэгъауэ щытащ адыгэ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэм абы щыпсэу ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэхэр хуезгъэсэн папщIэ. Арати, зэхуэсым япэ къихуэу Къайсэр сыкIуэри, езгъэджахэм саIущIащ, Къайсэр, Къайнэр щыIэ хасэхэм, Кавказ Хасэшхуэм сыщыхьэщIащ. Адыгэ зэхуэсышхуэм срагъэблэгъащ «Лашын» бзылъхугъэ хасэм срилIыкIуэу. «Лашыным» къыдэдгъэкI шей лIэужьыгъуэхэм ящыщхэр тыгъэу яхуэсхьащ, «Анэм и пщэфIапIэм» зыфIэтща, адыгэ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэр зэрыт тхылъыр тыркубзэкIи зэддзэкIати, ари бзылъхугъэхэм яIэрыдгъэхьащ. Къайсэр адыгэ шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыр шхапIэхэр щыIэщ. Абыхэм ящыщ зыр сэ ди шхыныгъуэ-хэм я пщэфIыкIэм хуезгъэджахэм ящыщщ къызэIузыхар. Пынар-Баши къалэм пэгъунэгъущ зэхуэсыр щекIуэкIа Къайнэрыр. ИкIи Пынар - Баши дикIыу абы дынэсыхуи, адыгэ къуажэ зыбжанэм дыблэжащ. Зэхуэсым щагъэлъэгъуащ адыгэ хабзэ дахэ. СфIэгъэщIэгъуэну сызыкIэлъыплъахэм ящыщщ «КхъуейплъыжькIэрыщIэ» гуфIэгъуэ дауэдапщэр. ЩIалэ цIыкIухэр абы зэрыдэпщейр, а кхъуейм лъэIэсын папщIэ лIыгъэ зэрызыхалъхьэр, зы щIалэ цIыкIум кхъуей плъыжьыр къызэрыфIиу-дар - псори гухэхъуэт. Адыгэ къуажэхэм дэсхэр, къулыкъущIэхэр, нэгъуэщIхэри некIуэлIащ зэхуэсым. Абыхэм псалъэ гуапэхэр жаIащ адыгэхэм ятеухуауэ. Зэрылъэпкъ дахэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэм телъыджэ ящыхъу щэнхабзэфIхэр зэрахэлъыр, ди лъэпкъым пщIэ зэрыхуащIыр къыхагъэщащ къэрал къулыкъущIэхэр къыщыпсалъэм. Адыгэ шхапIэхэм я шэтырхэр куэду къегъэувэкIат. Сабийхэми гулъытэ яIащ. Ахэр щыджэгун щIыпIэхэри къыщызэрагъэпэщат абдеж, хъыринэ нэгъунэ иращIати, цIыкIухэр зэшыртэкъым. Нэхъыжьхэр уэршэру, щIалэгъуалэр къафэу, сабийхэр джэгуу зэхэтащ зэхуэсыр. Тыркум щыIэ ди лъэпкъэгъухэр Iуэхум зэрызэкъуигъэувэр хуабжьу си гуапэ хъуащ. Къайнэр щыщ зыгуэрым сеупщIат, абы цIыхуу къыдэкIым си гур хагъахъуэу, «Къайнэр зыгуэр къыдэна мыбы къэмыкIуэу?» жысIэри. «Зыри къыдэнакъым, сыт Къайнэр адыгэ къыдэнэн щIыхуейр, мыбдеж лъэпкъ зэхуэс щыIэу?» - жиIэри си упщIэр игъэщIэгъуащ. Апхуэдиз адыгэм уахэплъэну икъукIэ гухэхъуэт. НэхъыфIыжыр а къомыр адыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэм ущIэдэIунырт. Сэ жысIэркъым абдеж тыркубзэ щызэхэдмыхауэ, ауэ адыгэбзэ дахи яIурылът.
Хьыжьрокъуэ Азэмэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм хэт:
- Лъэпкъыр зэхэплъащ, зэрыщIащ, зэкIэлъыгъуэзащ. ХьэщIагъэшхуэ къыдахащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм. Къахэзгъэщыну си гуапэщ Къущхьэ Ердалрэ Тамбий Айхьэнрэ. ТIури тхакIуэщ, дин лэжьакIуэщ.
ФIагъ псоми дыщытепсэлъыхьым деж, гулъытэ хуэныкъуэ Iуэхугъуэхэри лъэныкъуэ едгъэз хъуну си гугъэкъым. Нэхъыжьхэр адыгэбзэкIэ зэрыпсалъэм, щэнхабзэм зэрытепсэлъыхьым икIи зэрагъэлъагъуэм укIэлъыплъыну гуапэт. Ауэ щIалэгъуалэм адыгэбзэр зымыщIэ куэд зэрахэтми гу лъыттащ. Пэжщ, щэнхабзэм хащIыкIыр щIалэгъуалэм, адыгэ джэгур дахэу къызэрагъэпэщ, уэрэдхэм дожьу. Ауэ къафэмрэ джэгумрэ ящIыгъун хуейщ бзэр, аращ псоми щIэдзапIэ хуэхъур.
Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэ, пшынауэ:
- Си насып кърихьэкIащ адыгэм я зэхуэсышхуэм сыхэтыну. Хуабжьу узыгъэгуфIэщ щытлъэгъуар. Дунейм и щIыпIэ куэдым къикIа ди лъэпкъэгъухэм я зэхэтыкIэ дахэм, я хьэщIагъэм, зыр адрейм щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъуфым, лъэпкъым теухуа Iуэхушхуэр жану зэрызэдапхъуатэм укIэлъыплъыныр гухэхъуэт. Ди республикэм икIауэ абы хэтащ ди уэрэджыIакIуэ пажэхэр, IуэхуфI зылэжь адыгэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, зи IэрыкIхэр дунейм къыщацIыху IэпэIэсэхэр. АтIэ ар телъыджэкъэ - дуней псом адыгэ щэнхабзэр щыбгъэлъэгъуэну, лъэпкъ куэд абы къебгъэхъуэпсэну, Iуэху хъуамэ - гушхуауэ узэхыхьэжыну!
Тэтэр Iэминэ, егъэджакIуэ:
- Дуней псом щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр щызэхуэса Iуэхум сызэрыхэтам сринасыпыфIэщ. Абы сыхагъэплъэну зигу къэкIа Къармэ Iэсиятрэ Балъкъэр Жанрэ фIыщIэшхуэ яхузощI. ЖыпIэнурамэ, ди республикэм икIа гупыр абы хэтащ лъэпкъым хуэфэщэну. Апхуэдэ утыкушхуэм лъэпкъ IуэхукIэ уихьэу екIуу укъикIыжыныр куэд и уасэщ. Апхуэдиз илъэскIэ хамэ щIыпIэм щыпсэуа ди лъэпкъэгъухэм къыткIэлъызэрахьа адыгагъэр сыту гухэхъуэт! Ди щIыналъэр зыгъэуардэ уэрэджыIакIуэ пажэхэм абдеж дазэрыщыхуэзами дамэ къыттригъакIэрт. Унэм сыкъызэрекIуэлIэж махуэрэ сытопсэлъыхьыж абыи, схуэухыркъым. Нэхъыжь дызыхуэзахэм лъэщу бзэр яхъумащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъ щIалэIуэхэм апхуэдэу къабзэу яIурылъкъым анэдэлъхубзэр. ИтIани, щIалэгъуалэм ящыщу бзэр зыхъумам, я псэлъэкIэр зыкIэ къабзэщи, сыт хуэдиз фIыщIи щытхъуи яхуэфащэщ. Хасащхьэм хэт щIалэгъуалэр-щэ! Iуэху хэтыкIэ, цIыху бгъэдэтыкIэ, хьэщIагъэм и пIалъэ ящIэу! Абыхэм щIыпIэ дахэхэм зыщыдагъэплъыхьащ, шхапIэхэм дыщагъэхьэщIащ. СызыщыгуфIыкIри? Мис а щIалэгъуалэр Хасэм иригъэкIуэкI Iуэхухэм хэтщ, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ я щапхъэ ялъагъуу къыдокIуэтей. А къэралым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къащIэувэн яIэщ. Ар адыгэр дызыгъэгугъэщ, дызыгъэгуфIэщ. Адыгэ зэхуэсыр щекIуэкIа къалэми, абы пэгъунэгъу адыгэ жылагъуэхэми дэсхэм зэрыунагъуэу зыкъаIэтурэ Iуэхум хыхьащ. Нэхъыжь дыдэхэм я деж щегъэжьауэ, нэхъ цIыкIу дыдэхэм я деж нэсыжу Iуэхум хэтт.
ЖьэкIэмыхъу Даринэ, сурэттех:
- Сурэттехыу сащIыгъуащ адыгэ зэхуэсым щыIахэм. Си гур хэзыгъэхъуа куэд щыслъэгъуащ, щыслъэгъуами къыщымынэу, сурэт хъугъуэфIыгъуэу а махуэхэр зэхуэтхьэсыжащи, доплъыж, дытопсэлъыхьыж гуапэу. Апхуэдэу тпэжыжьэ хамэ къэралым дыкIуауэ абы адыгэбзэкIэ дызэрыщыпсалъэр, зэлъэпкъэгъухэр анэдэлъхубзэкIэ дызэрызэрыщIэр сфIэхьэлэмэтти, си гур пIейтейуэ къигуфIыкI зэпытт. Тыркум щыпсэу адыгэхэр къызэрытщыгуфIыкIыр, нэхъыфIу яIэр дагъэлъагъуну, къытхуэупсэуну зэрыхуейр зыхыдагъащIэу гурэ псэкIэ къытпежьащ. Сэ япэ дыдэу хамэ къэрал сыщыIауэ аращ, зэхуэсым сыкIуэн папщIэ япэу ситIысхьащ кхъухьлъатэм! Ари хьэлэмэттэкъэ!
Зэхуэсым щытлъэгъуам куэдрэ дытепсэлъыхьыжынущ. Сигу къинэжа зы теплъэгъуи бжесIэжынщ. Гупым тщIыгъу Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэ пшынауэщи, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ куэдым къацIыху. Тыркум дыщыIэхуи, и цIыхугъэхэр къыбгъэдыхьэурэ, къыщIэупщIащ. Апхуэдэу, зы лIы гуэр къыбгъэдыхьауэ, щызэщIэупщIэхэм, Тэтэр Iэминэрэ сэрэ тIэкIу лъэныкъуэкIэ дыкъыIукIуэтат. ЛIыр щыIукIыжам, Сюзаннэ и нэпсхэр къызэпижыхьат, зыхуэтхьынур дымыщIэу. АтIэ къыбгъэдыхьам къыхуиIуэтэжа зы Iуэхугъуэр и гум ешыкъылIауэ арат. Зэгуэр, ар Хэкум къэкIуэжырти, а зэманым гукъыдэмыж, зи жьыхъугъуэ и анэр къелъэIуат щIы Iэбжьыб здыхуихьыну!
ГУГЪУЭТ Заремэ.