Макъамэрэ гушыIэрэ зэбэкIа пшыхь

Щэнхабзэ зыужьы-ныгъэмкIэ «Искож» хьэблэм щыIэ центрым щыIащ ЭстрадэмкIэ ­теат­рым (уна­фэщIыр  КъБР-м и цIыхубэ артист Думэн Мурадинщ) и «Макъамэмрэ гушыIэмрэ я махуэшхуэ» пшыхь гукъинэжыр. Ар иригъэкIуэкIащ театрым и артисткэ Соблыр Динарэ. 

Пшыхь гуапэр театрым и артистхэм адыгэ къа­фэ­жьымкIэ къызэIуаха нэужь, утыкур хуит хуа­щIащ ­КъБР-м и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ Зеу­шэ Iэуесрэ КъБР-м  щIыхь зиIэ и артист Джыназ Нурбийрэ. Адыгэбзэ шэрыуэкIэ ягъэ­зэщIа «Адыгэ лъахэ», «Си дахэкIей» уэрэдхэр къызэ­хуэ­сахэм ягу зэрыдыхьам и щы­хьэту Iэгуауэшхуэ хуа­Iэтащ. 
АдэкIэ гушыIэ дахэ зыхэлъ теплъэгъуэхэр ягъэ­зэщIащ КъБР-м и цIыхубэ артист, эстрадэмкIэ теат­рыр зыгъэбжьыфIэ Къу­ныжь Алим, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тхьэщыгъуей Жаннэ, театрым и артистхэу Мысост Вадим, Къардэн Заур, Тэмазэ Iэулият сымэ. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Уэтэр МуIэед, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м гъуазджэ­хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ Хьэпажэ Заудин, ма­къамэ Iэмэпсымэхэм ­еуахэу Увыж Анзор (накъырапщэ), ЩIанкIэ Тамерлан (пшынауэ), Хьэ­пэнцы Астемыр (бэ­рэ­бэнауэ), театрым и артисткэ Шэшэн Заирэ сы­мэ, нэ­гъуэщIхэми.
КъыжыIапхъэщ, утыкум щагъэлъэгъуа гушыIэ теплъэгъуэхэм ди нобэрей ­гъащIэм, цIыхухэм я хьэл-щэнхэм хэлъ мыхъу­мы­щIа­гъэхэм дызэрыхагъэп­лъэжар, абыхэм теат­реплъхэм гу лърагъэ­тэжрэ ахэр зыханыным теухуа гупсысэ-хэр я гум къыщагъэушу. ЦIыхухэм я нэгу зрагъэу­жьын, ягъэ­дыхьэшхын къудей м­ы­хъуу, театрым гъэсэ­ныгъэ мыхьэнэи зэриIэм и щы­хьэтщ ар.
«ГушыIэр Тхьэм и щIа­сэщ», - жиIащ пасэ­рейм. Ма­къамэ гуакIуэмрэ гушыIэ дахэмрэ щызэхэухуэна пшыхь гуапэм зэхуишэсахэм я бжыгъэм тепщIыхь­мэ, ар цIыхубэми зэращIасэр нэры- лъагъущ. Ар ди гъащIэм хэмытамэ, дауи, нэхъ фагъуэ хъуну къыщIэкIынт, сыту жыпIэмэ абы гукъыдэж къует, дунейм къыщыхъу гузэвэ­гъуэхэм зы зэманкIэ укъы­хеш. 
Лъэпкъ макъамэмрэ ­гушыIэ дахэмрэ къа­дэкIуэу, гуапагърэ хуабагъэкIэ гъэн­щIауэ сыхьэ­титIым нэб­лагъэкIэ екIуэкIа пшыхь щIэ­щыгъуэр къы­зэхуэсахэм гукъинэж ящы­хъунтэкъэ?! Артистхэмрэ уэрэ­джы­Iа­кIуэ­хэмрэ яхузэфIэкIащ лъэпкъ макъамэр псэкIэ зыхэзыщIэхэм, ар зигу щызыгъафIэхэм, гушыIэ дахэр зыфIэфIхэм я гукъыдэжым хагъэхъуарэ дэрэжэгъуэ иратауэ ирагъэжьэжыну. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ