Ди республикэм ис щIалэгъуалэм гулъытэ яIэщ. Я хъуэпсапIэхэр къайхъулIэн, я мурадхэм лъэIэсын папщIэ къэралыр зыхуекIуэ Iэмалхэр ди щIыналъэм гъэзэщIа щохъу. Иужьрей зэманым ныбжьыщIэхэр зыхэт Iуэхухэр махуэ къэс зэрекIуэкIри долъагъу. А псом я къызэгъэпэщыкIэм, ди щIалэгъуалэр зыхуэдэм, щIэблэр гъэсэным пыщIа гугъуехьхэм теухуауэ депсэлъащ ЩIалэгъуалэм я унэм и унафэщI Дзэгъащтэ Азэмэт.
- ЩIалэгъуалэм я унэм щывлэжьхэм я гугъу къытхуэщIыт, Азэмэт.
- Мыбы «ЩIалэгъуалэм я унэ» зэрыфIащрэ Iуэхугъуэ куэд дыдэ щекIуэкIащ. ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министерствэр республикэм щхьэхуэу къызэрыщыунэхурэ илъэсищым щIигъуащ. 2024 гъэм мазаем и 13-м ЩIалэгъуалэм я унэм и бжэр къызэIутхащ, Iуащхьэмахуэ нэмыцэ бэракъыр къыщраудыхыу СССР-м и бэракъыр щытрагъэувэжа махуэм техуэу. Зэман щIагъуэ дэкIыркъым мыбы Iуэху щхьэпэ щемыкIуэкIыу, уеблэмэ зы махуэм Iуэхугъуэ зыбжанэ щызэтехуи щыIэщ. Концерт щагъэлъагъуэ ди залышхуэм цIыху щибгъум нэс щIохуэ. ЦIыхуищэ, щитI хуэдиз щIэхуэу пэш зыбжани диIэщ, лэжьапIэ пэшхэм нэмыщI. Аращи, цIыху минитIым щIигъу зыхэт Iуэхугъуэ щыдогъэкIуэкIыф мыбы.
Сыт хуэдэ Iуэху едгъэкIуэкIми, къэралым, республикэм я гимнхэмкIэ къыщIыдодзэ. Гимныр къыщеуэкIэ дэ дыкъызэрытэдж къудейракъым мыхьэнэ зиIэр. Къэралым пщIэ хуэтщIу дыкъэзы- лъагъу сабийхэм, ар ягу ираубыдэ, щапхъэ яхуохъу. Гимныр щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ зы Iэмалу къэбгъэсэбэп мэхъу. НэхъапэIуэкIэ щIалэгъуалэр зыхэт Iуэхугъуэхэр нэхъ зытращIыхьыр ныбжьыщIэхэмрэ сабийхэмрэ я нэгу зрагъэужьынырт. Дэ зы Iуэхугъуи едгъэкIуэкIыркъым щIагъыбзэ узыншэ щIэмылъу. КупщIэр гъэсэныгъэращ, щIалэгъуалэм я нэгу зегъэужьыныр - фащэщ.
Ди республикэм къыщрахьэжьэ Iуэхугъуэшхуэхэр щокIуэкI ЩIалэгъуалэм я унэм. Ар конференцэ, зэIущIэ, пшыхь, лекцэ ирехъуи, мыбдеж зыхуей хуэгъэзауэ къыщызыдогъэпэщыф. ЩIалэгъуалэм ялъагъу Iуэхур екIуу къызэрызэгъэпэщын хуейм и щапхъэхэр, а псор я нэгум щIэкIа, езыхэри хэта нэужь, къагуроIуэ цIыху къэс зы Iуэхугъуэшхуэ гуэрым и Iыхьэу зэрыщытыр.
ЩIалэгъуалэм я унэм хэт пэшышхуэм мыхьэнэ иIэщ ди артистхэм дежкIэ. Хэт и щIалэгъуэр абы щыкIуащ, хэт абы епха гукъэкIыжхэр иIэщ, хэт пэшым и утыкум къихьэну фIэфIщ. Аращ ткъутэу къэдгъэщIэрэщIэж мыхъуу, зэрыщытым хуэдэу къыщIэдгъэнар. Артистхэм концерт ятынумэ, ди пэшышхуэр хуит яхудощI. Дэ къэрал е республикэ Iуэху къетхьэжьэмэ, ар тхуагъэдэхэну къытхуоблагъэ ахэр. ЗызэщIыдогъакъуэ, дызэдоIэпыкъу.
«Эльбрус» фIэщыгъэр иIэу республикэм къыщызэдгъэпэщыну ди гугъэщ щIалэгъуалэм зыщагъэпсэху, я гупсысэм зыщрагъэужь лагерь. Ар «Мэшыкъуэ» лагерым хуэдэну къыщIэкIынущ, инагъкIэ абы хуэмыдизынуми. Мы гъэм и фокIадэм къызэIутхыну ди мурадщ.
Псом хуэмыдэу иужьрей илъэсхэм къэралым мыхьэнэшхуэ ирет щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм. Сыту жыпIэмэ, дэ нобэ щIэблэр дымыгъасэмэ, хамэм игъэсэну иужь ихьэнкIэ хъунущ, Iуэхум бзаджагъэ хилъхьэу. Куэд дэкIакъым Москва дыкъызэрикIыжрэ, щIалэгъуалэм ятеухуа зэIущIэшхуэ дыхэтауэ.
- Сыт абы нэхъ фызыщытепсэлъыхьахэр?
- ЩIалэгъуалэр фIым хуэдущиин, я хьэл-щэнкIэ зедгъэужьын папщIэ мы зэманым щыIэ Iэмалхэм щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. «ЩIалэгъуалэр къэбгъэдэIуэну щхьэ гугъу хъуа? Дызыпэмылъэщ Iуэхугъуэ щхьэ къыкъуэкIрэ?» - мис апхуэдэ упщIэхэм ятеухуат къэпсэлъэныгъэхэр. КъаIэта Iуэхухэр тыншкъым, дунейм щIэхыщэу зызэрихъуэжым тепщIыхьмэ. Iей зигу илъхэр сыт щхьэкIи къэувыIэнукъым. Абы къыхэкIыу дыхуэбэлэрыгъ хъунукъым щIэблэм.
- ЩIалэгъуалэм заужьынымкIэ мы зэманым Iэмал куэд яIэщ. Абыхэм хуиту тегушхуэрэ, я гупсысэкIэ пэлъэщрэ, тыншу утыку ихьэфрэ ныбжьыщIэхэр?
- Зэщхькъым щIалэгъуалэр. Гушхуахэр, утыкум тыншу ихьэхэр, жьакIуэхэр щыIэщ. Яхэтщ зэфIэкI яIэ пэтми, утыку ихьэну укIытэхэр, я лэжьыгъэр зэи зымыгъэлъэгъуахэр, зи гупсысэ жызыIэну темыгушхуэхэр. ЗэфIэкI бгъэдэлърэ, ар зэригъэлъэгъуэн гушхуэныгъэ хэмылъу гу лъыттэмэ, ар къыдогъэблагъэ, допсалъэ, дызэщIыгъуу тщIэнIауэ тыдогъэгушхуэ.
Дрогушхуэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ къэралым пашэныгъэ щызыIыгъ щIыналъэхэм дащыщщи. ЩIэблэ дахэ диIэщ, гъэсэныгъэкIэ дахуэбэлэрыгъын хуэмейуэ аращ. Психологхэр зэхуэтшэсурэ гъэсэныгъэм дытопсэлъыхь, гу зылъыттэн хуейхэр къыхыдогъэщ, хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ зэщIыгъуу къыдолъыхъуэ.
- ЩIэблэм я гъэсэны-гъэм теухуауэ зэфIэфх лэжьыгъэхэм и щапхъэ къытхуэпхьын?
- ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министерствэр къызэрыунэхурэ «ЩIалэгъуалэм я щIыналъэ» («Регион для молодых») лэжьыгъэр йокIуэкI. Сыт абы и мыхьэнэр жыпIэмэ, республикэм и щIыналъэхэм унэ бгынэжа е ныкъуэкъутэ щыIэмэ, ар щIалэгъуалэ IуэхущIапIэ ящI. ЩIыналъэ щхьэхуэр грант щат зэпеуэм хохьэ-ри, ар къахьмэ, а зи гугъу тщIа унэжьыр къызэрагъэщIэрэщIэжын ахъшэ къаIэрохьэ. Ар федеральнэ мылъкум къыхокI, хуримыкъур республикэм дыщIегъу. ИлъэсиплI хъуауэ ди республикэр а зэпеуэм пашэ щохъу. Iуэхур къызэрежьэрэ абы дыхэтыныр къыддиIыгъщ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Дзэлыкъуэ куеймрэ Прохладнэ къалэмрэ щIалэгъуалэ центрхэр къыщызэIутхыну ди мурадщ. А тIур зэдгъэпэщыжмэ, району хъуам щIалэгъуалэм я Iуэху щащIэ яIэнущ.
Иджы догупсыс: студентхэр дауэ хэтша хъуну къуажэ гъащIэм, жытIэу. Гъэ еджэгъуэм деж дерсхэм къыщыдэхуэ зэманым пшыхь гуэрхэм, зэIущIэ-хэм, концертхэм, спортклубхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми кIуэурэ зытезыгъэу студентхэр гъэмахуэм щхьэж и унагъуэм йокIуэлIэжри, абыи щыIэн хуейт къуажэ гъащIэр къаIурызыгъэIэфIэн гуэр.
ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министрыр къулыкъум щыпэрыувагъащIэм социальнэ къэпщытэныгъэ иригъэкIуэкIащ. НыбжьыщIэхэм ящыщу сыт хуэдизыр хэкупсэ, сыт хуэдизыр республикэм щеджэну икIи щылэжьэну хуей, сыт ахэр нэхъ дэзыхьэхыр, сыт я гупсысэр зытеухуар, сыт нэхъ зыхуэныкъуэр, республикэм сыт хуэдэ щыщIэныгъэхэр щыIэ щIалэгъуалэ Iуэхум теухуауэ - а псом я щытыкIэр зэригъэщIащ. ИкIи ахэр къэлъытауэ лэжьэн щIидзати, фIы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэм зригъэхъуэжыфащ. Республикэм и району хъуам щы-Iэщ щIалэгъуалэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр. Администрацэхэм къудамэ щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщащ абы папщIэ. ЩIалэгъуалэ Iуэхум теухуауэ Москва къалэн къытщищIхэм ди еплъыкIэ хэтлъхьэжурэ, районхэм ялъыдогъэIэс. Нэхъапэм мэкъуауэгъуэм и 22-м ирихьэлIэу Налшык, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж, шэху уэздыгъэхэр щыпагъанэрт. Иджы район къэс а махуэм щокIуэкI фэеплъ пэкIухэр. Къуажэхэмрэ къалэхэмрэ щыIэщ апхуэдэ Iуэху къыщызэрагъэпэщ щIыпIи, щIалэгъуалэм шэху уэздыгъэхэр щыпагъанэ. ИрагъэкIуэкIа Iуэхум щыхьэт техъуэ сурэтхэмрэ видеотеплъэгъуэхэмрэ къытхурагъэхь.
Бадзэуэгъуэм и иужьрей щэбэтыр щIалэгъуалэм я махуэу игъэуващ ди къэралым и Президентым. Мы гъэм абы теухуа Iуэхухэр щекIуэкIынущ Налшыки, республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмри. ЩIыналъэ къэс IуэхуфIхэм хуэпабгъэ щIалэгъуалэ гуп щыIэныр - ар къару лъэщщ республикэм дежкIэ.
ЩIалэгъуалэм я гупсы-сэр зэтехуэркъым, дауи. Щхьэж нэхъ лейуэ дэзыхьэх иIэщ. Хэт сурэт ищIыну фIэфIщ, хэт макъамэ етх, хэт IэпэIэсэщ, хэт IэпщIэлъапщIэщ, псалъэм папщIэ. ФIэщхъуныгъэкIэ щхьэхуэхэри яхэтщ. Илъэс ещанэ хъуауэ «Уи диныр щIэж» Iуэхур идогъэкIуэкI. Псалъэм папщIэ, мэжджытхэм докIуэри, абы щызэхуэс щIалэгъуалэм даIуощIэ. Ди министрым абы щыжеIэ зытекIухьа Iуэхур, диным и лэжьакIуэхэми къулыкъущIэхэми къалэн нэхъыщхьэу щIэблэр гъэсэныр зэраIэр, Iуэху гуэр ящIэну хуеймэ, дэIэпыкъуэгъу хъуну зэрыхьэзырри къыхегъэщ.
Хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэщ «Лига лекторов» зыфIэтща Iуэхур. Дзэ Iуэху хэхам щыIахэр къедгъэблагъэурэ щIалэгъуалэм яIудогъащIэ. Зауэр зи нэгу щIэкIа, гъащIэмрэ ажалымрэ я зэхуакум дэтыну къызыхуихуа цIыхум жиIэр нэхъыбэу зыхащIэ ныбжьыщIэхэм.
«Лига героев» жыхуэтIэр сабийхэр зэгъэбэныным теухуащ. Район къэс гуп щызэдгъэпэщащ, дэ дыкIуэурэ зыдогъэбэн, текIуэхэр догъэгушхуэ. СпортымкIэ министерствэм къызэрегъэпэщ зэпеуэ куэд. «Лига героев» зыфIэтщар абыхэм къащхьэщокI гъэсэныгъэми дазэрыхутепсэлъыхьымкIэ. Хэкупсагъэм, цIыхум хэлъын хуей хьэл-щэныфIхэм ятеухуа упщIэхэри ядот. Я щIэныгъэмрэ я спорт зэфIэкIымрэ зэхыдолъхьэжри, увыпIэхэри яхудогъэфащэ. Пэжщ, мы лэжьыгъэр щедгъэжьам спорт гъэсакIуэхэм къахэкIащ ар зигу иримыхьаи. Ауэ едгъэкIуэкIыу щIэддза нэужь, сабийхэр зрагъэджэнум, ди упщIэхэр зытедухуэнум къыщIэупщIэурэ загъэхьэзыр хъуащ. Апхуэдэ зэпеуэкIэ дэ сабийхэм тхыдэ едгъащIэу аракъым, атIэ щIэныгъэм дедгъэхьэхыу аркъудейщ. ЗэIущIэм щызэхиха гупсысэм де-хьэх, адэкIэ абы теухуа гуэрхэр зригъэщIэну и гур мэпабгъэ. «Мыбы еджэ» жыпIэу сабийм ептыр къищтэну щхьэхынкIи хъунщ, ауэ а зэбгъэджэнур зэрыгъэщIэгъуэныр икIи зэрыщхьэпэр ебгъэлъэгъуа нэужь, езыр-езыру къищтэнщи еджэнщ. Мы зи гугъу сщIы проектыр къэралым щапхъэу яхуигъэлъэгъуащ нэгъуэщI республикэхэми.
Иджыблагъэ Джэдыкъуэ щедгъэкIуэкIащ «Фестиваль шаров». Ар ди республикэм и цIыхухэм я гум къинэжащ, сурэтхэмрэ видеохэмрэ щызытрахащ, топсэлъыхьыж. УнагъуэщIэхэр щызэхуэтшэсри, щызэхэдгъэплъэжаш, я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуащ. Iуэхум зэрыхэтамкIэ, дэтхэнэми щыхьэт тхылъ еттащ, нэхъ къыхэжаныкIахэр дгъэлъэпIащ. Сыт а Iуэхугъуэм и мыхьэнэр жыпIэмэ, ди къэралым унагъуэм пщIэ зэрыхуищIыр щапхъэкIэ къэдгъэлъэгъуэнырщ.
- ЕхъулIэныгъэ зиIэ ныбжьыщIэхэм щхьэхуэу ЩIалэгъуалэм я унэм зэIущIэ къащыхузэвгъэпэщауэ зыбжанэрэ срихьэлIащ. Ахэр е сурэтыщIщ, е дэрбзэрщ, е IэпэIэсэщ…
- Арт-резиденцэ жыхуаIэм хуэдэ щыIэщ ЩIалэгъуалэм я унэм. ЗэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм цIыхухэм зыкърагъэцIыхуну Iэмал ядот. Сурэт гъэлъэгъуэныгъэ, усэ пшыхь, зы джэгу цIыкIу е зэIущIэ ирехъуи, пэш щхьэхуэ, экран, Iэмэпсымэ хуэдэхэр хуит яхудощI.
- Лъэпкъ Iуэхум, бзэм теухуауэ сытхэр влэжьрэ?
- «Щэнхабзэхэм я школ» Iуэхур зэхэдублащ. Хабзэм, лъэпкъ Iуэхухэм теухуауэ щIэныгъэ зиIэхэр къуажэхэмрэ къалэхэмрэ дгъакIуэурэ абы щыIэ щIалэгъуалэм яIудогъащIэ.
Къэбардэ Астемыр «ЩIанэ жанхэр» проектыр зэрыригъэкIуэкIым ущыгъуазэу къыщIэкIынщ… Ди министрым гу лъитат щIалэм и IуэхущIафэр зэрысэбэпми, арди деж щригъэкIуэкIыну, зыщIэдгъэ-къуэну дызэригуапэр жетIащ. Бжьыхьэм ирихьэлIэу «ЩIанэ жанхэм» щыщ нэтын зыбжанэ ди деж щытрихынущ. Журналист Табыщ Мурат и нэIэ нэхъ щIэту Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIыу щытащ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ахэри ди деж щокIуэкI. Анэдэлъхубзэм, литературэ тхыгъэ щхьэхуэхэм тепсэлъыхьыну хуейуэ зыкъытхуагъазэмэ, ди бжэр зэIухащи, дэри Iуэхум дыхо-хьэ. Балъкъэр щIалэгъуалэми апхуэдэ зэпеуэхэр къахузыдогъэпэщ.
- Упсэу, Азэмэт. Ди гуапэщ фи мурадхэр къывэхъулIэну!
Епсэлъар
ГУГЪУЭТ Заремэщ.