УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ. Ар щекIуэкIащ Налшык дэт «Мыужьых щIыхьым и мафIэ» мемориалым деж.
Урысейм и Следственнэ комитетым жылагъуэ-политикэ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Петров Сергей, республикэм щыIэ дзэ къулыкъущIапIэхэм я унафэщIхэр, абыхэм хэтхэр, кадетхэр, юнармейцхэр къекIуэлIащ, я щхьэр лIыхъужьхэм хуагъэщхъыну.
Къыхэгъэщыпхъэщ ар къалэр хуит къэзыщIыжахэм фэеплъ щыхуагъэува зэманым зэрырихьэлIар. Абы къегъэлъагъуэ щIэблэщIэр я адэжьхэм къазэрыкIэрымыхур, хэкупсэу ущытыным и мыхьэнэр къазэрыгурыIуэр.
«Дэ ди къалэнщ Хэкум зи псэр щIэзытахэм, Урысейм и шынагъуэншагъэмрэ абы и къэрал хабзэмрэ къыщхьэщыжахэм я цIэхэр зыщыдмыгъэгъупщэну.
Урысейм и следственнэ дзэ щхьэхуэхэр къызэрыунэхурэ илъэс 313-рэ зэрырикъумрэ УФ-м и Следственнэ комитетыр илъэс 15 зэрыхъуамрэ догъэлъапIэ дызэрыт гъэм.
Шэч къытесхьэркъым мы фэеплъыр Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэм я лIыгъэм, хахуагъэм, абыхэм Хэкур фIыуэ зэралъагъум иригушхуэ щIэблэм я дежкIэ щапхъэ зэрыхъунум», - щитхыжащ КIуэкIуэ Казбек и напэкIуэцIым.