Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэ­ныгъэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр, Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Ащ­хъуэт Азэмэтджэрий сымэ икIи транспортым и шынагъуэншагъэмрэ къалэ ухуэ­кIэмрэ ефIэкIуэным хуэгъэпса, бжыгъэр зи тегъэщIапIэ презентацэм щыгъуазэ зищIащ. 

ЗэIущIэр щекIуэкIащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм къедза «Республикэ шынагъуэншэ» центрым. 
Зытепсэлъыхьа щынэхъыщхьэр - транспортым и лэжьэкIэр зыубзыху къэухь IэрыщI щхьэхуэ къыхэхауэ, лэжьыгъэ псори абы къызэщIегъэубыдэн, видеокъэпщы­тэныгъэхэм зегъэубгъун зэрыхуейрщ. 
Республикэм камерэ 1700-м нэс трагъэувауэ, хъарзынэу мэлажьэ. ЗэIущIэм къы­щыхалъхьа жэрдэмхэм ахэр нэхъ быдэжу ирипхынущ къэухь IэрыщIым и зэфIэкIхэм. 
Нэхъ пасэу ягъэунэхуа IэмалыщIэхэмкIэ гъуэгум и щытыкIэр убзыхуа зэрыхъур наIуэ хъуащ, машинэхэр щызэтрихьэр, гъэувыкIэ хабзэм щебакъуэм, кIэрыхубжьэрыху бы­дэхэр щыхыфIадзэм кIэлъыплъыныр тынш ищIу. 
Есэпыр зи лъабжьэ проектхэм я фIыгъэ­кIэ, гъуэгум къыщыхъункIи хъунум щы­ты­кIэр къэмыс щIыкIэ зыхуэбгъэхьэзырыфынущ, машинэхэр зэтримыхьэу пхуэзэблэгъэкIынущ, щхъуантIагъэр пхъумэфынущ.
Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ цIыхубэм я шынагъуэншагъэм хэхъуэн папщIэ, къэбгъэщхьэпэ хъуну Iэмалхэм. Камерэхэр зэгъэуIун хуейщ, коммунальнэ хозяйствэхэми къэхъукъащIэхэм кIэлъыплъыныр зи къалэн къулыкъущIапIэхэми ГЛОНАСС, «Система-112» программэхэр къагъэсэбэпынущ. 
А псом я фIыгъэкIэ, гъуэгухэр нэхъ шынагъуэншэ, къалэм ущыпсэуну нэхъ тынш хъунущ. 
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм къеблэгъа IэщIагъэлIхэм фIыщIэ яхуищIащ, республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэм набдзэгубдзаплъэу зэрелэжьам щхьэкIэ. Къэралым щызекIуэ Iэмал нэхъыфIхэр дяпэкIэ республикэм къыщагъэсэбэпыну я мурадщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ