ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къежьат, ди Хэкум и хъугъуэфIыгъуэ псори зыIэрагъэхьэу, тепщэ зыхуащIын мурад яIэу. Ауэ зылI и быну тэджа ди советыдзэм яхузэфIэкIащ, дзэ къежьар дэр нэхърэ нэхъыфIу Iэщэ-фащэкIэ зэщIэузэдами, лъахэр къыIэщIагъэкIыжу къыздикIам яхужыну. ЗэщIэтэджа лэжьакIуэбэм я сабий ныкъуэпIхэр пэрытащ балигъхэм къызэранэкIа IэнатIэм.
А зэман хьэлъэм зи цIыкIугъуэр хиубыдахэм сабиигъуэр зищIысыр ямыщIэу къэхъуащ. Абыхэм ящыщщ зи ныбжьыр илъэс 93-м нэблэгъа дадэ Iумахуэ, зи гъащIэр сабий гъэсэным езыта, егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа, нобэми щIэблэм щапхъэ яхуэхъу, гъащIэм жыджэру хэт, къуажэм пщIэшхуэ щызиIэ, Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей) къуажэм къыщалъхуа Хьэцым Уэлий.
Абы и адэ Мэжид и ныбжьыр зэрыхэкIуэтам папщIэ зауэм ямыгъакIуэу къуажэм къыдана цIыхухъу закъуэтIакъуэхэм ящыщт. Апхуэдэхэм жылэр зыхуей хуагъазэрт, зауэм Iуувахэм я Iыхьлыхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъурт. А зэманым цIыхухъухэм я нэхъыбэм я ныбжьыр хэкIуэтауэт щхьэгъусэ къыщашэри, зэщхьэгъусэхэм къащIэхъуа сабиитхури цIыкIу-цIыкIу защIэт, Уэлии яхэту.
Къуажэхэм, къалэхэм заузэщIырт, я щIалэ, хъыджэбз жанхэм союзпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм саугъэт лъапIэхэмрэ дипломхэмрэ къыщыхуагъэфащэрт. НасыпыфIэу зызылъытэж цIыхухэм дэнэ щащIэнт къэралымрэ цIыхубэмрэ гузэвэгъуэшхуэ къазэрыпэплъэр?! Ауэ «Мащэ зытI йохуэж» жыхуаIэрати, езыхэм къатIа мащэм ихуэжахэщ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр.
АдэкIэ фыщызгъэгъуэзэнщ Уэлий къыджиIахэм:
- Ди щIыналъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къыщысам си школ кIуэгъуэ хъуат. Си адэр колхозым хэтт, си анэм сабиитхур зыхуей дыхуигъазэрт, дыцIыкIуми, зэрытхузэфIэкIкIэ, дадэIэпыкъурт ди нэхъыжьхэм. А зэман хьэлъэм дэ тлъэгъуа гузэвэгъуэмрэ дызыхэта бэлыхьым-рэ Тхьэм фимыгъэлъагъукIэ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди деж къыщысар иджыпсту хуэдэу сощIэж. Бжьэпэм тет ди унэр кIыхьу пэшитI хъурт, сенэ я кум иту, бжитIи хэлът зэхуэзанщIэу, зымкIэ укъыщIыхьэрэ адрей лъэныкъуэмкIэ хадэм уихьэу. Нэмыцэхэр къуажэм къызэрыдыхьэу накIуэ-пакIуэу ди деж къыIухьащ. Унэм и зы пэшым псори дыщIагуэри, къытхэтIысхьащ хьэкIэкхъуэкIэхэм ящыщ зы. Ар нэхъыщхьэ гуэру къыщIэкIынт, хуабжьу и сэлэт фащэр гъэщIэрэщIат.
Ди унэм и щIыбагъым гъущI псыгъуэ кIыхьышхуэ щыхатIат. И зы лъэныкъуэмкIэ я ныпыр щыфIадзат. ХатIам зыкъомрэ сегупсысащ зищIысыр къысхуэмыщIэу, итIанэ къызгурыIуащ, телефон кIапсэу зэрыщытыр. Ди адэм бжьэпэм щыхисауэ щыта кIарц жыг баринэшхуэм и лъабжьэр тIысыпIэ ящIауэ, ди хьэблэм нэмыцэрэ румыну ныдэтIысхьахэр щызэхуэсырт пщэдджыжьыпэм. ЗэбгрыкIыжырти, аргуэру пщыхьэщхьэм къызэхуэсыжыр- ти, жэщыбг хъухукIэ щызэхэст. Я пщэфIапIэри абдеж щIагъэувауэ щIэтт. Шхын бгъэхьэзырын папщIэ пхъэкIэ мафIэ пщIын хуейт а зэманым. КъуэкIиймкIэ уехмэ, мэзышхуэ итт, ауэ абыи уехын хуейтэкъэ, пхъэ къэпхьын папщIэ. Абы мыкIуэн щхьэкIэ, хадэм ит жыгхэр къагъауэу щIадзащ. Ар ди адэм щилъагъум ябгъэдыхьэри, «Мыр щхьэ къивудрэ?», жиIа хъунти, фоч лъэдакъэкIэ къеуэри, къраудауэ щытащ. Удынышхуэ зыгъуэта и щхьэм, куэдрэ игъэпсэужакъым ди адэр.
Шы иныжьитI яIэт абыхэм ди шэщым щIапхауэ. Пщэдджыжьым гу зырызым шитIыр щIэщIауэ нэмыцэхэм и ныкъуэр абы ису, имыхуэр яужьым иту зауэм кIуэрт. Я Iэщэ-фащэкIи фIыуэ зэщIэузэдат ахэр, ди адэм зэрыжиIэжу щытамкIэ. Пщыхьэщхьэм къагъэзэжырт, яукIар зым илъу, уIэгъэ хъуа сэлэтхэр адрейм илъу. Къуажэкхъэм пэгъунэгъуу нэмыцэкхъэ ящIауэ яукIахэр абдеж щыщIалъхьэрт. Къуажэм дэт еджапIэр сымаджэщ ящIауэ, абы сэлэт уIэгъэхэр яшэрт.
Шэшэн щIыналъэм щыIэ щIыдагъэр зыIэрагъэхьэн мурад яIэу нэмыцэхэр хуабжьу абыкIэ еIэрт. Ди советыдзэр Мэлгъэбэг деж къащыпэувырти, абыкIэ ямыгъакIуэу зэхэуэхэрт, топ гъуагъуэ макъым уафэр дэзджызджу.
Ди къуажэм дэсахэм я нэхъыбэр румын хьэкIэкхъуэкIэхэрати, ягъуэтыр зэщIакъуэрт, яхузэщIэмыкъуэр ягъэсырт.
Си нэгум схущIэгъэкIыркъым ахэр ди къуажэм щыдахужа махуэм къэхъуауэ щыта гужьеигъуэшхуэр. Курп лъагапIэмкIэ ди совет сэлэтхэр къауэрт. Псым узэрызэпрыкIыу метр щитху нэхъыбэ умыкIуэу нэмыцэхэм я топу плIы-тху Къаншыуей дэтт. Ди унэр бжьэпэ дыдэм деж щхьэщытти, псори плъагъурт. Чы бжэгъум къыхэщIыкIа ди унэр гъуагъуэ макъым дэзджызджырт, щхьэгъубжэ зыри хэлъыжтэкъым, зэ уэгъуэм зэпкърыщэщынут. Тпэмыжыжьэу псэу ди адэ къуэшым я унэр ятIэ чырбышт къызыхэщIыкIари, «абы и блынхэр нэхъ быдэщ» жеIэри, ди адэм дегъакIуэ.
МафIэ лыгъэр къэлындарэ, Iугъуэрэ-гъуэзрэ фIэкIа зыри умылъагъужу зэхоуэ, сабиихэмрэ балигъхэмрэ я зэрыгъэкIий макъым щIылъэр дозджыздж. Топхэм я гъуагъуэ макъым щхьэ куцIыр къегъачэ. Пэшым щIэт гъуэлъыпIэ лъабжьэм дыкIэщIагъэтIысхьауэ дыкIэщIэсщ, балигъхэр щхьэгъубжэм Iутщ. Ди сэлэтхэр бжьэпэм къыщхьэщыхьауэ къуажэм къобгъэрыкIуэ. Гъунэгъум я гуэщыщхьэм зы нэмыцэ пулемёт иIыгъыу итIысхьауэ, ди сэлэт бжьэпэм къыщхьэщыхьэм гуузу яхоуэ. Советыдзэм щыщ зы танк бжьэпэм къыщхьэщыхьэри, пулемётымкIэ яхэуэ нэмыцэр къриудыхащ. Дэри дызыщIэс унэр кIыфI хъуат, зэшэзэпIэу. Балигъхэр щхьэгъубжэмкIэ къыдидзат, дэ гъуэлъыпIэр зыбгъэдэта блыным дыкIэщIэ- су дыкъанэри. Щхьэгъубжэм къыдидза балигъхэм фэбжьышхуэ зыгъуэта яхэтт.
«Блынхэр быдэщи нэхъ хъума фыщыхъунщ», - жысIэу фыздэзгъэкIуам, сынаплъэмэ, унэм и зы блын закъуэ фIэкIа итыжтэкъым. СыкъэуIэбжьауэ си пIэм симыкIыфу сыщытт. ИтIанэ, зэрыгъэкIий макъ къэIури, си гур къызэрыгъуэтыжат», - жиIэжу щытащ си адэм. Сытми, жьыIурыхьэгъуэкIэ зэпыуа зэхэуэ гуащIэм дыкъыхахыжащ сабийхэр. Советыдзэхэм нэмыцэхэр къуажэм щыдахужам, хуиту дыбэуэжат.
А хьэщхьэрыIуэхэр ди къуажэм зэрыдэса мэзищым IуэхущIапIэу дэтыр зэтрагъэсхьат, унагъуэхэр зэрыпсэу джэд-къазхэмрэ Iэщхэмрэ зэтраукIат. КIэщIу жыпIэмэ, псори зэхакъутат, зэхафыщIат. Ауэ лэжьакIуэбэм я бгыр щIакъузэри, хьэджэфаджэ ящIа къуажэр зэтрагъэувэжащ.
Ди анэм сабиитхур цIыкIуу дыкъыхуэнэри, ди адэр ихьат къытехуа фэбжьым. А зэман хьэлъэм псори дыздэIэпыкъуу дыздэпсэуащ. Нэхъыжьхэм сытым дежи къыджаIэу щыта «Псэм ипэ напэ» псалъэжьыр ди гъуазэу дыкъэхъуащ.
Илъэсийм курыт еджапIэм сагъакIуэри, 1953 гъэм къэзухащ. А гъэ дыдэм си анэм педучилищэм сыщIигъэтIысхьэри 1957 гъэм къэзухащ, фIыуэ седжауэ. Къуажэм къэзгъэзэжри, курыт еджапIэм сыщылэжьащ илъэс 44-м щIигъукIэ. НэгъуэщI IэнатIэ куэди къысхуагъэлъагъуэрт, ауэ сабийхэм сахэтмэ нэхъ къасщтэрти, си лэжьыгъэр IэщIыб сщIакъым.
Уэлийрэ и щхьэгъусэ Любэрэ бынищ зэдапIащ, ирагъэджащ, зыхуей хуагъэзащ. Псори унагъуэ щхьэхуэу мэпсэу. НэхъыжьыфIым дохъуэхъу быным я быныжым я гуфIэгъуэ илъагъуу куэдрэ Хьэцымхэ я жьантIэм дэсыну!
КЪАНКЪУЛ Раисэ.