Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м.
Урысейм и тхылъ тедзапIэхэм я зэгухьэныгъэм къызэрилъытамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ставрополь краймрэ я тхылъ тедзапIэхэр - Налшык дэт Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэмрэ Пятигорск и «Снег» тхылъ тедзапIэмрэ - къэралым и IуэхущIапIэ нэхъыфIхэм ящыщ хъуащ.
IуэхущIапIэ нэхъыфI 50-м хиубыдащ Урысейм и къалэ 29-м щыщхэр: Архангельск къыщыщIэдзауэ Якутск нэсыху. Зэпеуэм я зэфIэкI щеплъыжащ Урысейм и щIыналъэ 57-м щылажьэ тхылъ тедзапIэу 120-м щIигъу. Зэхьэзэхуэм щагъэлъэгъуащ 2025 гъэм къыдэкIа тхылъ 700.
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм и къыдэкIыгъуитI зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытащ. Ахэр - томитI хъу «Поедем вместе по уникальным местам Кабардино-Балкарии» республикэм и тхыдэ-лъахэхутэ гъуэгугъэлъагъуэмрэ лъэпкъитIым я зэхущытыкIэхэр къыщыгъэлъэгъуэжа, дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ щызэхуэхьэсыжа «Россия и адыги» (V-XIX вв.) щIэнгъуазэмрэщ. КъыжыIапхъэщ, «Поедем вместе по уникальным местам Кабардино-Балкарии» лэжьыгъэр нэхъапэIуэкIэ Урысейм и лъахэхутэ къыдэкIыгъуэ нэхъыфI 20-м ящыщ зэрыхъуар, «Малая Родина» урысейпсо зэпеуэм хыхьэу.
Илъэс 25-м къриубыдэу IуэхущIапIэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэм дамыгъэ, саугъэт куэд къыхуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщу жыпIэ хъунущ 2025 гъэм накъыгъэм Ижевск щекIуэкIа «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI - 2025» фестивалым «Лъахэхутэ къыдэкIыгъуэ нэхъыфI» унэтIыныгъэм и щIыхь тхылъым и япэ нагъыщэр тхылъ тедзапIэм и «Занимательная Кабардино-Балкария», «Познавательная Кабардино-Балкария», «Захватывающая Кабардино-Балкария» лэжьыгъэхэм папщIэ къызэрыхуа-гъэфэщар. КъинэмыщIауэ, Уфа нэгъабэ мэкъуауэгъуэм щекIуэкIа «Китап Байрам» лъэпкъыбэ жармыкIэм «Время героев» унэтIыныгъэм Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм диплом щхьэхуэ къыщихьащ, дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлIхэм теухуауэ Урысейм исхэм ятха усэхэр щызэхуэхьэса томищ хъу «Мы вернёмся, мы будем рядом...» къыдэкIыгъуэм папщIэ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым абы щыгъуэ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я волонтёрхэм я зэгухьэныгъэм къыхилъхьауэ щыта Iуэхум цIыху мин 15-м щIигъу къызэрыпэджэжар.
Пятигорск и «Снег» тхылъ тедзапIэм и къыдэкIыгъуищ зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытащ. Абыхэм ящыщщ томитху хъу, Кавказ Ищхъэрэм и республикиблым щыщ тхакIуэхэм, усакIуэхэм, драматургхэм я IэдакъэщIэкIхэр зыхагъэхьа, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэм и антологиер. КъыдэкIыгъуэм гулъытэ щыхуащIащ сабий литературэми урысыбзэкIэ тхэ лъэпкъ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я къалэмыпэ къыщIэкIахэми. КъыдэкIыгъуэ нэхъыфIхэм хабжащ Суворин А. А. и гъуэгуанэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа «Палестина», тхылъитху хъууэ Гатцук В. А. и цIэ щIэлъу къыдэкIа «Сказки русского народа» лэжьыгъэхэр.
«Снег» тхылъ тедзапIэр нэхъапэIуэкIи, 2013, 2015, 2016 гъэхэм, мы зэпеуэм щытекIуауэ щытащ.
«Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и 36-нэ зэхыхьэр, зэрыхабзэу, Москва «Красная площадь» тхылъ фестивалым, щекIуэкIащ. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и тхылъ тедзапIэхэм я зэгухьэныгъэм. Абы хэтащ къэралым и «Эксмо-АСТ», «Наука», «Просвещение», «Молодая гвардия» тхылъ тедзапIэ цIэрыIуэхэр, республикэ 16-м, къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.