ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я зэIущIэ. Ар хухэхауэ щытащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсым. 
ЗэIущIэм нэхъыбэу зи гугъу щащIар зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ лъабжьэ яхуэхъу Iуэхугъуэ­хэрщ, ди къэралым мамырыгъэр щытепщэу щытын папщIэ гулъытэ зыхуэщIын хуей лъапIэныгъэхэрщ. ЩIа­лэгъуалэр тепсэ­лъы­хьащ ди хэкум щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр псоми ящIэн зэрыхуейм, пщIэ зэхуэщIы­ным, зызэхащIы­кIыным ехьэлIа Iуэхухэр зыщагъэ­гъупщэ зэрымы­хъунум. 
­Гукъинэж хъуахэм ящыщщ зауэм и ветеран, дзэ Iуэху хэхам хэта, «Хэкум и хъу­макIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Чеченов Елдар и къэпсэ­лъэныгъэр. Абы щIалэгъуа­лэр пэж куэдым иригъэдэ­Iуащ. ЩIалэхэмрэ пщащэхэмрэ защыхуи­гъазэм, сэлэтым зауэ зэ­къуэшыныгъэм и щапхъэ гъэщIэ­гъуэнхэр къихьащ. Абы къыхигъэщхьэхукIащ гугъуехь ткIийхэм пэщIэхуэ дзэлIхэм я деж лъэпкъ, бзэ, щэнхабзэ гъунапкъэ псори зэрыщыкIуэдыр, лъэпкъ куэду зэхэт гупыр зы уна­гъуэ зэрыхъур.
«Абы адыгэ, балъкъэр, урыс е тэтэр щыIэкъым. ЩыIэр уи щIыб къыдэт, уи щхьэр зыхъумэ къуэшщ. ЩIалэхэр къуэшыгъэм зыми хуигъэсакъым, атIэ ар зауэ губгъуэм щыщыIэ зэхущытыкIэщ, мамыр гъащIэм къэдгъэзэжа нэужь зыщыдгъэгъупщэ мыхъуну», - къыхигъэщащ ветераным икIи щIалэгъуалэр къыхуриджащ лъэпкъ зэ­къуэтыныгъэр махуэ къэс яхъумэну, зэдэIэпыкъуныгъэм зыхуагъэсэну. 
ЗэIущIэр хуабжьу зэIухауэ екIуэкIащ: лагерым хэтхэм хьэщIэм упщIэхэр иратырт, и гъащIэр, Iуэху еплъыкIэр, гукъыдэжыр, мурадхэр яфIэгъэщIэгъуэнт. Езыхэми къаIуэтащ Урысейм и къэкIуэнумкIэ зэкъуэтыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр къазэрыгурыIуэр, абы теу­хуа я гупсысэхэр. 
Иджырей зэманым и лIыхъужьхэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэмрэ зэзышалIэ ап­хуэдэ Iуэху­гъуэхэр хэкупсэ гъэсэныгъэмрэ граждан зэхэщIы­кIыр гъэбыдэнымкIэ Iэмал лъэщщ. 

Iэрыс  Iэсият.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ