Илъэс 20-м нэсауэ ди къэралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэр. Урысей Федерацэм и Президентым 2008 гъэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ ягъэува а махуэшхуэр иджы-ри зэ щыхьэт тохъуэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, Хэкум къитэджыкI щIалэгъуалэм иужьрей лъэхъэнэм гулъытэ хэха зэрыхуащIым, анэмрэ сабиймрэ ехьэлIа Iуэхугъуэ псори мыхьэнэш-хуэ зиIэ унэтIыныгъэу къызэралъытэм. ЖыпIэнурамэ, дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщагъэр къызэралъытэр абы и унагъуэ къызэрыгуэкIым иIэ псэукIэм и лъагагъымкIэщ, абы исхэр зыхуей-зыхуэфIхэр ягъуэту гъащIэм зэрыхэтыфымкIэщ. Дызэрыт лъэхъэнэр къызэрыгуэкIыу щымытми, унагъуэмрэ абы исхэмрэ хуащI гулъытэм къегъэлъагъуэ къэрал унафэщIхэр Хэкум и къэкIуэнум зэрегупсысыр.
ЦIыху гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ унагъуэм гулъытэшхуэ зэригъуэтым, абы хухаха махуэшхуэр къэрал псом зэрыщаIэтым и мурад нэхъыщхьэр унагъуэшхуэхэм, быныфI къызыщIэува зэщхьэгъусэхэм, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэу, жылагъуэм щапхъэу къыщахь ди нэхъыжьыфIхэм пщIэ хэха, гулъытэ яхуэщIынырщ, ахэр щапхъэ зытрахыу унагъуэщIэ зыухуахэм яхуэгъэлъэгъуэнырщ. Апхуэдэу екIуу къызэдэгъуэгурыкIуэ зэщхьэгъусэхэм папщIэ къэралым щагъэуващ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ» медалыр. Ар махуэшхуэм ирихьэлIэу ират унагъуэ дахэхэм, щIыхь, фIыщIэ тхылъ хэхахэр, махуэшхуэм и дамыгъэу ягъэува шынэ-шынэ (ромашка) зыхэлъ удз гъэгъа Iэрами щIыгъужу. ЗэрыжаIэмкIэ, а удз гъагъэ хужь цIыкIур куэдым фIыуэ ялъагъу, къабзагъэмрэ гуапагъэмрэ я нэщэнэуи къалъытэ.
Апхуэдэ зэщхьэгъусэхэр гъэлъэпIэным теухуа зэхыхьэ дахэ дыгъуасэ щекIуэкIащ ди республикэм и щIыпIэ куэдым. Налшык дэт Макъамэ театрым щызэхаша зэхуэсым ирагъэб-лэгъат ди щIыналъэм хыхьэ районхэм, къалэхэм щыпсэу унагъуэ дахэхэм, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъхэм ящыщ унагъуэ 70. Унагъуэу зэрытIысрэ илъэс 25-м щIигъуа зэщхьэгъусэхэм хуагъэфэщащ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалхэр, щIыхь тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр. Ахэр къабгъэдэкIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и махуэшхуэр гъэлъэпIэнымкIэ урысейпсо къызэгъэпэщакIуэ комитету Моск-ва щыIэм.
Ди республикэм щыщ унагъуэхэу а дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэм папщIэ зэхаша пшыхьым япэу псалъэ щратащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшы-рокъуэ Залым. Ар къызэхуэсахэм къахуеджащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и махуэшхуэ хъуэхъум. АдэкIэ ар тепсэлъыхьащ ди республикэм унагъуэхэм, псом хуэмыдэу бын куэд щапIхэм щагъуэт къэрал гулъытэмрэ а унэтIыныгъэм адэ-кIи зрагъэужьыну зэрамурадымрэ. Къуэшырокъуэм и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, ди республикэм мы зэманым щолажьэ бын зиIэ унагъуэхэм социаль- нэу ядэIэпыкъуным хуэгъэпса программэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, сабийхэм зэ тыгъуэу е мазэ къэс ират пособиехэр, гъэсапIэхэм екIуалIэ цIыкIухэм папщIэ ят пщIэм щыщ процент бжыгъэ адэ-анэхэм зэрыхуагъэкIуэжыр, бын куэд зыпI унагъуэшхуэхэм псэупIэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэм и Iыхьэ гуэрым къызэригъэзэжыр, республикэм и сабий гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэхэм пщIэншэу бынхэр зэрыщагъэIэфыр, зи адэхэр СВО-м щыIэ ныбжьыщIэхэри абыхэм яхэту.
А псомкIи нэрылъагъу мэхъу ди къэралым и Президентым къыхилъхьа жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ цIыхухэм, псом япэрауэ, бын зыпI унагъуэхэм, дэIэпыкъуныгъэшхуэ зэрагъуэтыр. Апхуэдэ гулъытэхэр нэхъыбэ хъу зэпытщ, цIыхухэм я псэукIэм и фIагъми хагъахъуэ. НэхъыжьыIуэхэри нэхъыщIэхэри зыщIэс унагъуэшхуэхэм адэкIи зыщраужь къэралым. ИпэжыпIэкIэ, апхуэдэущ лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэр, фIыгъуэхэр, лъапIэныгъэхэр зэрыпхуэхъумэнур. Аращ къэрал унафэщIхэм гулъытэ хэха щIыхуащIыр унагъуэхэм заужьыным, ахэр быдэ хъуным, зэпэщу псэуным.
Къэрал гулъытэ лъагэ зыгъуэта унагъуэхэм гуапэу ехъуэхъуахэм ящыщщ КъБР-м и Парламен-тым и депутат, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ абы и комитетым и унафэщIым и къуэ-дзэ Безгодькэ Владимир. Унагъуэшхуэм я нэхъыжь депутат цIэрыIуэм и псалъэм къыхигъэщащ унагъуэр лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым, гумащIагъым, пэжыгъэм, цIыхум хэлъыфыну нэгъуэщI щэныфI куэдым я къежьапIэу зэрыщытыр. Апхуэдэуи унагъуэм зегъэужьыным хуэгъэпса а къалэнхэр екIуу зэфIэха хъумэ, гъащIэм и унэтIыныгъэ куэдым зыужьыныгъэшхуэ зэригъуэтынури жиIащ, сыту жыпIэмэ унагъуэр къэралым и зы Iыхьэщ, жылагъуэм и быдапIэщи.
Жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ махуэщIыр зыхуэгъэпса зэщхьэгъусэхэм гуфIэгъуэр къыдаIыгъыну, къадэгуфIэну кърихьэлIар къулыкъущIэхэм я закъуэтэкъым - зэхуэсым къекIуэлIат а нэхъыжьыфIхэр зи пашэ унагъуэхэм исхэр, Iыхьлыхэр, благъэхэр. А псоми я Iэгуауэ иным щIэту пшыхьым щагъэлъэпIахэм ящыщщ зэщхьэгъусэхэу АфIэунэхэ Нажмудин- рэ Каринэрэ, Моллевхэ Алимрэ Натальерэ, Кравченкэхэ Викторрэ Надеждэрэ, КIуэкIуэхэ Анзоррэ Джульеттэрэ, Шурдымхэ Аслъэнрэ Рузаннэрэ, Кальмус Александррэ Любовьрэ, Щомахуэхэ Владимиррэ Мадинэрэ, Нотхэ Хьэсэнбийрэ Раисэрэ, Тенхэ Заурбэчрэ Ксениерэ, Мокаевхэ Хьэзрэтрэ Лидиерэ, Къардэнхэ Адэлбийрэ Оксанэрэ, Сыжажэхэ Борисрэ Iэминатрэ, нэгъуэщIхэри.
Ди гуапэ зэрыхъущи, гуфIэгъуэ зэхуэсым щаIэтахэм ящыщщ ди лэжьэгъухэу, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналистхэу Жыласэхэ Заурбэчрэ Маритэрэ. Бынунагъуэшхуэм (быни 4-рэ къуэрылъху-пхъурылъху 11-рэ) я нэхъыжьхэм, гуфIэгъуэм ирагъэблэгъа адрей унагъуэхэми хуэдэу, къыхуагъэфэщащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэр Урысей Федерацэм Iэтауэ щегъэкIуэкIы-ным и КъызэгъэпэщакIуэ гупым къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр, дамыгъэ лъапIэр, саугъэтхэмрэ удз гъэгъахэмрэ. Къыхэдгъэщынщи, Жыласэхэ я унагъуэ насыпы-фIэм, хабзэрэ нэмысрэ зэрылъым, мыпхуэдэ щIыхьрэ пщIэрэ нэхъапэми къыхуащIащ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Заурбэчрэ Маритэрэ я унагъуэр щытекIуауэ щы-тащ «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм, «Унагъуэ зэрыIыгъырщ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэфыр» унэтIыныгъэхэм хэту. Абы щыгъуэ абыхэм къехъуэхъуауэ щыта, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу, КъБР-м и Бзылъхугъэхэм я советым и правленэм хэт Уянаевэ Iэминат зэщхьэгъусэхэм аргуэру удз гъэгъа Iэрамэ дахэкIэ щхьэхуэу къахуэупсащ.
Махуэшхуэ зэхуэсыр я уэрэдхэмкIэ, къафэхэмрэ джэгухэмкIэ ягъэдэхащ ди республикэм и творческэ гуп цIэрыIуэхэм, уэрэджыIакIуэ пашэхэм, сабий зэчиифIэхэм.
Унагъуэхэм илъ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэгурыIуэныгъэмрэ гуапагъэмрэ адэкIи хэхъуэным, ди республикэм щIэблэ узыншэ къиувэным, мурадыфIхэр дэтхэнэми къехъулIэным хуэгъэпса хъуэхъу куэд щыIуащ пшыхьым. Ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм игъащIэ лъандэрэ къадекIуэкI лъапIэныгъэхэр, фIыгъуэхэр, хабзэхэмрэ нэмысымрэ пщIэ щыхуащI, щахъумэ хэщIапIэ ирехъу ди унагъуэхэм ящыщ дэтхэнэ ри.
ТАМБИЙ Линэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.