КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ къыщеджащ «Этнокод КБР» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ Iуэхум хыхьэу. Абы студентхэр щигъэгъуэзащ адыгэ тхакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий цIэ лейр зезыхьам) и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. КъыжыIапхъэщ, «Этнокод КБР» Iуэхур 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувам хыхьэу къызэрызэрагъэпэщар. 

Илъэсищэм нэблагъэкIэ дэхуэхауэ, цIыхур щымыгъуазэу къэгъуэгурыкIуащ КIашэм и цIэми и тхыгъэхэми. Зыми ицIыхуртэкъым «Къалэмбий» псевдонимыр зыфIэзыщыжа тхакIуэр. Урыс журналхэм зэгуэр традзауэ щытат «Къалэмбий» зыфIэзыщыжа тхакIуэм и IэдакъэщIэкI зыбжанэ. «Шэрджэсым и тхыгъэхэр» - арат абыхэм я псалъащхьэр. Хэт хъунут а «шэрджэсыр» езыр? Псоми ящIэр зыт – ар «бгырыс хъыжьэхэм» ящыщт. «Мы тхыгъэхэр, ипэжыпIэкIэ, зи къалэмыпэм къыщIэкIар адыгэщ» - апхуэдэ псалъэ дыщIагъуащ Къалэмбий и япэ тхыгъэхэм. И зы тхыгъи и цIэ-унэцIэ дыщIигъуатэкъым абы, литературэм зэрыхыхьар псевдонимкIэщ – «Къалэмбий». 
- КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ лэжьыгъэхэмрэ теухуа щIэныгъэ тхыгъэ куэд щыIэкъым. Лекцэм зыщыхуэзгъэхьэзырым нэхъыбэу тегъэщIапIэ сщIар къэхутакIуэхэу Голубевэ Людмилэрэ Хьэщхъуэжь Раисэрэ я тхыгъэхэрщ. КъинэмыщIауэ, КъБКъУ-м и щIэныгъэлIхэм Кавказым и газет къыдэкIыгъуэхэр зэрызэфIэувам теухуауэ иджыблагъэ ятха монографием къыщыхьащ КIашэм и лэжьыгъэхэри. 
 Шэрджэсым къыщалъхуа КIашэ Адэлджэрий «Къалэмбий» псевдонимыр зэрызыфIищыжар къэзыхутар, абыкIэ фIыщIэр зыбгъэдэлъыр Мейкъуапэ щыщ къэхутакIуэ Голубевэ Ларисэщ. Аращ Къалэмбий и цIэр, и лэжьыгъэхэр хэIущIыIу зыщIыжар. «Дружба народов» журналым (1963 гъ., №9) тридза тхыгъэмкIэ Голубевэм цIыхур щыгъуазэ ищIащ «Библиотека для чтения»», «Русский вестник» урыс журналхэм зи тхыгъэхэр традза «шэрджэсыр», Къалэмбий цIэ лейр зыфIэзыща тхакIуэр, зэры-КIашэ Адэлджэрийм. Голубевэм и фIыгъэкIэ, КIашэм ди литературэм хуэфащэ увыпIэр щиубыдыжащ. Ар хабжэ адыгэ, абазэ лъэпкъ литературэхэр зэхэзыублахэм, и IэдакъэщIэкIхэр школхэм, университетхэм щадж. Литературовед цIэрыIуэ Андроников Ираклий зэритхыгъащи, Къалэмбий гъащIэм и пэжыпIэр къэзыгъэлъэгъуэфа тхакIуэщ, къалэмыр телъыджэу зыгъэшэрыуэф художник набдзэгубдзаплъэщ. 
КIашэ Адэлджэрий абазэ лIакъуэлIэш унагъуэщ къызыщалъхуар. Хэти зэрищIэщи, абазэхэмрэ адыгэхэмрэ зэлъэпкъэгъущ, абхъаз щIэныгъэлI цIэрыIуэ Инал-Ипа зэритхыгъащи, зы жыгым и къудамитIщ. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм, КIашэ Адэлджэрий и тхыгъэхэр дунейм къыщытехьа лъэхъэнэм, адыгэхэри абазэхэри нэхъ къызэрацIыхур шэрджэст – а лъэпкъыцIэр адыгэхэми абазэхэми я зэхуэдэщ. 
Къалэмбий и тхыгъэхэр дунейм къызэрытехьар урысыбзэкIэщ – абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: щыпсэуа зэманым тепщIыхьмэ, абы нэгъуэщI Iэмал иIакъым, урысыбзэкIэ тхэн фIэкIа (и тхыгъэхэр тридзэн мурад щищIакIэ). КIашэ Адэлджэрий и тхыгъэхэр дунейм къызэрытехьар урысыбзэми, ахэр ди лъэпкъ (абазэ, адыгэ) литературэхэм я тхыдэм и зы напэкIуэцIщ. Ахэр дэркIэ лъапIэщ Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий, ХьэтIохъущокъуэ Къазий сымэ къызэранэкIа тхыгъэхэм хуэдабзэу.
 КIашэм къыщIэна тхыгъэхэр зэрылъапIэр щызэпкърихым, Битокъум къыхигъэщащ лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ноби зэрызыхуагъазэр, ахэр зэритхрэ зэман дэкIыжами, иджыри мыхьэнэшхуэ зэраIэр. 
Маринэ зэрыжиIэмкIэ, бзэмрэ этнографиемрэ нэхъыбэу тезыгъэщIа нэгъуэщI ди адыгэ узэщIакIуэхэм (Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий СулътIан, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, н.) къащхьэщыкIыу, КIашэм гулъытэ ин хуищIащ художественнэ тхыгъэм. Къалэмбий и Iэдакъэ къыщIэкIахэр триухуащ Кавказым щыпсэуа бгырысхэм я гъащIэм. И Iуэтэжхэр щызэхуэхьэса «Шэрджэсым и тхыгъэхэр» («Записки черкеса») тхыгъэм абы щызэпкърех бгырысхэм я псэукIэр. Аращ и къалэмыпэр къызэрищтэрэ тхакIуэр зыгъэгузавэу щытари. Нэгумэ Шори, Хъан-Джэрии, ХьэтIохъущокъуэ Къазии зыхуэлэжьар зыщ – я лъэпкъыр щIэныгъэм и гъуэгум тешэнырщ, «бгырыс Iэлыр» кIыфIыгъэм къызэрыхашынырщ, ар тхылъымрэ щIэныгъэмрэ къызэрыщIагъэтэджэнырщ. Ар дыдэрщ КIашэ Адэлджэрии зыхуэлэжьар. «Iуащхьэ щыгум» повестым абы щитхыгъащ: «Си нэгу щIэкIауэ хъуам хьэкъ сщащIауэ, сэ шэч къызытезмыхьэжыр зыщ – щIэныгъэм цIыхур къызыхэкIа лъэпкъым пэIэщIэ ищIын зэрыхуэмейрщ, ар дэнэ къэна, щIэныгъэм цIыхур и лъэпкъэгъухэм нэхъри гъунэгъу хуищIын хуейщ. ЩIэныгъэ мащIэ дыдэ фIэкI зимыIэ адыгэр хуэдищкIэ нэхъ адыгэщ, абы и къуэш щIэныгъэншэм елъытауэ». 
КIашэ Адэлджэрий 1837 гъэм Инжыджышхуэ (Шэрджэсым) къыщалъхуащ. КъызыхэкIар ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, абазэ лIакъуэлIэш унагъуэщ. 1850 гъэм Адэлджэрий Ставрополь гимназием щIагъэтIысхьэ икIи, урысыбзэр щIэх дыдэ зрегъащIэри, тхыдэмрэ литературэмрэ хуабжьу дахьэхауэ йоджэ. Гимназием щекIуэкI литературэ зэпеуэхэм Адэлджэрий пашэныгъэр къыщихь зэпытащ. Дыщэ медалкIэ гимназиер къиуха нэужь, илъэситIкIэ зегъэхьэзырри, КIашэ Адэлджэрий 1860 гъэм Петербург университетым щIотIысхьэ. Архивым хъума щыхъуащ мыпхуэдэ тхылъымпIэ: «КIашэ Адэлджэрий 1860 гъэм шыщхьэуIум и 1-м, экзамен къыIамыхыу, Санкт-Петербург дэт университетым и езанэ курсым хагъэтIысхьащ – къуэкIыпIэ факультетым и хьэрып, къэжэр, тырку, тэтэр разрядым».
Университетым къыщIэкIыжри, хэкум къигъэзэжа нэужь, КIашэ Адэлджэрий Ставрополь щылэжьащ егъэджакIуэу; 1867 гъэм Владикавказ къалэм дэтIысхьащ, абы къыщыдэкI «Терские ведомости» газетым и редактору лэжьэн щIидзащ. А IэнатIэм здыIутым, и ныбжьыр илъэс 35-рэ фIэкI мыхъуауэ, КIашэ Адэлджэрий 1872 гъэм дунейм ехыжащ. 
Къалэмбий и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ тхыгъэри бгырысхэр зыхэта кIыфIыгъэм, хабзэ мыхъумыщIэхэм хуэунэтIа удын пэлъытэщ. Псом хуэмыдэжу удын гуащIэ иридзащ КIашэ Адэлджэрий пасэрей хабзэ мыхъумыщIэхэм. «Абрэджхэр» повестымкIэ тхакIуэм къигъэлъэгъуэжащ пасэрей хабзэ мыхъумыщIэхэм лъэпкъым, хэкум къыхуахьу щыта насыпыншагъэхэр. 
«Этнокод КБР» программэм къызэщIеубыдэр республикэм и район, къалэ псори. Ар къыхилъхьащ КъБР-м и Правительствэм, «Знание» урысейпсо зэгухьэныгъэр щIыгъуу. Мыр хуэунэтIащ цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным икIи Iуэхум хыхьэу къызэрагъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэхэр, мастер-классхэр, зэIущIэхэр. Ар иризэхуащIыжынущ «Российский Кавказ: Мода. Музыка. Искусство» фестивалымкIэ. 

Сурэтым: Битокъу Маринэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.07.2026 - 09:03

Пэжыр зи гъуазэм насыпыр и гъуэгущ

КъШР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Даур Борис Индрис и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ. Ар Хьэ­бэз адыгэ къуажэм къыщалъхуащ.

15.07.2026 - 09:03

Республикэм и гъуэгухэр къепщытэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Каз­бек дыгъуасэ щыгъуазэ зи­щIащ республикэм гъуэгу­хэр щызэгъэ­пэщыжыным хуэгъэзауэ щекIуэкI лэ­жьыгъэхэм ящыщ зыбжанэм.

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.