Зэдэлэжьэныгъэр ягъэбыдэ![]() Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI, полицэм и подполковник Салпагаровэ ФатIимэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Печатым и унэм щахуэзащ «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщI Бежан Беслъэнрэ абы и къуэдзэ Холаев Темырланрэ. Лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм и лэжьыгъэм ехьэлIауэ мыхьэнэ зиIэ хъыбархэр зэрызэIэпахыну щIыкIэм, щIыпIэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэныр гъэбыдэным, апхуэдэуи щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымрэ Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием и дзэхэм къулыкъу щызыщIэхэм я пщIэр къэIэтынымрэ хуэгъэзауэ зэгъусэу зэхалъхьа я проектхэр пхыгъэкIыным. Гулъытэ хэха хуащIащ ведомствэр илъэси 10 зэрыхъумрэ абы теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэмрэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









