Къэралым щынэхъыфIщ ди ныбжьыщIэхэр

Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм баллищэ къыщызыхьа ныб­жьыщIэхэмрэ урысейпсо олимпиадэхэм щытекIуахэм­рэ къыщыхэжаныкIахэмрэ яIу­щIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и унафэщIым Максым щиIэ напэкIуэцIым а зэIущIэм теухуауэ щитхащ:

«Дэтхэнэ зыми сыфIу­щIэну, сынывэпсэлъылIэну икъукIэ си гуапэщ.
Ди къэралышхуэм бжьыпэр щызыIыгъ ныбжьыщIэхэм зэ­рызахевгъэлъытар - ар икъукIэ ехъулIэныгъэшхуэщ! Ар еджапIэми зэрыщыту Къэбэрдей-Балъкъэрми я зэфIэкIыр къэ­зыгъэлъагъуэщ.
ИкъукIэ фIыщIэшхуэ яхузощI щIалэгъуалэм я егъэджа­кIуэ­хэм, гъэсакIуэхэмрэ адэ-анэ­хэмрэ - абыхэм я дэIэпыкъуныгъэ хэмылъу а лъагапIэм фы­нэсыфынутэкъым.
Махуэ къэс дэ яужь дитщ къытщIэхъуэ щIэблэр едгъэ­джэн папщIэ нэхъыфI псомкIи къызэрызэдгъэпэщыным. ЩIэ­ныгъэ зэгъэгъуэтын Iэмалыр псоми зэхуэдэу яIэн хуейщ. А къалэным зэпыууэ и нэIэ тригъэтщ ди Президент Путин ­Владимир Владимир и къуэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ехъу­­лIэныгъэфIхэр иIэщ, ауэ дэ дыздынэсам дыкъыщыу­выIэну ди мурадкъым. АдэкIи едгъэфIэкIуэнущ школхэм щIэ­ныгъэ зэрыщрагъэгъуэт щIы­кIэр, егъэджакIуэхэм я лэ­жьы­гъэм и Iулыджыр къэт­Iэ­тынущ.
Ди зэпсэлъэныгъэм дэ дыкъыщытеувыIащ щIэныгъэ ­нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтыным, медицинэм, архитектурэм, къалэухуэ, нэгъуэщI куэдми пы­щIа Iуэхухэм. И гугъу тщIащ хэкуп­сагъэм, дунейм къы­щыхъу зэ­пэщIэтыныгъэхэм - щIалэгъуа­лэм псори яфIэгъэщIэгъуэнщ!
Курыт еджапIэр къэзыуха ди ныбжьыщIэхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу я мурад дахэхэр къехъулIэну.
Шэч къытесхьэркъым: фэ фщыщ дэтхэнэми зи лэжьыгъэм хуэIэзэ IэщIагъэлI къыф­хэкIынущ икIи Къэбэрдей-­Балъкъэрыр адэкIи ефIэ­кIуэ­ным, абы нэхъри зиужьыным хэлъ­хьэныгъэ хуэфщIынущ.
ЕхъулIэныгъэ фиIэну си гуа­пэщ!»

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.