Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа брифингыр теухуат наркотикхэкIхэмрэ Iэщэрэ хабзэншагъэкIэ игъэкIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным, апхуэдэу ялэжьахэр къыщIэгъэщыным.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и унафэщI, полицэм и подполколвник Къэзэр Аслъэн къызэрыхигъэщащи, дызэрыт 2026 илъэсым хабзэншагъэкIэ ирагъэкIыну зыхэта наркотикхэкIрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэу килограмм 26-м щIигъу къытрахащ, абы пыщIа щIэпхъаджагъэу 180-м нэс къыщIагъэщащ. Къызэпаудащ хамэ къэрал цIыхуи 8-м ялэжь щIэпхъаджагъэр, абыхэм ятеухуа уголовнэ Iуэхухэр судым Iэрагъэхьащ.
НэгъуэщI хабзэхъумэ IэнатIэхэм ящIыгъуу къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым зэхуащIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм наркотикхэкIхэр къызэрырагъэхь Iэмалхэу 10.
Ятхащ зэщIэгъэуIуа гупым ялэжьа щIэпхъаджагъэу 11, ипэкIэ зэгурыIуэу зэрахьахэу 36-рэ. КъБР-м щыIэ МВД-м следствэмрэ дознаниемкIэ и къудамэхэм щIэпхъаджагъэ 226-м теухуа уголовнэ Iуэхухэр судым Iэрагъэхьащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м жыджэру ирегъэкIуэкI наркотикхэр ИнтернеткIэ хабзэншагъэкIэ зэбгрегъэхыным пыщIа Iэмалхэр къызэпыудыным теухуа Iуэхухэр. 2026 гъэм и мази 5-м къыщIагъэщащ наркотикым пыщIауэ хуит ямыщI хъыбархэр зралъхьэ сайтрэ интернет напэкIуэцIу 95-рэ.
Республикэ УНК-м и унафэщIым къыхигъэщащ щIалэгъуалэр наркоманием щыхъумэным теухуауэ ирагъэкIуэкI республикэ акцэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Абыхэм ящыщщ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» жыхуиIэр. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, абы хэтащ школакIуэрэ студенту мини 100-м нэблагъэ, апхуэдэуи адэ-анэу мин 31-м щIигъу.
Iэщэхэр хабзэншагъэкIэ зегъэкIуэным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъунымрэ апхуэдэу ялэжьхэр къыщIэгъэщыным ехьэлIауэ къагъэсэбэп Iэмалхэм журналистхэр щигъэгъуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ полицэм и полковник Къущхьэ Еленэ. Ар зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм икIи жиIащ илъэсыр къызэрихьэрэ хабзэншагъэкIэ Iэщэхэр зегъэкIуэным ехьэлIа щIэпхъаджагъэу КъБР-м и хабзэхъумэ IэнатIэхэм 50 къызэрыщIагъэщар. Судым ягъэхьащ ягъауэ Iэщэу 14 къызэрытрахам теухуа уголовнэ Iуэхухэр.
- Яхъумэ Iэщэр езыхэм зэратым пэкIуэу ахъшэ зэрыратыр IэмалыфIщ абы и лъэныкъуэкIэ ялэжь хабзэншагъэхэр гъэмэщIэнымкIэ. Къэралым апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм цIыхухэр трегъэгушхуэ, зи фIэфIыныгъэкIэ Iэщэр зытхэм е ар здэщыIэм теухуа хъыбар къезыгъащIэхэм уголовнэ жэуапыр ящхьэщихкIэри,- къыхигъэщащ абы.
УУР-м и унафэщIым и къуэдзэм жиIащ мы гъэм мазитхум къриубыдэу цIыхухэм Iэщэрэ абы и пкъыгъуэхэу 17 зэратар икIи абы пэкIуэу сом 208 920-м щIигъу зэраIэрыхьар.
Брифингым и кIэухым спикерхэм журналистхэм я упщIэхэм жэуапхэр иратащ.
ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.