ЕхъулIэныгъэхэм я быдапIэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым зэхыхьэ гуапэ щрагъэкIуэкIащ, Славянхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэм теу­хуауэ (мэкъуауэгъуэм и 25-м ягъэлъапIэ). 

Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм щызэрохьэлIэ республикэм лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэу щы­Iэхэм я лIыкIуэхэр, къэрал къулыкъущIэ­хэм ящыщхэр, гъуазджэм телажьэ гупхэм хэтхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIахэр, щIалэгъуалэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэ­хэр, жыпIэнурамэ, мамырыгъэр зэгурыIуэныгъэр, хабзэ дахэхэр хъума зэрыхъуным те­зыгъащIэхэр. А Iуэхум ди щIыналъэм нэхъ щыхуэлажьэр «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэу урысхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэ­ным зи гуащIэ хэзылъхьэрщ. Иужьрей илъэс­хэм зыкъызэрагъэлъэгъуамкIи, мыбы хэтхэм ди республикэм щэнхабзэм зыщиужьынымкIэ жэрдэмыщIэхэр къыхалъхьэ къудейкъым, атIэ цIыху къызэрыгуэкIхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуным теу­хуауэ къэрал IэнатIэхэм зыпащIэнымкIэ, Iуэху зэрыщыIэр кърагъэщIэнымкIэ сэбэп мэхъу. 
Зэхуэсым хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблеем и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, ­УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэт Сэхъурокъуэ Хьэутий, ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждэн жылагъуэм зегъэужьынымкIэ, хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий, «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм хэт Литвинов Роман, «Сяб­ры» зэгухьэныгъэм и унафэщI Ярмоленкэ Анатолий, «Днипро» щэнхабзэмкIэ центрым и унафэщI Ивановэ Светланэ, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зе­зыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, дин IуэхущIапIэхэм я лэ­жьакIуэхэр, щIалэ­гъуалэр. 
Зи гугъу тщIы фондым и IуэхущIапIэм и пэIущIэ пэшым и зы плIанэпэм деж щыт стIолым телът лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэр. 
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм теухуа зэIущIэр Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рымрэ я гимнхэмкIэ къызэIуахащ. 
Япэу псалъэ зратар пшыхьыр зи жэрдэм «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Романти, абы и гугъу ищIащ екIуэкI Iуэхум и мыхьэнэм.
- Зэкъуэтыныгъэмрэ зэныбжьэгъуныгъэмрэ и махуэшхуэм псом хуэмыдэу дигу къыдогъэкIыж дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэ, ди Хэкум и уэгур мамыру щытыным псэемыблэжу щIэзэу ди лIыхъужьхэр. ФIыщIэ ин яхудощI апхуэдэ щIалэ къуданхэр зи уна­гъуэ къикIа адэ-анэхэм. Абыхэм я лIыгъэр и щапхъэ наIуэщ зэкъуэтыныгъэр сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэми зэрытекIуэм. АтIэ, адыгэхэр, балъкъэрхэр, урысхэр, ди къэралым щыпсэу псори нэхъ быдэжу дызэкъуэвгъэувэ, ди зэхуэдэ унэр - Урысейр - мамырыгъэм, щэнхабзэм, ехъулIэныгъэхэм я быдапIэу щытын икIи къэкIуэну щIэблэм гъуазэ яхуэхъун папщIэ. 
Ди Хэкум и тхыдэр гъэнщIащ лIыхъужьыгъэрэ зэдэIэпыкъуныгъэкIэ. Дэтхэнэ лъэпкъми и хабзэм пщIэ хуэпщIыным къикIыр уи щэнхабзэм и лъабжьэр бгъэбыдэнырщ. Блэ­кIам и дерсхэр зыщыдвмыгъэгъупщэ, зэкъуэ­тыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я лъабжьэ быдэм тещIыхьа Урысейм и къэкIуэнур адэкIи екIуу щытын папщIэ, - жиIащ Литвиновым. 
Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщыпсалъэм къыхигъэщащ, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр. 
- 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныгъэм и илъэсу гъэувыным теухуауэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къищта унафэр лъэпкъ куэду зэхэс ди къэралым и лъапIэныгъэ купщIафIэхэр дигу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэщ. Щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щызэхэухуэна ди Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдолъагъу лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм къихь дахагъэмрэ беягъэмрэ. Дыхуейщ ди зэхущытыкIэфIым хэдгъахъуэ зэпыту ды­псэуну, щIэблэми дызэхахыну, - жиIащ Сэхъурокъуэм. 
Текуев Амырбий къыпищащ: 
- Лъэпкъхэр дызэныбжьэгъумэ, дызэрыIыгъмэ, ар насыпышхуэщ. Хэку зауэшхуэм и зэманым ди нэхъыжьыфIхэм къагъэлъэгъуащ ар, зэкъуэтыныгъэм къытхуихьащ ТекIуэныгъэр. Дызэкъуэтмэ, дылъэщщ. Щэнхабзэ зэ­мылIэужьыгъуэ куэдыр тхъумэну, Урысейм и лъэпкъхэр дызэгурыIуэрэ-дызэдэIуэжу ды­псэумэ, ди къэралым къыхуэдзэлашхэхэм да­зэрытекIуэну Iэщэр аращ. ЩIалэгъуалэм едгъэлъагъу щапхъэм дерс къызэрыхахынуми шэч хэлъкъым. 
Къызэхуэсахэм къыхагъэщащ зэкъуэтыныгъэр псом ящхьэу зэрыщытыр, зэгурымыIуэ­ныгъэм хьэлэбэлыкъыу къишэр зыхуэдизыр. 
Зэхыхьэм хэтахэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ Мэкъуауэ Люазэ: 
- Мы зэхуэсым къекIуэлIа дэтхэнэми фIыщIэ фхузощI, фи Iуэху къэвгъанэу зыкъызэревгъэхьэлIам папщIэ. Хэкум ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр щхьэпэщ нэхъри зэкъуэувэнымкIэ, зэрыIыгъынымкIэ, - жиIащ абы. 
Зэхыхьэм щыIуащ уэрэдхэмрэ, усэхэмрэ, ягъэзэщIащ урыс къафэхэр. Зэраусрэ куэд мыщIами, цIыху куэдым ягу дыхьа «Матушка-Земля» урыс уэрэдыр жиIащ ­Прохладнэ ­куейм къикIа «Мечта» ансамблым хэт Клименкэ Юлие, къэфакIуэ гуп «Новое дыхание» зи фIэщыгъэр и гъусэу.
ЗэIущIэм хэтахэм фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ. 
Тхыгъэри сурэтри 
КЪАНКЪУЛ  Раисэ ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я

16.07.2026 - 08:34

Гуащэнабдзэхэмрэ сурэтхэмрэ

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит Розэхэм (Гуащэнаб­дзэ­хэм) я аллеем бадзэуэ­гъуэм и 12-м щагъэлъэ­гъуащ къалащхьэм и «Свой стиль» клубым и сурэттех, илъэс щэ ныкъуэм щIигъу­кIэ инженер IэнатIэм пэр