Шапсыгъхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр![]() Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хиубыдэу Лазаревскэ район библиотекэ нэхъыщхьэм щекIуэкIащ «Лъэпкъыбэ Сочэ: шапсыгъ адыгэхэм я щэнхабзэ щIэинхэр» конференцыр.
Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Сочэ къалэм и «Лазаревскэ ЦБС»-м и унафэщI Тхьэгъущ Маретэ. Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, абы жиIащ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ къалэм, щIыналъэм щыхъумэным, щыгъэбыдэным и IуэхукIэ купщIафIэу зэпсэлъэну зэригуапэр.
Лазаревскэ къалэ кIуэцI районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Кириченкэ Светланэ щIыналъэм и Iэтащхьэ Ермолаев Максим и фIэхъус псалъэхэм къеджащ, мыпхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIыну зэрыщыгугъыр жиIащ.
Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид тепсэлъыхьащ хэкурыс лъэпкъым зэрызиужьыну гъуэгухэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ зэрапыщIам, мамырыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я лъахэу къалъытэ Сочэ къалэ-зыгъэпсэхупIэм и теплъэр махуэ къэс зэрырагъэфIакIуэм, нэгъуэщIхэми. Тхьэмадэм IупщIу къыхигъэщащ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэныр унагъуэхэм къызэрыщежьэр, адыгэр адыгэу къызэтенэн папщIэ бзэр хъумэн зэрыхуейр.
Ди лъэпкъэгъухэр зэрыпсалъэ диалектым и дахагъыр псэкIэ зыхыуигъащIэу къэпсэлъащ дохутыр, усакIуэ, музыкант Iэлалэ Хьэсэн. Ар анэдэлъхубзэкIэ усэ къеджащ, бзэр хъумэн зэрыхуейм гузавэу тепсэлъыхьащ, гъэщIэгъуэн куэд утыку кърихьащи, нэхъ зэпкърыхауэ къэдгъэлъэгъуэнут зи гугъу ищIахэр.
- Бзэр цIыхухэр зэрызэпсалъэ Iэмал къудейкъым, атIэ лъэпкъым и щIэин нэхъыщхьэщ, абы и тхыдэр, щэнхабзэр, дуней еплъыкIэр къызытещщ. Адыгэбзэм и шапсыгъ диалектыр гулъытэ зыхуэщIыпхъэ щэнхабзэ щIэину къызолъытэ, ар Iэмал имыIэу хъумэн хуейщ, – жиIащ Хьэсэн.
Хирург щIалэр къызыхэкIам зэрыхуэпэжыр, и лъэпкъым гууз-лыуз зэрыхуиIэр нэрылъагъуу абы и тхыдэми, тхыбзэми, щэнхабзэми, къекIуэкIыкIэми фIыуэ хещIыкI. Мис ахэр и лъабжьэу игъэхьэзыра докладым къыщигъэлъэгъуащ шапсыгъ диалектым и къежьапIэр, абы хэлъ щхьэхуэныгъэхэр, адрей псэлъэкIэхэм къащхьэщыкIыу шапсыгъ псэлъэкIэм щахъумахэр, нэгъуэщIхэри. Бзэм и макъхэм, псэлъэкIэм, абыхэм я зэхэлъыкIэр зыдж щIэныгъэм я гугъу щищIым, Хьэсэн къыхигъэщхьэхукIащ пасэрей макъ дэкIуашэхэр шапсыгъ псэлъэкIэм хъума зэрыщыхъуар, макъ зешэхэм я къэIукIэ щхьэхуэхэр, нэгъуэщI диалектхэм хэмыту шапсыгъ диалектым къыхэна псалъэхэр, жьы хъуа псалъэу нобэрей шапсыгъыбзэм хуэхъумахэр, шапсыгъ диалектым кIэмыргуеибзэм къыщхьэщыкIыу хэт макъхэр, псалъэхэр, жыIэгъуэхэр.
НобэкIэ Урысей Федерацэм шапсыгъ 14500-рэ щопсэу, ахэр Краснодар краймрэ Адыгэ Республикэмрэ исщ. Апхуэдэуи Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым щыхэхэсщ. Хьэсэн зи гугъу ищIахэм ящыщщ ахэр зэрыпсалъэ шапсыгъ диалектыр иджыри псэлъэкIищу зэрызэщхьэщыкIыжыр, щыпсэу щIыпIэм елъытауэ зэхэкIауэ (прикубанскэ, агуй, хакIушынэ).
Iэлалэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ гуайе диалект зэрыщыIари, абы ирипсалъэр гуайе лIакъуэм щыщхэрт. 19-нэ лIэщIыгъуэм Кавказым ис адыгэ лIакъуэхэм я нэхъыжь дыдэу ялъытэу щытащ ар, ауэ шапсыгъхэм яхэшыпсыхьыжащ.
- Нобэ дызэрыхуа щытыкIэм уеплъмэ, шапсыгъ диалектыр кIуэдыжынкIэ хъуну шынагъуэ щыIэщ, – жиIащ Хьэсэн. - Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Псом япэр щIалэгъуалэр я хэку цIыкIум икIыурэ Урысейм и къалэшхуэхэм зэрыIэпхъуэрщ. Апхуэдэуи Интернет, телевидение, социальнэ сетхэм нэхъыбэу щызекIуэр зы бзэщ; псэукIэм, экономикэм нэхъ лъэщIыхьэн папщIэ фейдэ зыпылъу къалъытэр урысыбзэрщ; шапсыгъыбзэкIэ ягъэхьэзыр зэрырагъаджэ программэу, тхылъу щыIэр мащIэщ. ХэкIыпIэу къызолъытэ шапсыгъхэр нэхъыбэу зэрыс щIыпIэхэм шапсыгъыбзэр школ программэхэм щыхагъэхьэн хуейуэ, диалектологиемкIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр гъэхьэзырыныр, къытедзэныр дэIыгъыпхъэу, бзэм теухуа щэнхабзэ проектхэм мылъку хухэхыныр Iэмал зимыIэу, сабийхэми балигъхэми папщIэ бзэр щагъэлажьэ гупжьейхэмрэ клубхэмрэ къызэIухыпхъэу, шапсыгъ адыгэхэм я фестивалхэр, зэхьэзэхуэхэр, мастер-классхэр щIэх-щIэхыурэ егъэкIуэкIын хуейуэ, унагъуэхэм бзэмкIэ щыпсалъэхэм гулъытэ яхуэщIыпхъэу, лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ хабзэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэм яIэщIэлъхьэным телэжьэныр япэ игъэщыныр, иджыпсту нэхъ хэкIыпIэфIращи, шапсыгъ диалектымкIэ лажьэ телефон гуэдзэнхэр, онлайн курсхэр къызэгъэпэщыныр щхьэпэу; ди бзэкIэ мульфильмхэр, зэпсэлъэныгъэ кIэщIхэр, роликхэр техыпхъэу, социальнэ сетхэр анэдэлъхубзэкIэ ягъэлэжьэну къыхуеджэныр, шапсыгъыбзэм и псалъалъэ, грамматикэ тхылъ къыдэгъэкIын хуейуэ, IуэрыIуатэр – хъыбархэр, шыпсэхэр, уэрэдхэр, псалъэжьхэр - шапсыгъыбзэкIэ зэхуэхьэсыпхъэу, нэгъуэщIхэри.
- КIэщIу жыпIэмэ, бзэр хъумэныр лингвистхэмрэ этнографхэмрэ я закъуэкъым зи пщэ къыдэхуэр, атIэ жылагъуэм, лъэпкъым я къалэн нэхъыщхьэщ. Унагъуэми къэралми ди къарур зэхэтлъхьэмэ, тхузэфIэкIыну аращ ди бзэр къыдэкIуэтей щIэблэм яIэщIэтлъхьэныр. Псори зэгъусэу девгъэлэжь абы, ди бзэр музейхэм щахъумэ хьэпшыпхэм ещхь мыхъуу, зиужьу, щIэблэм ягъэшэрыуэу щытын щхьэкIэ. Анэдэлъхубзэр тхъумэкIэрэ дунейпсо тхыдэмрэ Iущагъымрэ дэри ди Iыхьэ гуэр хыдолъхьэ. Ар зыщыдывмыгъэгъупщэу ди бзэм дыхуэвгъэсакъ!
Лазаревскэ къуажэм дэт этнографие музейм и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Хъушт Iэминат шапсыгъхэм я хабзэм, тхыдэм, щэнхабзэм я гугъу ищIащ.
Дыщэидэм хуэIэзэ Куэблэ ФатIимэ къызэхуэсахэм я пащхьэ кърихьащ дуней псом щыцIэрыIуэ дыщэ IуданэкIэ зэрыхадыкI щIыкIэхэр.
Лъэпкъым и хьэл-щэныр, и хабзэр, и шыфэлIыфэр къэзыгъэлъагъуэр и къафэмрэ макъамэмрэщ. Абы убгъуауэ тепсэлъыхьащ Гырбэ Суретэ.
Конференцым хэтахэмрэ хьэщIэхэмрэ гулъытэшхуэ хуащIащ «Аше» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэхэу ТIэшхэ Сафэтрэ Шамсэтрэ ирагъэкIуэкIа мастер-классхэм, абы ныбжьыщIэхэр щыхуагъасэрт хэдыкIыным, Iуданэ зэрыхъэным, арджэн щIыкIэм.
«Адыгэ гукъыдэж» гъэлъэгъуэныгъэм сурэтыщI Iэзэ ЛIыфэ ФатIимэ и IэдакъэщIэкI сурэтхэр щызэхуэхьэсат. ФIэщыгъэцIэм къызэрыбжиIэщи, абы щынэрылъагъут адыгэ лъэпкъым и псэм и щытыкIэр, и хьэл-щэныр зыхуэдэр, нэгъуэщIхэри. АдэкIэ къыщыт «Шапсыгъ адыгэхэм я щэнхабзэ код» гъэлъэгъуэныгъэм конференцым хэтхэр щигъэгъуэзащ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм, щэнхэм, тхыдэм ятеухуауэ дунейм къытехьа тхылъхэм.
Конференцым кърикIуахэр щызэхилъхьэжым, Сочэ къалэ администрацэм и лэжьакIуэ Стародуб Татьянэ къыхигъэщащ къэпсэлъахэм Iуэхугъуэ куэд къызэрызэщIаубыдам и фIыгъэкIэ, шапсыгъ адыгэхэм я щэнхабзэмрэ псэукIэмрэ къызэхуэсахэр зэрыдихьэхар.
Сочэ къалэм и администрацэм, ЩэнхабзэмкIэ управленэм фIыщIэ псалъэхэр яхужиIащ Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид, лъэпкъ куэд зыдэс къалэр зыхуэныкъуэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху къызэрызэрагъэпэщам папщIэ. «Нобэрей зэIущIэр щыхьэт тохъуэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр пэш щэхухэм мыхъуу, зэIущIэ гукъинэжхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм я хабзэхэм зыщыбгъэгъуэзэным къызэрыпэкIуэр. Ди къарур зыхэлъыр дызэрызэныбжьэгъуфIырщ, пщIэ зэрызэхуэтщIыфырщ, апхуэдэ щIыкIэкIэщ къэкIуэнур зэрыдухуэфынури», – жиIащ Мэжид.
ЗэIущIэр ягъэдэхащ Лазаревскэ куейм щыIэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и «Насып» пшынауэ гупым.
Мы тхыгъэм и кIэухыу, конференцым доклад купщIафIэ щызыщIа шапсыгъ усакIуэ Iэлалэ Хьэсэн и Iэдакъэ къыщIэкIа, абдеж щыжиIа «Ауэ уэ пщIэркъым адыгэбзэр» усэр, шапсыгъ диалекткIэ тхар, фи пащхьэ идолъхьэ.
Арау о пшIэрэп Адыгабзэр
Тыдэ сыщымыIэми бзэр сэгъэлъапI,
Ащ хэлъ сятэжъ пIашъэм ихабзэр,
Тилъэпкъы тарихъыми ар икъежьапI,
Арау о пшIэрэп Адыгабзэр…
Чъыгым икъутамэри мэгъуи пэзыжь,
Сымаджэу хъумэ ащ ылъапсэр…
Бзэм лIакъом ылъапсэм о унигъэсыжь,
Арау о пшIэрэп Адыгабзэр…
Бзэм къыпфиIотэщт блэкIыгъэм ишъыпкъ,
Псынэпсы IэшIум фэдэу къабз ар!
Ар тшIэфэ пытэщт тилъэпкъыми ыпкъ,
Арау о пшIэрэп Адыгабзэр…
Жьы къабзэм фэдэу ныдэлъфыбзэр
сэ скIыгъу,
Мэкъамэм фэдэу мэбзэрабзэ!
Къэбар горэ сэ къэсIотэнэу сшIоигъу,
Арау о пшIэрэп Адыгабзэр…
Тхыгъэри сурэтхэри
НэщIэпыджэ Замирэ ейщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










