Ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэр ядолажьэ Урысейм и щIэныгъэ центр нэхъ инхэм. Абыхэм ящыщщ Сыбыр федеральнэ университетыр. А зэдэлэжьэныгъэм зегъэужьынымкIэ къалэн нэхъыщхьэр зи пщэ дэлъыр КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтымрэ СФУ-м педагогикэмкIэ, психологиемрэ социологиемкIэ и институтымрэщ.
Мы махуэхэм КъБКъУ-м и ИППиФСО-м щекIуэкIащ къызэраух лэжьыгъэхэр пхыгъэкIыныр. КъБКъУ-м къригъэблагъэри, Къызэраух къэрал аттестацэ комиссэм и унафэщIу щытащ психологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, СФУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ социологиемкIэ и институтым и унафэщI Волковэ Олеся.
Красноярск щыщ IэщIагъэлIым щытхъу псалъэхэр жиIащ КъБКъУ-м и студентхэр, магистрантхэр, аспирантхэр зэрагъэхьэзыр щIыкIэм, университетым егъэджэныгъэ Iуэхур къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ. ХьэщIэм гулъытэ хэха хуищIащ КъБКъУ-м и магистрантхэм IуэхущIэ зэтраублэфахэм, апхуэдэуи жиIащ университетым езым и щIэныгъэ еджапIэхэмрэ щIалэгъуалэм я хьэрычэтымрэ ехъулIэныгъэ хэлъу зэрагъэкIуатэр зэрыщапхъэфIыр.
КъБКъУ-мрэ СФУ-мрэ зэдэлажьэу щыщIадзар 2023 гъэм и жэпуэгъуэ мазэрщ. Урысейпсо зэхыхьэм и утыкуращ еджапIэ нэхъыщхьитIым я институтхэм я унафэщIхэм зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щыщIадзар.
Волковэ Олеся къызэрыхигъэщамкIэ, КъБКъУ-мрэ СФУ-мрэ я егъэджэныгъэ программэхэр я купщIэкIэ зэгъунэгъу дыдэщ.
Нобэ ди университетым и ИППиФСО-м а зэдэлэжьэныгъэм жыджэру зрегъэужь, и еджакIуэхэр къэралым и щIэныгъэ IуэхущIапIэ пэрытхэм кIуэну игъэхьэзыру.
КъБКъУ-р щIыналъэ зэхуаку Iуэху щхьэпэхэм я купсэщ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэраубзыхуамкIэ, еджапIэхэм бжьыхьэм студентхэр щызэхуашэсынущ Iуащхьэмахуэ лъапэ, гъатхэм - Сыбырым (Красноярск).
КъБКъУ-м и ИППиФСО-м ди студентхэр федеральнэ щIэныгъэ утыкухэм ишэнымкIэ Iэмалхэр къахузэрегъэпэщ. ДяпэкIэ я мурадщ зэгъусэу къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, тхыгъэхэр, монографиехэр ягъэхьэзырурэ университетым и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр къэралым и утыкушхуэхэм иришэну, IэщIагъэлI пажэхэм я нэIэ щIигъэувэну. Практикэ психологиемрэ егъэджэныгъэмкIэ ди университетым щекIуэкI лэжьыгъэхэмрэ Социологиемрэ педагогикэ психологиемкIэ сыбыр IэщIагъэлIхэм я къэхутэныгъэхэмрэ зэгъусэ ящIу, унэтIыныгъэм зрагъэужьыну я мурадщ дяпэкIэ.
- Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ КъБКъУ-м и студентхэм зэфIэкI зиIэхэм щапхъэ трах къудей мыхъуу, езыхэми я лэжьыгъэм нэгъуэщIхэр зэрыщагъэгъуазэм. Ди щIалэгъуалэр нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа я лэжьэгъухэм япыщIауэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыныр уасэ зимыIэ Iуэху зехьэкIэщ», - жиIащ КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и унафэщI Михайленкэ Ольгэ.
Iэрыс Iэсият.