Бзылъхугъэ гуащIафIэ

Налшык дэт Лъэпкъ библиотекэм щрагъэжьащ «Женский код» лэжьыгъэщIэ. Республикэм и бзылъхугъэ щыпкъэхэм - тхакIуэхэм, сурэтыщIхэм, дэрбзэрхэм, пшынауэхэм, актрисэхэм - яIущIэныр, я зэфIэкIым тепсэ­лъы­хьыныр аращ Iуэхур зытеухуар. ИкIи ар яублащ «Мечты сбываются» пса­пащIэ фондым и къызэгъэпэщакIуэ, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, коллекционер, журналист Магомедовэ ФатIимэ къыдигъэкIа «Город лысых» тхы­лъым теухуа зэIущIэмкIэ. 

Къэпсэлъахэм ящыщ гуэрым къыхигъэщащ тхылъым ауэ зыт­ригъэун щхьэкIэ еджэну къызэрызэ­Iуихар, и фIэщыгъэри тIэкIу ауаныщI хуэдэу къызэрыфIэщIар, ауэ щыхъукIи, еджэн щиухам хуабжьу гупсысэ куу абы зэ­рыхэлъыр зэрызыхищIар. Нэ­гъуэщI зы бзылъхугъэм тхылъыр гъуазэ хуэхъуащ. И узыншагъэм къыщыхигъэзыхьам ирихьэлIэу къызэIуихат ар, абы и жинтым тет сурэтыр езым и гъащIэм къыпэджэжати, емыджэу игъэ­тIылъы­жыфы­ну­тэкъым. ЗэрыжиIамкIэ, медицинэми, психологиеми, благъэ-Iэу­лэдхэми къыж­рамыIэфын гупсысэхэр къыщигъуэтащ тхылъым. Ахэр гъащIэм гу хуозыгъэ­щIыж псалъэхэт. 
Магомедовэ ФатIимэ и етIуанэ ­тхылъщ «Город лысых» зыфIищар. ТхакIуэр топсэлъыхь цIыху гъащIэм, напIэзыпIэм ар къутэнкIэ зэрыхъунум, лъэпощхьэпохэм зэрызэфIагъащIэм, ауэ гугъуехьхэм ягъэдзыхэ цIыхум и щхьэр къиIэту къы­зэфIэувэжыну, гъащIэм и гупэр хуигъэзэжыну Iэмал зэрыщыIэм. 
Пшыхьым хэтахэр тхылъым тепсэ­лъы­хьащ, тхыгъэхэм къаIуатэмрэ езы­хэм я гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэмрэ зэрыпэджэжым къытеувыIэ художественнэ псалъэм и къарур ФатIимэ зэры­зыхищIэм щыхьэт техъуэ пычыгъуэхэр щапхъэу къахьу. СурэтыщI Аханов Александр и лэжьыгъэхэри абдеж щызрагъэлъэгъуащ къызэхуэсахэм - ФатIимэ зэхуихьэс сурэтхэм ящыщщ ахэр, «Город лысых» тхылъыр зэригъэщIэрэщIари абыхэм къахихаращ. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ скрипкэмкIэ ­Жилач Светланэ зи унафэщI ансамб­лым, арфэр дахэу зыгъэIэрыхуэ Атэлыкъ Аллэ. Макъамэ щабэр щIэту «Город лысых» тхылъым щыщ пычыгъуэхэм ­къеджащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тэмазэ Лиуан. Абы и зыкъэгъэлъэгъуэ­ныгъэр театр теплъэгъуэ щIэщыгъуэ ­хъуат. 
Магомедовэ ФатIимэ жиIащ сыт хуэдэ Iуэху ищIэми - ар журналистикэм, литературэм е псапэ Iуэхум ехьэлIа ирехъуи - псори псэкIэ пэгъунэгъу цIыхухэм пап­щIэщ щIилэжьыр. Бзылъхугъэм и ­фон­дым щащэ сурэтхэмрэ тхылъхэмрэ къыщIэкI мылъкур сабий сымаджэхэм ярет. 
Лъэпкъ библиотекэм щызэхаубла «Женский код» Iуэхум адэкIи зиубгъунущ. Абы ирагъэблэгъэнущ зи гуащIэкIэ цIыхугухэм дыхьа бзылъхугъэхэр.

ГЪУЭТ  Синэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я

16.07.2026 - 08:34

Гуащэнабдзэхэмрэ сурэтхэмрэ

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит Розэхэм (Гуащэнаб­дзэ­хэм) я аллеем бадзэуэ­гъуэм и 12-м щагъэлъэ­гъуащ къалащхьэм и «Свой стиль» клубым и сурэттех, илъэс щэ ныкъуэм щIигъу­кIэ инженер IэнатIэм пэр