Адыгэбзэ зэрызэрагъащIэ телефон гуэдзэн щхьэпэ мазэ бжыгъэ хъуауэ мэлажьэ. Адрейхэм къащхьэщыкIыу мыбы фIагърэ сэбэпынагъыу иIэр занщIэу къащIащ куэдым. Тхьэмахуищым къриубыдэу ар цIыху мин 15-м я телефонхэм трагъэтхат, цIыху мин 300-м нэблагъэ ихьэурэ еплъат, иджыпсту а бжыгъэхэр нэхъыбэжщ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, мы гуэдзэныр къэрали 100-м, къалэ 1471-м щыщхэм къагъэсэбэп хъуащ нобэкIэ, жыпIэнуракъэ, уи щIэныгъэр хэзыгъахъуэу урысей App Store-м ит гуэдзэнхэм я деж 4-нэ увыпIэр щиIыгъщ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ щIэныгъэ утыкухэм япэ ищауэ.
Зи гугъу тщIы гуэдзэныр зи гукъэкIыр ди республикэм щыщ ГъукIэ Залинэщ, ар Москва щеджащ, дзэ дохутыру щолажьэ. Абы и гукъэкIыр техникэ IуэхухэмкIэ къыдэзыгъэпсынщIар и ныбжьэгъу американ щIалэщ Хуслиг Карсон. Залинэрэ Карсонрэ я лэжьыгъэр и кIэм нэсакъым, гуэдзэныр къызыхуэтыншэу щыткъым, абы иджыри йолэжь. Ауэ иджырей технологиехэм, бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм фIыуэ хэзыщIыкI Карсон икъукIэ зрегъэужь щIэныгъэ утыкум, махуэ къэс щIэ гуэр кърелъхьэ, цIыхухэм, адыгэхэм къахуэсэбэпыну псори зэхуахьэсурэ къагъэбей.
Гуэдзэныр Iыхьэ-Iыхьэу зэхэтщ - Адыгэ алыфбей, Адыгэбзэ, Адыгэ библиотекэ... Адыгэ алыфбейр дерс 15-у зэхэтщ. Абы хьэрфым и тхыкIэр, макъым и къэпсэлъыкIэр щызыбогъэцIыхури, уэри жыуигъэIэурэ щIегъэбыдэж. Хьэрфхэр, псалъэхэр телефоным къизыгъэIукIыр Залинэщ.
Адыгэбзэр, жьэрыIуатэбзэр зэбгъэщIэну, абы зэрырипсалъэр къэпщIэну ухуей?! Адыгэбзэ Iыхьэм хыхьи, лажьэ. Абы урысыбзэ псалъэ къыпхуредзэ, ар адыгэбзэкIэ зэратхыр къэпщIэн хуейщ: пса-лъиплI къуетри, абы къыхыбох. Пэжу къэпщIамэ, адэкIэ уокIуатэри, псалъэ гуэр къыбжеIэ, а зыхэпхар зэратхыр псалъиплIым къыхэпхын хуейщ. Ахэр уигу ибубыдэн щхьэкIэ, зыбжанэрэ упщIэ зэ- мыщхьхэр къыпхуигъэувурэ жэуапхэр къыхыбох, къыхэпхар макъкIэ жеIэ, уэ ар жыбоIэж. Ауэрэ псалъэуха зэхэплъхьэу урегъасэ. Мыбы утезэшэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ,Iыхьэ-Iыхьэу зэхэтщи, (бжыгъэхэр, плъыфэхэр, гъэм и зэманхэр, глаголхэр, цIэпапщIэхэр, псэущхьэхэр, шхыныгъуэхэр, дыкъэзыухъуреихь дунейр) сыт хуэдэ Iыхьэр ухуейми къызэIубохри, уролажьэ. Бзэр зэбгъэщIэну ухуеймэ, зыри щхьэусыгъуэ щымыIэу уи унэм ущIэсу пхузэфIэкIынущ ар.
Адыгэ хабзэ Iыхьэри апхуэдэ дыдэу лъэбакъуэ зырызу зэхэтщ. А дерсыр къызэрыщIидзэр адыгэм илъытэ, пщIэ зыхуищI, япэ иригъэщ псалъэхэрщ. Напэ, укIытэ, лIыгъэ, хьэщIагъэ, пщIэ, щIыхь, нэгъуэщIхэрщ. Абыхэм къикIыр къыбгуригъэIуа нэужь, упщIэ-жэуапым къыщIедзэ.
- Библиотекэм и Iыхьэ зэмылIэужьы-гъуэхэм хэдгъэхьэну дыхуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, адыгэ зэрыс нэгъуэщI хэгъэгухэм, хамэ къэралхэм щыщу адыгэ щэнхабзэм, бзэм, гъуазджэм, литературэм и лэжьакIуэхэм я творчествэр. Абы дэнэ щыпсэу адыгэри хуабжьу зэкъуигъэувэнущ, куэдым къахуэщхьэпэн кърахынущ. Уи унэ ущIэсу тхакIуэ гуэрым и IэдакъэщIэкI къызэIупхыу уеджэу е режиссерым триха адыгэ кином уеплъу Iэмал щыIэныр уасэншэкъэ!? - жеIэ Залинэ.
ГъукIэм зэрыжиIэмкIэ, адыгэ библиотекэм махуэ къэс къыхохъуэ, еш имыIэу зэхуахьэс. Ари гуэшащ: тхылъхэр, фильмхэр, сабийхэм папщIэ мультфильмхэр, макъамэр, уэрэдхэр... Абы сытым дежи къыхэхъуэу екIуэкIынущ адыгэбзэкIэ трахахэр, ятхахэр, ди лъэпкъым траухуахэр, адыгэм и Iуэху зыхэлъ дэфтэрхэр, теплъэгъуэхэр къралъхьэнущ. Уеблэмэ ди лъэпкъым къыхэкIа тхакIуэхэм, усакIуэхэм, режиссерхэм, спортсменхэм, щIэныгъэлIхэм, Iуэху щхьэпэ пэрыт дэтхэнэми и лэжьыгъэмрэ езым теухуамрэ къыщывгъуэтынущ дяпэкIэ.
Зы гъэщIэгъуэнми гу лъыстащ, гуэдзэныр си телефоным трезгъэтха нэужь. Ар къызэIухауэ щыщытым деж и лъабжьэм къытредзэ абы а дакъикъэхэм ирилажьэ, зыщызыплъыхь цIыху бжыгъэри, ар зыщыщри, щищIэри. Псалъэм папщIэ: «Дюсельдорф щыщ адыгэм хабзэм зыщегъэгъуазэ», «Нью-Йорк щыщ адыгэр адыгэбзэ курсхэм хэсщ», «Таганрог щыщ адыгэр гуэдзэным къыхыхьащ», «Дохэ щыщ адыгэр библиотекэм щоджэ», «Эр-Рияд щыщ адыгэм алыфбейр зэрегъэцIыху», «Газиантеп щыщ адыгэм псалъэ зыбжанэм я мыхьэнэр зригъэщIащ», «Хайфэ щыщ адыгэр кино йоплъ», «Милан щыщ адыгэр хабзэмкIэ дерсхэм блэкIащ», «Амстердам щыщ адыгэм и дерсыр иухащ».
Залинэрэ Карсонрэ мы телефон гуэдзэным зэрызрагъэужьыну я мурадхэр куэд мэхъу. Иджыпсту дыщIагъуахэм ящыщщ, абы уи цIэ-унэцIэр иптхэу, дэнэ щIыпIэ щыщ адыгэми удэуэршэр зэрыхъур. Абы куэд ныбжьэгъу щызэхуохъу, куэдым я унэкъуэщхэр, унэцIэджэгъухэр, Iыхьлыхэр къыщагъуэтыж, телефон номери нэ- гъуэщI хъыбари ухуэмейуэ, Адыгэбзэ гуэ-дзэным и чатым хэти зыщыпыбощIэ.
Тхыгъэри сурэтхэри
Дарий Дахэнур ейщ.