IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр утыку йохьэ.

Ди щIыналъэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щызрагъэгъуэтхэм я студент нэхъыфIхэр илъэс зыбжанэ лъандэрэ хэтщ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» (Worlds­kills­Rus­sia) зэпеуэ иным. Мыгъэрей лъэпкъ чемпионатым хэтынухэр къыщыхах зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щызэхэтащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкэр къэрал университетым и педаго­гикэ колледжым. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм.
Республикэм и курыт школхэм щылажьэ егъэджакIуэрэ еджакIуэу 200-м щIигъу щыхьэщIащ а махуэм педколледжым. ЕджапIэм и уна­фэщI Ашэбокъуэ ФатIимэ я гъусэу абыхэм пэшхэм зыщап­лъыхьащ, иужькIэ кIэлъыплъащ зэпеуэм хэтыну зи мурадхэм ягъэзэщIа лэжьыгъэхэм, ята дерс зэIухахэм.
ЯпэщIыкIэ я зэфIэкIыр ягъэлъэгъуащ «ПэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ» IэщIагъэм хуеджэ студент­хэм. Пхъэидзэм къызэрикIамкIэ, абыхэм урысыбзэмкIэ дерс зэIуха кIэщI ятын хуейт, интерактивнэ Iэ­мэпсымэхэр къагъэсэбэпу. Къы­хэщыпхъэщ а лэжьыгъэр студентхэм фIы дыдэу къазэрехъулIар. Абыхэм я жыIэщIэ дыдэ хъуахэу дерсым хэтащ ар щекIуэкIа 2-нэ классым (Налшык дэт курыт школ №7-м щыщщ) щеджэ цIыкIухэри. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм яху­лъэ­кIащ сабийхэм ящыщ дэтхэнэри лэжьыгъэм жыджэру хашэн, апхуэдэуи дерсым къыщагъэсэбэпар интерактивнэ доскарэ планшетрэщ.
Абыхэм къакIэлъыкIуэу студентхэм ирагъэкIуэкIащ адэ-анэхэм щадэлажьэ зэхуэс. Абы щызэпкърахащ еджэнымкIэ оценкэ ­лъахъ­шэ зыхуагъэув сабийхэм яIэ мы­арэзыныгъэм зэрыхущытыпхъэр.
Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэми екIуу зэрадэлэжьапхъэм епха дерс­хэри щекIуэкIащ а махуэм педколледжым. «ГъэсакIуэ» IэщIагъэм хуеджэ студентхэм ягъэлъэгъуа лэжьыгъэр хуэгъэпсат сабийхэм я бзэм зегъэужьыным, я гупсысэм зегъэшэщIыным. Крылов Иван и «ЦIырэ-цIырэмрэ ХъумпIэцIэ­джымрэ» псысэ цIыкIур зи лъабжьэ дерсми къыщагъэсэбэпар иджырей техникэ пэрытым и Iэмалхэращ. ГъэсакIуэ ныбжьыщIэхэм апхуэдэу ягъэлъэгъуащ сабийхэм зэра­дэлэжьэф нэгъуэщI унэтIыныгъэ­хэри: ахэр шхэным зэрыхуагъэ­хьэзырыр, къабзагъэмрэ Iэдэбагъымрэ зэрыхуаущийр.
«IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» (Worlds­killsRussia) зэпеуэм хэтынухэр къыщыхах зэхьэзэхуэм иджыри щыпащэ ди щIыналъэм. Абы къыхыхьэнущ ди республикэм щыIэ адрей еджапIэхэри. А псоми ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм кIэлъыплъ къэпщытакIуэхэм иужькIэ къыхахынущ къэралпсо зэпеуэм хэтыну зыхуэфащэхэр.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.