Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей ФСИН-м и унафэщI Калашников Александр хуэзащ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Налшык щыIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ, УФ-м тезыр зытралъхьахэм егъэпшыныжынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и унафэщI Калашников Александр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьыгъэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ, республикэм и къэрал властымрэ жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я институтхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, апхуэдэуи хэплъащ тезыр зытралъхьахэр щаIыгъ щIыпIэхэр егъэфIэкIуэ­ным, тутнакъхэр иужькIэ гъащIэм хэзэгъэжыным пыщIа къалэнхэм.
Урысей ФСИН-м и унафэщIым къыхигъэщащ щIыналъэм щыIэ я къудамэм илъэс кIуам лэжьыгъэфI зэриIар икIи КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ къыхуищIащ властым и республикэ органхэм а Iуэхум я нэIэ зэрыт­рагъэтым, зэрадэIэпыкъум папщIэ.
КIуэкIуэ Казбеки республикэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм гулъытэ къызэры­хуащIым папщIэ фIыщIэ яхуищIащ тезырхэр зытралъхьахэм егъэпшыныжынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIхэм икIи Калашников А. П. и лэжьыгъэ гугъум ехъулIэныгъэхэр щиIэну ехъуэ­хъуащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.