Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

ЗэIущIэм ирагъэблэгъахэм захуигъэзащ ­республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ: «Псом япэу Урысейм и ­махуэмкIэ сынывэхъуэхъуну сыхуейщ. Мы махуэшхуэм къигъэлъагъуэу къысщохъу лъэпкъ ­куэду зэхэт ди къэралым щыпсэухэм я хэкупсагъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ. Хабзэ зэрытхуэ­-хъуауэ, абы ирихьэлIэу ди лэжьакIуэ пажэхэр догъэлъапIэ, ноби аращ дыщIызэхыхьар. Дэтхэнэ зыми и гуащIэдэкIыр зэрыиныр долъагъу, нэхъыщхьэращи, фи IэщIагъэмрэ лэжьыгъэмрэ фыхуэпэжщ, гурэ псэкIэ фыбгъэдэтщ. ЕхъулIэ­ныгъэр ауэ къыпIэрыхьэ гуэркъым, ар Iэзагърэ ерыщагъым къыпокIуэ. Республикэм и иджырей тхыдэр фоухуэ, щIыналъэм и экономикэр ивогъэфIакIуэ, цIыхухэм я узыншагъэр фохъумэ, щIэблэм я гъэсэныгъэм фогугъу, щэнхабзэм зы­вогъэужь, нэгъуэщIу жыпIэмэ - гъащIэр нэхъыфI хъуным фытолажьэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр ­ирогушхуэ фэ фхуэдэ цIыхухэм. КъБР-м и Парламентым и дамыгъэр пщIэмрэ щIыхьымрэ и нэ­щэ­нэщ. Сыхуейт мы Iуэхугъуэм къаруущIэ къыф­хилъхьэу, дяпэкIи фи мурадхэм фылъэIэсыну. Узыншагъэ быдэ фиIэну, республикэм зэгурыIуэрэ ­мамырыгъэрэ илъыну сынывохъуэхъу», - жиIащ Егоровэм. 
КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр зы­хуа­гъэфэщахэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм и унафэщI Мэзло Заурбэч, Суд приставхэм я фе­деральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм Бахъсэн къалэмрэ Бахъсэн щIыналъэмрэ я суд приставхэм я къудамэм и суд пристав нэхъыжь - къудамэм и унафэщI Истепан Анзор, КъБР-м и лIыкIуэу сату-экономикэ IуэхухэмкIэ Волгоград, Астрахань, Краснодар щIыналъэхэм, Къалмыкъ Республикэм щыIэ БжэныкIэ Хъусен, Налшык ­къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и художник нэхъыщхьэ, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Темыркъан Геннадий, Респуб­ликэ клинико-хирургическэ центрым хирургиемкIэ и къудамэм и дохутырхэу Балъкъыз Нурмухьэмэдрэ Джыназ Азэмэтрэ, «Боевое братство» урысейпсо ветеран жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм хэтхэр, Урысей Федерацэм шынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и гъунапкъэхъумэ управленэу КъБР-м щыIэм, Балигъ ныбжьым нэмысахэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Нэмыс» республикэ IуэхущIапIэм я лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, экономикэм, жылагъуэ Iуэхухэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр.
Щэнхабзэм хуищI хэлъхьэныгъэмрэ псапэ Iуэхухэр къызэрызэригъэпэщымрэ пэкIуэу, ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ уэрэджыIакIуэ Ку­мыщ ­Атмир. Апхуэдэуи а дамыгъэмкIэ и ехъулIэ­ныгъэхэр къалъытащ футбол судья, 2025 премьер-лигэм судья нэхъыщхьэу щыта, КъБР-м футболымкIэ и федерацэм арбитр ныбжьыщIэхэр гъэ­хьэзырынымкIэ и центрым и унафэщI Тэнащ Инал. 
БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.07.2026 - 09:03

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ

08.07.2026 - 15:37

ГуащIафIэщ Астемыр

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ.

08.07.2026 - 09:03

ПщIыхьым ухешэ

Адыгэ Республикэм и Сурэт галерее  Мейкъуапэ дэтым къыщызэIуахащ сурэ­тыщI-модельер цIэры­Iуэхэу Сэралъп Мадинэрэ ХьэцIыкIу Милэрэ я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэ­ныгъэ.

07.07.2026 - 09:14

Гулъытэ яхуещI

КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 4-м яIущIащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуа­хэм.

07.07.2026 - 09:03

Зэдэлэжьэныгъэр ягъэбыдэ

Урысей гвардием и управленэу ­КъБР-м щыIэм  и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI, полицэм и подполковник Сал­пагаровэ ФатIимэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Печатым и унэм щахуэзащ   ­«КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ Iуэх