Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщхьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тхушэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым. Нэри псэри зыгъатхъэ, щIымахуэми гъэмахуэми зи лъабжьэм уигу къыщызэрыгъуэтыж жыг уардэ щхьэпэлъагэхэм зэрызащыбгъэнщIу, япэу уи нэ къыфIэнэнухэм язщ «Таксим» шхапIэр.
«Кафе-пщэфIапIэ» фIэщыгъэ гъэщIэгъуэнымрэ нэхущым хьэзыр дэхъуа хьэжыгъэхэкIхэм я мэмрэ къыбгурагъаIуэ абы ущIыхьэмэ, узэрыщIемыгъуэжынур. Жьыуэ, сыхьэтихрэ ныкъуэм зи уэздыгъэхэр къаблэ унэ хэщIыхьа цIыкIур таурыхъым къыхэбэкъукIа фIэкIа пщIэнкъым.
ШхапIэр зейри абы пщафIэ нэхъыжьу щылажьэри Тырку Мэкэнейм илъэс 15 ипэкIэ къикIыжа, нобэ бысымрэ уэршэрэгъурэ къытхуэхъуа Щомахуэ Сезгинщ.
Си Къэбэрдей! Си Къэбэрдей!
- Сэ Щомахуэхэ сащыщщ, Тэрч, Инарыкъуей къуажэм дыдэкIауэ щытащ. Си къуажэми сыщыIащ, уеблэмэ си адэ къуэшым къызэрызжиIам тету, ди унэр здэщыта щIыпIэр зэзгъэлъэгъуащ. Ауэ къуажэр ипэм къуэладжэм дэсти, ищхьэм къыдрахьеящ. Зи гугъу ищIа унапIэри, псынэри, кхъэри – псори къэзгъуэтыжащ.
- ЩикIа зэманыр сыт щыгъуэт?
- Нэмыцэ зауэр иуха нэужь икIахэу аращ. Си Нанэ жиIэжырт: «Дэ ахъшэ-бохъшэ щхьэкIэ дыкъикIакъым Хэкум. Ди Iиманыр тхъумэн папщIэщ Тыркум дыкъыщIэкIуар. Ди чэтым щIэмыхуэу Iэщ диIащ, итIани, уи адэшхуэм зы сом къищтатэкъым, гъуэгу къыщытехьэм. Дыщэри, дыжьынри, ахъшэри кхъуэщыным итлъхьэщ, ди бжэIупэм Iут жыгым и лъабжьэм щIитIэри, дыкъежьауэ щытащ. ГъуэгупщIэ тхуэхъуну зы сом иIыгъакъым». И псалъэхэр трезгъэтхауэ щытащ дыщыщIалэ зэманым, ауэ тфIэкIуэдыжащ. Си Нанэ и хьэтырщ Къэбэрдейр слъагъуну сыкъызэрыкIуар. СыкъыщыкIуа гъэм мыувыIэу уэшх къешхырт, зы мазэкIэ дыгъэр слъэгъуакъым. «Мы Къэбэрдейм дэнэ-кIэ дыгъэр къыщыщыкъуэкIыр, сымылъэгъуауэ згъэзэжынукъым», - жысIэрт. Мэлыжьыхь мазэти, ар зэрыщыту дыгъэншэу зэрекIуэкIар сигу къинащ. ДыкъэкIуащ, дыкIуэжащ, хуэмурэ зыгуэрым тедухуэри дыкъэнауэ, долажьэ. «Си Къэбэрдей! Си Къэбэрдей!» - жиIэ зэпытт си анэшхуэм. Сэри «Си Нанэ апхуэдизу зыщIэбэг щIыналъэр, нэгъуэщI мыхъуми, зэ сыкIуэнщи слъагъунщ» жысIэут сыкъызэрежьар. Алыхьым и шыкуркIэ, дыхущIегъуэжакъым дыкъызэрыкIуам. Си IэщIагъэм теухуауэ мы щIыналъэм зыгуэр щIэуэ щыхэслъхьэфмэ жысIэри, аращ нобэми зи ужь ситыр.
Фадэншэ шхапIэ
Налшык япэу фадэ щызэрамыхьэ шхапIэ къыщызэIузыхахэм язщ Сезгин. Нобэ къалащхьэм и хьэблэ зыбжанэм дэт «ЩIакхъуэ унэхэри», абыхэм щIэт мывэ хьэкухэри, езы шхын зехьэкIэ IэмалыщIэхэри Налшык щызэхэзыублар Щомахуэрщ. Гъэсэн хуэхъуахэм я бжыгъэр цIыху 500-м нэблэгъэнщ, дэтхэнэ зыри и ерыскъыр къызыхэкI IэнатIэ пэрыту.
- Илъэс 15 ипэкIэ, фадэ здэщымыIэ шхапIэ къызэIусхынущ щыжысIам, псори къысщыдыхьэшхырт. «Сыт Iуэху уэ зепхуэр? Фадэ щIэмытмэ, хэт абы къыщIыхьэнур?» - жаIэу. Iэлхьэмдулиллахь. Ди гум илъ фIым гъуэгу игъуэтащ. Ди Iуэхум пыщIауэ дэри хабзэ дахэ гуэр лэжьыгъэм хэтлъхьэфамэ, хъарзынэщ. Тыркум щыпсэу си къуэшхэм пахлава къыщыщIагъэкI фабрикэ ягъэлажьэ. ИпэжыпIэкIэ, си фабрикэр си къуэшхэм къахуэзгъанэри сыкъэкIуэжауэ аращ сэ. Махуэм хуэзэу ачмэрэ пахлавауэ поднос 500 ящIу апхуэдэщ. Къэбэрдейм дыкъызэрыкIуэжрэ, Алыхьым и шыкуркIэ, сом гуэр къэдлэжьыркъым жытIэмэ, пэжкъым. Ауэ Хэкум ахъшэ къыщызлэжьынщ жысIэу сыкъэкIуэжакъым сэ. Сыщыпсэунущ сыкъызэрыкIуар. Гугъуи дехьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Тыркум мы къэралым ейуэ зы кхъухьлъатэ къригъэхуэхати, абы щхьэкIэ нэмыплъ къыдатри, занщIэу драдзыжауэ щытащ зызэман. Си жагъуэ Iей хъуат ар. Си кафер зэхуащIри, а махуэ дыдэм драгъэкIыжат. Зы махуэм къриубыдэу, тIэу сыкъыщылъэта къысхуихуащ, сыкърамыгъэхьэу, сыгъыу. Ауэ Алыхьым и шыкуркIэ, псоми дыпхыкIащ.
- Уи насыпыр текIуащ!
- Ди насыпыр текIуащ! Аэропортым паспортым щеплъ цIыхубзым жиIэрт: «Сыт мыпхуэдизу мы Къэбэрдейм дэплъагъухьар, мыпхуэдизрэ къыщIэбгъэзэжыр?» ЦIыхум и гур хэлъу щыпсэум деж, нэхъ и гуапэ мэхъу, си шыпхъу. Алыхьым и шыкуркIэ, илъэс 15-м къриубыдэу, мыхьэнэншагъэу зыри зетхьакъым, фIыгъэ фIэкIа.
Хэкумрэ хьэкумрэ
я зэхуакум
Сезгин сыпэплъэу, лэжьакIуэ бзылъхугъэхэм я зым сыдэуэршэрыху, шхапIэм и унафэщIым нэхъыщхьэу далъагъури къэсщIащ: «АпхуэдизкIэ псэ хьэлэлщи, мы кафери абы щIэту хъуари «къызэт» жыпIэмэ, «хьэуэ» хужыIэнукъым. Зыгуэрым ерыскъы уасэ хуримыкъу хъумэ, «ягъэ кIынкъым» жиIэу апхуэдэщ». ЦIыху хьэрэмыгъэншэхэм къащыщI хабзэращи, мы щIалэри яIууащ и мылъку хьэлэлым мурад бзаджэкIэ къытегушхуахэм. Ауэ фIэщхъуныгъэ куу зыбгъэдэлъ пщафIэ лъэрызехьэр лъэпощхьэпо щхьэкIэ къыпхуэувыIэнухэм ящыщкъым. IуэхуфIым гъуэгу ептыныр тынш дыдэу зэрыщымытыр зэхыуигъащIэ пэтми, нэхъыбэрэ зэхэпхыр «Iэлхьэмдулиллахьщ».
«Алыхьым зыщ сызэрелъэIур, - жеIэ Сезгин. - Ялыхь, си хьэкъыр зышхахэм адрей дунейм шэчыпIэ къащрит. Ахъшэр нобэ уиIэщ. Улажьэмэ. къыпхуэлэжьынущ. Ауэ цIыхум и хьэкъыр пшхымэ, уэллахьи, псори адрей дунейм ды-кIуэжынущ, зы цIыху мыбы дыкъыщынэнукъым, мылъкуи здэтхьыфынукъым. Сыт яжесIэн? Ахъшэм псори тещIыхьакъым. Ар нобэ уиIэщ, пщэдей уимыIэнкIи хъунущ. Нобэ уимыIэмэ, пщэдей уиIэнкIи хъунущ, улажьэмэ, уузыншэмэ. Сэ зыми и Iуэху къесхуэкIыркъым. Зыми си Iуэху зэримыхуэнырщ сызыхуейр. Алыхьым и шыкуркIэ, солажьэ, си Iуэхум хьэрэм хэслъхьэркъым. Къэдлэжьыр тшхыжу, мыбы дыщыпсэумэ, аращ дызыхуейр. Сэ ди Хэкур фIыуэ зэрыслъагъум хуэдэу, си фIэщ хъуркъым иджыри зыгуэрым илъагъуу.
- Уи унагъуэри мыбы къэкIуэжауэ щыпсэурэ?
- Си унагъуэри къокIуэ, мэкIуэж, си къуэм паспорт къыхудэсхащ. Си пхъур Тыркум щыIэщ...
- КъэралитI зэхуакум фыдэту ара къыщIэкIынщ?
- НтIэ, дыдэтщ. Тыркуми хьэдэ щыдиIэщ. Уи хьэдэр пщыгъупщэу, мыбы сыкъэкIуэжыпащ жысIэмэ, пцIы хъунущ. Хуэмурэ...
Уэ уигу зыхуэмыкIуэр адрейхэм иумыгъэшх
- ШхапIэхэм я нэхъыбэм тхьэв хьэзыр къагъэщхьэпэ, фэ псори езым фощI.
- Алыхьым жиIэм, псори сэ сощIыф. Хэкум сыкъызэрихьэжрэ, IэмалыщIэ гуэрхэри къыхэдгъэхьащ. Илъэс 11 фIэкIа сымыхъуу, километр 500-кIэ нэгъуэщI къалэ сыкIуэурэ сылэжьащ, пщэфIэкIэ зыщезгъасэм. Дэ абы щыгъуэ диIэIатэкъым. ЦIыхур зыхэпсэукIын щимыIэм деж, лэжьэн хуейщ. Сэ сыкъызэралъхурэ солажьэ. Иджы, илъэс 15 ипэкIэ згъэлэжьахэм уэрамым сащыхуэзэмэ, «шеф» жаIэурэ IэплIэшхуэхэр къысхуащI. Ауэ ди Iуэхур цIыхум тIэкIу зэрыщымыту къащыгурыIуи урохьэлIэ. Тыркум тшхын щыдмыгъуэту дыкъэкIуэжакъым дэ. IэщIагъэ абы щыдмыгъуэтауэ, е мыхъумыщIагъэ гуэр зетхьауэ аракъым. Ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэм сыт фIыуэ хэтлъхьэфын, мы ди Iуэхум теухуауэ? Арат дызэгупсысыр. Сэ нобэ машинэ къэпщэхуурэ щэж къызжепIэмэ, схузэфIэкIынукъым. Сэ мы Iуэхуращ зыхэсщIыкIри схузэфIэкIри.
- Иджы къэбгъэщхьэпэ Iэмалхэм я гугъу дыгъэщI. Япэу пщэфIапIэхэм мывэ хьэку щIэзыгъэувар уэрауэ зэхэсхат?
- Алыхьым жиIэмэ, Къэбэрдейм мы ерыскъы зехьэкIэ хабзэри, хьэкури, кафе хьэлэлхэри япэу къэзыхьар сэращ. Мис мы тандыркIэ (мывэ хьэку) бгъажьэ хьэжыгъэхэкIхэри къедгъэжьащ.
- Мывэ хьэкур сыт газ хьэкум зэрефIэкIыр?
- Пхъэ мафIэкIэ уопщафIэ. Езы хьэкур зэрыщыту мывэм къыхэщIыкIащ.
- Пхъэ дэнэ къыздифхыр?
- Иджыпсту газщ дызэрылажьэр. Ауэ Кэнжэ япэ хьэкур щыщыдгъэувами, Байсултановым, Кулиевым я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм къыщызэIутхауэ щыта шхапIэхэми, «ЩIакхъуэ унэми» дызэрыщыпщэфIар пхъэ мафIэт. Мыбдежым унэ къатхэр зэтетщи, пхъэ мафIэкIэ дыпщэфIэну хуитыныгъэ къыдатыркъым. Газ хьэкуращ дызыхуитри, иджыпсту абыкIэ къыдогъэплъ.
- Пахлавар тхъуцIынэм зэкIэримыгъэпщIэн папщIэ, сыт тхьэвым епщIэн хуейр?
- Пахлава пщIыну уи мурадмэ, япэрауэ, къэбгъэщхьэпэ псори фIыуэ щытын хуейщ.
- Псалъэм папщIэ, хьэжыгъэр?
- Уи хьэжыгъэри, уи дагъэри, уи дэри, уи хьэкури фIыуэ щытын хуейщ.
- Уэ сыт хуэдэ дагъэ къэбгъэщхьэпэр?
- И ныкъуэр тхъууэ хыдолъхьэ. Зэрыщыту тхъу пщIымэ, хьэлъэ хъунущи, адрей ныкъуэр маргарину хыдолъхьэ. Дэр нэхъ селIалIэу къыхызох. Нэхъ пуду зыгуэрхэр къэсщэхунщ жысIэркъым.
- Сыт хуэдэ дэ хэплъхьэр?
- Алыдж дэ жыхуаIэр хыдолъхьэ, «грецкий орех».
- Ар адыгэ дэуэ жаIэжащ, тхыдэм къыщагъуэтыжри!
- НIэ, дэри жытIэнщ (мэдыхьэшх). Хэплъхьэхэм нэмыщI, цIыхум и IэщIагъэр щищIэм деж, езым хуэмышхынур нэгъуэщIым иригъэшхын хуейкъым. Сэ схуэмышхынур, си быным езмыгъэшхынур, Алыхьым жиIэмэ, си шхапIэм къакIуэми езгъэшхынукъым. Къэбэрдейм щызгъэлэжьа псоми ящIэ сэ шхынхэлъхьэ мыхьэнэншэ зэрызезмыхьэр.
- «УзыхуэпщафIэр фIыуэ плъагъумэщ ерыскъыр IэфI щыхъур», - жиIэрт пщафIэ цIэрыIуэ гуэрым. Уарэзы абыкIэ?
- Абыи зы пэж гуэр хэлъщ. Сэ зи шхапIэр пщэджыжьым жьыуэ Iузыххэм сащыщщ. Сыхьэти 6-м зэи фIэзгъэкIакъым Iухыгъуэр, дэнэ сыщылэжьами. А фIыгъэри Къэбэрдейм сэ къыщыхэслъхьащ. «Сыт сыхьэти 6-м щIыIупхыр?» - жаIэурэ къысщыдыхьэшххэрт. «Хэт къэкIуэнур апхуэдэу жьыуэ?» Насыпыр пщэдджыжьращ щагуэшыр. Тыркум дыкъыщалъхуа къуажэм дэса ди анэхэр пщэдджыжьым къэтэджырти, я нэмэзыр ящIа нэужь, КъурIэн тIэкIу еджэхэрт, итIанэ пщIантIэм псы тIэкIу тракIэрти, куэбжэпэм нэс къапхъэнкIырт. Дэ апхуэдэущ дызэресар. ЦIыхум псом япэ и пщIантIэ дыхьэпIэр къабзэу щытын хуейщ. Къэбэрдейм япэу къыщызэIусха шхапIэм щегъэжьауэ, арат щысщIэр. ЯфIэгъэщIэгъуэну къызэплъхэрт а зэманым. Иджы езыхэри есащ.
- УпхъанкIэу арат?
- Уей, сыпхъанкIэтэм! ЕмыкIу хэлъкъым абы. Сыт ущIэмыпхъэнкIэнур? Уи пщIантIэр, цIыхум и бжэIупэр къабзэу щытын хуейщ.
- Я нэгу щIэкI цIыху зэхэтыкIэм теухуауэ псоми зыгуэрхэр яхузэтрехьэ. Ди жылагъуэм дауэ уахэплъэрэ?
- ЦIыхухэм я дуней тетыкIэм теухуауэ сыт жысIэн? Псори езым я гъащIэщ, я гупсысэр езыхэм я гупсысэщ. Алыхьым Iиман диIэу дигъэпсэуну насып тхуищI. Сэ жысIэфынур аращ.
Епсэлъар ЧЭРИМ Марианнэщ.