Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ. Къудей Фа­ри­дэ къызэригъэпэщауэ гъэ къэс иригъэ­кIуэкI «Гуртуевские чтения» Iуэху дахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ. 

ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ паркым Гуртуевым и фэеплъ итым удз гъэгъахэр, къыщалъхуа махуэ бжыгъэм хуэдиз мэхъыч (гвоздикэ) щIыгъуу, тралъхьащ. Iуэхум хэтащ еджэныгъэхэр къызэзыгъэпэщахэр жылагъуэ лэжьакIуэхэр, я адэм и фэеплъыр хуэсакъыу зыхъумэ и унагъуэр. 
ЗэIущIэхэм я нэхъыщхьэр щекIуэкIар Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтращ. Абы хэтащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгу­хьэ­ныгъэм и щIыналъэ къудамэхэм я лIы­кIуэ­хэу Силенок Иннэ (Москва), Петренкэ Александр, Коссаковская Алёнэ (Краснодар) сы­мэ. Ахэр къэпсэлъащ Гуртуевым и Iэдакъэ­щIэкI­хэр къазэрыщыхъум, абы и щIэиныр джыным зэрелэжьым теухуауэ. 
УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэ­бэрдей-Балъкъэр къудамэм къыбгъэдэкIыу пшыхьым хэтащ «Минги тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр, апхуэдэуи Османов Хьыйса, Боттаев Мурат, Табаксоев Мухътар, Къудей Фаридэ, Мэржэхъу ФатIимэ, Рахаевэ Iэминат, Мэржэхъу Тенджыз сымэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмкIэ Налшыкрэ Шэджэм районымрэ я школхэм я егъэджакIуэхэр. Гуртуевым и усыгъэр иджырей щэнхабзэм и хэлъхьэныгъэфIу зэрыщытырщ егъэджакIуэхэм я къэпсэлъэныгъэхэр нэхъыбэу зытраухуар. 
Ди къэралым и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм щыпсэухэр Сэлихь и усэхэм къыщеджэ видеохэр утыку къызэрырахьа флешмобыр «Гуртуевские чтения-2026» Iуэху дахэм и зы Iыхьэт. Апхуэдэу и псалъэ зэхэтхащ шэшэн тхакIуэ Нагаев Аднан, Плановскэ къуажэ школым и унафэщI Болэ Алеся, а еджапIэм щылажьэхэмрэ щIэс цIыкIухэмрэ, Каменномостскэ къуажэ школым и пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ, методикэ тхылъ зыбжанэ зи къа­лэмыпэм къыщIэкIа Багъ Iэсиятрэ абы и гъэсэнхэмрэ, нэгъуэщIхэри. ЖыпIэнуракъэ, «Гуртуевские чтения»-м куууэ зыхуагъэхьэзыращ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм икIи республикэм и район щIагъуи къэнакъым абы хэ­мыту. Тэрч, Дзэлыкъуэ районхэм, Налшык, Бахъ­сэн къалэхэм щекIуэкIащ Гуртуевым и гуащIэм теухуа конференцэхэмрэ класс щIыб дерсхэмрэ. Шэрэдж, Бахъсэн район газетхэм къытехуащ усакIуэмрэ абы и усыгъэхэмрэ ятеухуа тхыгъэ купщIафIэхэр. 
Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэ­пыщIэныгъэр зэрыбыдэр къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхуу щытащ Тэрч районым хыхьэ Пла­новс­кэ къуажэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Тэрчокъуэ Заретэ зэIущIэм къы­зэрыхэувар. 5 - 10 классхэм щеджэхэм папщIэ абы игъэхьэзыращ Гуртуев Сэлихь и гуащIэм теухуа класс щIыб лэжьыгъэхэр зэребгъэ­кIуэкI хъунум и видео дерс. Абыхэм хэтащ, еджа­кIуэ цIыкIухэм я гъусэу, есэпымкIэ, тхыдэмкIэ, урысыбзэмкIэ егъэджакIуэхэр, псо­ри дахэу, гъэхуауэ усэхэм къеджащ, Iуэхум ехьэлIа я гупсысэхэр къаIуэтащ. ЖыпIэнурамэ, усэхэм я закъуэкъым пшыхьыр зытегъэп­сыхьауэ щытар. УсакIуэм теухуа очеркхэри, абы и гуащIэм цIыху щхьэхуэхэм я дежкIэ мы­хьэнэуэ иIэр къыщыIуэта къэпсэлъэныгъэри мащIэтэкъым.  
Къызэхуэсахэм гунэс ящыхъуащ Гуртуев Сэлихь и «Мой Кавказ» усэр и лъабжьэу, Силенок Иннэ итха романсыр, фортепианэ макъамэр. 
ЗэIущIэм и кIэухыу абы хэтахэм саугъэтхэр – балъкъэр литературэм и классикхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт, лъэпкъыбзэмкIи урысыбзэкIи къыдэкIа тхылъхэр – яритащ Къудей Фаридэ. «Гуртуевские чтения» Iуэхур усакIуэм и фэеплъым хуащI пщIэр къэзыгъэлъагъуэ ­къудейкъым, атIэ абы и псалъэм лъэпкъхэр зэрызэкъуигъэувэм, куэдым узэрытригъэгушхуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр нэхъри къулей зэрищIым и зы щыхьэтщ. 

Блий Даянэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.07.2026 - 09:08

IэнатIэм нэхъри зрагъэужь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек щэбэт кIуам IущIащ альпинисткэ цIэ­рыIуэ, Эверест къуршым тIэунейрэ дэкIыфа, дунейм и нэгъуэщI бгы ­куэдми я щыгум ихьа Мэз Каринэ.

21.07.2026 - 09:07

Гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэр

«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэ­лъа­гъуэ сурэтыщI Хэжь Алик и лэжьыгъэхэр.

20.07.2026 - 12:35

Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.

19.07.2026 - 09:03

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр.

19.07.2026 - 09:03

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу.