Мыгувэу щIидзэнущ 2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым абитуриентхэр къыщригъэблагъэ кампанием. А пIалъэм фыкъыкIэрымыхун, фызыхуеину дэфтэрхэр и чэзум вгъэхьэзырын, къыхэфхыну унэтIыныгъэхэм щыхьэт фытехъуэжын, студент зэчиифIэхэм ират дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдэр къывигъэщIэн папщIэ КъБКъУ-м Профориентацэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тхьэзэплъ ФатIимэ упщIэ зыбжанэм жэуап къаритащ.
- КъБКъУ-м зэрыщIэтIысхьэ Iуэхухэм мэкъуауэгъуэм и 20-м щIидзэнущ. Мы гъэм дэфтэрхэр къеIыхыныр дауэ къызэрагъэпэщыну?
- Дэфтэрхэр къеIыхыныр Урысей псом зэгъусэу мэкъуауэгъуэм и 20-м щыщIадзэнущ икIи гъэмахуэ псом екIуэкIынущ. Мы гъэм абитуриентхэм Iэмал тыншу щы къыхузэрагъэпэщащ: я щхьэкIэ приёмнэ комиссэм екIуэлIэну, «Госуслуги» порталымкIэ («Поступление вуз онлайн» сервисымкIэ) онлайну дэфтэрхэр ягъэхьыну е пощт зэпыщIэныгъэр къагъэсэбэпыну.
- Университетым къыщIэтIысхьэну зызыгъэхьэзырхэм сыт хуэдэ махуэ нэхъыщхьэхэр ящIэн хуей?
- ЕГЭ-м кърикIуахэм япкъ иткIэ, бюджетым щIэхуахэм дэфтэрхэр къеIыхы-ныр бадзэуэгъуэм и 25-м еух. Курыт IэщIагъэ щрат еджапIэхэм я дипломыр зыIыгъыу бюджетым къакIуэхэм, университетым экзамен щызытыж абитуриентхэм я дэфтэрхэр бадзэуэгъуэм и 15 пщIондэ ятын хуейщ. Контракт егъэджэныгъэ щIыкIэр къыхэзыхахэм я дэфтэрыр къеIыхыныр шыщхьэуIум и 29 пщIондэ екIуэкIынущ. ПщIэ щIату еджэну КъБКъУ-м экзамен щызытын хуейхэм шыщхьэуIум и 11 пщIондэ дэфтэрхэр ят хъунущ.
- Сыт хуэдиз унэтIыныгъэм щIэплъхьэ хъуну дэфтэрхэр?
- Федеральнэ хабзэхэм япкъ иткIэ, абитуриентым дэфтэрхэр иритыфынущ Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьитхум. Апхуэдэ дыдэуи еджапIэ нэхъыщхьэ къэс унэтIыныгъитхум нэс къыщыхэпх хъунущ.
- Сыт хуэдэ дэфтэрхэр бгъэхьэзырын хуей?
- Iэмал зимыIэхэм хохьэ егъэджэныгъэм теухуа дэфтэрыр (аттестатыр е дипломыр), СНИЛС-мрэ ИНН-мрэ, медицинэ справкэр, прививкэхэм ятеухуа сертификатыр, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм - ныкъуэдыкъуагъэм теухуа справкэр, и ехъулIэныгъэхэм щыхьэт техъуэ тхылъхэр. Абыхэм ятеухуа тхы- гъэ университетым и официальнэ сайтым къралъхьэ, «Абитуриентхэм папщIэ» гуэдзэным.
- Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэра балл нэхъыбэ къозытыр? ЩIэуэ зыгуэр къыхыхьа?
- Абыхэм я список убгъуа КъБКъУ-м и сайтым итщ. Ауэ кIэщIу жыпIэмэ, дыщэ е дыжьын медаль, фIы дыдэу аттестат зиIэм ЕГЭ-м кърикIуахэм балли 10 хухалъхьэ. «Абилимпикс» зэпеуэм зэрыщытекIуам папщIэ балли 10 худыщIагъу. ГТО-м и дыщэ е дыжьын дамыгъэм папщIэ - балли 3. КМС-м и спорт разрядым балл лейуэ 6 хуагъэзащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэ къыхалъхьащ волонтёр тхылъ цIыкIум ехьэлIауэ: иджы ар системэщIэкIэ къалъытэ. Волонтёр Iуэхум зэрыхэта илъэс къэс зы балл хуагъэув. Нэхъыбэ дыдэу балли 4 къыпIэрыхьэфынущ. Школхэр къэзыухахэм дыгъэгъазэм ятх кIэух тхыгъэм папщIэ - зы балл. Апхуэдэу балл гуэдзэхэр кърипхьыфынущ КъБКъУ-м и олимпиадэхэм текIуэныгъэ къыщыпхьамэ - балли 3-м къыщыщIэдзауэ 10-м нэс. УиIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ еджапIэ нэхъыщхьэм балли 10 пхухилъхьэфынущ. Абитуриентым и ехъулIэныгъэ щхьэхуэхэр псоми я зэхуэдэ системэм къыщыгъэлъэгъуащ, зэпеуэм балл бжыгъэ зэщхь къыщахьамэ, ехъулIэныгъэ нэхъыбэ зиIэр токIуэ.
- 2026 гъэм унэтIыныгъэщIэхэр иIэ университетым?
- НтIэ. Курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт мардэм тету ДизайнымкIэ колледжым къыщызэIуахащ «Рекламэ» IэщIагъэщIэм щыхуагъасэ. Мы гъэм мы унэтIыныгъэм пщIэ щIату щрагъэджэну аращ.
- Нэгъабэ сыт хуэдэ унэтIыныгъэхэм нэхъ щIэтIысхьа щIалэгъуалэр? Мы гъэм сыт хуэдэрауэ пIэрэ япэ ищынур?
- Хабзэ зэрыхъуауэ, щIэупщIэ нэхъ зиIэхэм ящыщщ классикэ унэтIыныгъэхэр: медицинэр, юриспруденцэр, экономикэр. Абы щыгъуэми инженер-техникэ IэщIагъэхэм хуащI гулъытэм зэрыхэхъуэр къыжыIапхъэщ. Дыщогугъ ар мы гъэми апхуэдэу щытыну.
- Университетым абитуриент зэчиифIэхэм дауэ защIигъакъуэрэ?
- Дэ мылъку, академическэ дэIэпыкъуныгъэ диIэщ. Псалъэм папщIэ, ЕГЭ-мкIэ балли 100 къэзыхьа еджакIуэм зэ тыгъуэу сом 100000 ират. Балл куэд зиIэхэм (унэтIыныгъэ къэс бжыгъэ хэха яIэщ) папщIэ япэ семестрым къриубыдэу мазэ къэс сом мини 10 стипендиеу ират. КъищынэмыщIауэ, КъБКъУ-м жыджэру олимпиадэхэр ирегъэкIуэкI. Профильнэ, Кавказ Ищхъэрэ предмет олимпиадэхэм ухэтмэ, Iэмал къуитынущ ущыщIэтIысхьэкIэ балли 3-м къыщыщIэдзауэ 10-м нэс къыпIэрыхьэну.
- ЗэрыщIэтIысхьэ дэфтэрхэр зрат къэпщытакIуэхэр дэнэ щылажьэрэ?
- Приёмнэ комиссэр КъБКъУ-м и щIыхьэпIэ нэхъыщхьэм щыIэщ, мы хэщIапIэмкIэ къэвгъуэтынущ: Налшык къалэ, Чернышевскэм и уэрам, 173.
Зыгъэхьэзырар
Дарий Дахэнурщ.