Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зыхуигъэувыж и къалэн пажэм – щIалэгъуалэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етыным къыдэкIуэу – IэщIагъэ зригъэгъуэтыну хущIэкъуу егъэджэныгъэр къызэзыгъэпэщ къэрал хабзэхэм къимытIэс щытыкIэ щхьэхуэхэр зэриузэхужынуми хущIокъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, хабзэубзыху жэрдэмхэр къыхилъхьэну, ахэр гъащIэм хипщэну иужь итщ. Апхуэдэу абы гулъытэ хэха хуещI зи узыншагъэм сэкъат иIэ ныбжьыщIэхэм къэралым къарит хуитыныгъэхэр къызэпыуда мыхъуу, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ етынымкIэ Iэмалхэр къэгъуэтын, щыIэ хэкIыпIэхэр нэхъыбэ щIын зэрыхуейм. А жэрдэмхэм ящыщщ КъБКъУ-м иджыблагъэ къыщызэIуаха, «Инклюзив зэхъуэкIыныгъэхэр щIэныгъэ нэхъыщхьэм: зыужьыныгъэм и Iэмалхэмрэ къэкIуэну лъэхъэнэхэм я щIэплъыпIэхэмрэ» фIэщыгъэр зиIэ VI урысейпсо зэхуэсыр.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ егъэджэныгъэ IэнатIэм пыщIа къулыкъущIэхэр, щIэныгъэлIхэр, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм епха сымаджэщхэмрэ центрхэмрэ я лэжьакIуэхэр, зеиншэхэм, адэ-анэхэр зыщхьэщымытыжхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм етIуанэ щIэныгъэ етынымрэ IэщIагъэ зиIэу яхэтхэм лэжьапIэ IэнатIэ егъэгъуэтынымкIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, медицинэмрэ социальнэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зи IэщIагъэр тезыухуа студентхэр, нэгъуэщIхэри. ЦIыху 600-м щIигъу зэхэзыша зэхуэсым къеблэгъахэм яхэтщ Урысейм и щIыналъэ 55-м я лIыкIуэхэри, Армением, Беларусым, Тыркуменистаным къикIа IэщIагъэрылажьэхэри.
Егъэджэныгъэ Iуэхухэм еплъыкIэщIэхэр бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ хэлъхьэн хуейуэ къэзыгъэув зэIущIэр къызэзыгъэпэщыр Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ университетырщ. Ар 2017 гъэ лъандэрэ КъБКъУ-м долажьэ. ЗэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхугъуэ куэдым я кIуэрабгъухэр КъБКъУ-м къыщахутэу, къагъуэта Iэмалхэр щагъэунэхуу, еджапIэ нэхъыщхьэм и мызакъуэу, щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым итхэм зэрыхапщэн пэхуэщIэхэр къыхилъхьэу зэрыщытыр къалъытэри, Iуэхур ди щIыналъэм щекIуэкIыныр игъуэу къалъытащ. Къыхэгъэщын хуейщ еджапIитIым я зэдэлэжьэныгъэр еджэныгъэмрэ щIэныпхъэхэмрэ щаубзыху центрхэм зэрапхыу зэрекIуэкIар, зэIущIэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщми пэIудзауэ зэхуэсхэр ирагъэкIуэкIми.
Зэхуэсым щIидзэным ипэ къихуэу, «Мираж» Iэпэтэрмэш театрыр утыку къихьащ, и гъэлъэгъуэныгъэ къудейм уи щхъуэфэцым зригъэIэту, щыIэныгъэм уригъэгупсысу, щыIэ щытыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн зэрыхуейр хьэкъыу къагъэуву. Утыкум къихьа гупым зы макъ къамыгъэIуу, къэралым и гимныр Iэпэтэрмэш защIэкIэ жаIащ. Псалъэхэм яхэлъ гузыхэщIэр апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэну пкъыбзэкIэ къэIуэта хъуати, зы едзыгъуэр кIуа нэужь, пэшым щIэсхэм къыкIэлъыкIуэ едзыгъуэм и псалъэхэр къапхъуатэри, утыкум итхэм ядежьууащ.
Театрыр утыкум щикIыжым, зэхуэсым кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ закъыхуигъэзащ УФ-м щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министрым и къуэдзэ Петровэ Ольгэ.
- Мы гъащIэм гур хэзыгъахъуэ Iуэхугъуэ куэд дыщрохьэлIэ, нэхъыфIу щытатэмэ, сыт ягъэкIынт, жыдигъэIэу дигу хэзыгъэщIу тлъагъухэри мащIэкъым. Ауэ зыми хуэдэжкъым зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм ятеухуауэ дызыгъэнэщхъыфIэхэмрэ дызыгъэнэщхъейхэмрэ. ДонэщхъыфIэ, а IуэхумкIэ ди къалэн тхуэгъэзащIэмэ, узыншагъэкIэ зи Iуэху хуэмыщIахэм я гуныкъуэгъуэхэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми ящхьэщытхыфмэ. Донэщхъей, дызытепсэлъыхьхэм гъуэгу щамыгъуэтым, тхузэфIэкIынур щхьэдэдгъэIухрэ щыблэдгъэкIым деж. Сэ фIыщIэшхуэ яхуэсщIынут зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я Iуэхур щIэныгъэ нэхъыщхьэм зыхуей щыхуэгъэзэным хуэунэтIауэ 2017 гъэ лъандэрэ лэжьыгъэ щхьэпэ езыгъэкIуэкI псоми. УзыншагъэкIэ я кIэн къимыкIами, абыхэм яхэтщ фIыуэ узыщызыгъэгугъ сабий зэчиифIэхэр, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъхэр, щIэныгъэшхуэ зыкъуэлъхэр. Апхуэдэхэр хущIокъу гугъуехьым зрырамыгъэуду ипэкIэ кIуэтэну, лъагапIэщIэхэр къагъэIурыщIэну. Хьэкъыу си фIэщ мэхъу мы зэхуэс щIагъуэм егъэджэныгъэм и пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэр зэфIэхынымкIи, къэралым телъ къалэнхэм гу лъегъэтэнымкIи мыхьэнэшхуэ зэриIэнур. Iэджэ гугъуехьми дыпэщIэтщ, ар пэжщ. Апхуэдэу щыт пэтми, къытщIэувэ щIэблэмрэ къэралым и къэкIуэнумрэ нэхъапэ щыIэкъыми, тхузэфIэкI къэдмыгъанэу ахэр къызэдгъэпэщын хуейщ. ДыщызэщIыгъум деж дылъэщщи, дыщылъэщым деж, дызыIущIэ лъэпощхьэпохэр зыми щыщкъым. ФефIэкIуэну, фIыкIэ лэжьыгъэр къефхьэлIэну си гуапэщ, – жиIащ къулыкъущIэм.
Петровэ Ольгэ и къэпсэлъэныгъэм къыхэщащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу щIэныпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ центрхэр къэралым и щIыпIэ куэдым къызэрыщызэрагъэпэщар, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я еджэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ зыхуей хуэзэгъэным и IуэхукIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэгъэкъуэн бэлыхь ахэр зэрахуэхъур.
ХьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат. Абы и псалъэм къыщыхигъэщащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ щIалэгъуалэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтыным и IуэхукIэ щIыналъэм лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм зэрыщрагъэкIуэкIар.
- ЦIыхугъэм къиубыд Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщу узыблэплъыкI мыхъунур узыншагъэкIэ зи Iуэху хуэмыщIахэм ядэIэпыкъун зэрыхуейрщ. ГъэсапIэхэмрэ пэщIэдзэ еджапIэхэмрэ къыщегъэжьауэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щыщIэкIыжу, ди щIыналъэм пэхуэщIэ зыкъом къыщыхалъхьащ. Абыхэм я нэхъыбэм гъуэгу ягъуэтащ, ауэ, гурыIуэгъуэщ, лэжьыгъэр зэпыбгъэу хъунукъым, нэхъыфI пхуэщIынум и Iэмалхэр зэхэлъхьэн хуейщ. Къэрал хабзэхэр цIыхухэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжу мардэ зыбжанэ къызэщIаубыдэ. Я лъэкIыныгъэхэм емылъытауэ, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэми апхуэдэ Iэмал яIэн хуейщ. ТхузэфIэкIи къэдгъанэркъым, ар къэгъэнауэ, мы зэхуэсым къыщыхалъхьэну гупсысэхэм къэрал лэжьакIуэхэм гу лъатэу хабзэубзыху жэрдэм зыбжани къыхалъхьэнкIэ хъунущ. ЩIалэгъуалэ программэ хъарзынэхэр щыIэщ, игъуэт абыхэми хэплъауэ, мы щIэнIуатэм къиIэтыну Iуэхугъуэ нэхъ Iэмалыншэхэр абыхэм зэрыхэухуэнапхъэ кIуэрабгъухэри къыхагъэщатэмэ, – жиIащ Хъубий Марат.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат и къэпсэлъэныгъэр методикэ Iуэхугъуэхэм триухуащ, студентхэр инклюзив лэжьыгъэм нэхъ жыджэру хэшэн зэрыхуейри къыхигъэщащ.
- Студентхэм Iэмал зэхуэдэ етыныр - ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Шэч хэлъкъым, дызытепсэлъыхьыпхъэхэр мащIэкъым, абы хуэгъэпсауэ хъарзынэу лэжьэн IэнатIэхэри диIэщ. Ауэ Iуэхум щIэныпхъэ хэмылъмэ, жыжьэ кIуэнукъыми, методикэ и IуэхукIэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр нэхъыбэу диIэн хуейщ. Сыт щхьэкIэ? Зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыхухэр зыхуэныкъуэкIэ зэщхьэщокI, дэтхэнэми удэлэжьэным щхьэхуэныгъэ Iэджи иIэщ. Нэм къимыубыд, лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщхэми щIэныгъэ езытхэми зэуэ къамылъагъун апхуэдэ щытыкIэхэр къэзыхутэн хуейхэр мащIэу щытынкIэ Iэмал иIэкъым. Псалъэ къущым зыри къихьынукъым, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цIыхур гурэ псэкIэ зэрызыхэпщIэр къебгъащIэу удэмылажьэмэ. Си япэкIэ къэпсэлъахэм къыхагъэщащ инклюзив щхьэхуэныгъэхэр зыбгъэдэлъ сабийхэм зэчиифIэ куэд къазэрыхэкIыр. Сэри шэч къытесхьэркъым абы, сыту жыпIэмэ апхуэдэ цIыхухэр нэхъ набдзэгубдзаплъэщ, ямыIэр иризыгъэкъуж есэныгъэрэ щIэныгъэкIэ лъэрызехьэхэщ. Дадэвгъэлажьэ, ди щыщIэныгъэхэр дузэхужын хуэдэу, кIуэрабгъухэр къэдвгъэгъуэт, – жиIащ Къардэн Мурат.
Зэхуэсым хэтхэм гуапэу къахэпсэлъыхьащ КъБКъУ-м егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ и проректор Лесев Вадим, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ университетым щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и проректор Кузнецовэ Оксанэ, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Хьэщхъуэжь Борис, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз, Ставрополь щIыналъэм лэ-жьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Ильин Денис сымэ. Абыхэм я псалъэм къыхэщащ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм иратыну щIэныгъэм и купщIэр къызэщIэкъуауэ щытын, унэтIа методологиер программэм хэухуэнауэ гъэпсын, лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэща хъунымкIэ Iэмалхэр зэрыщыIэр Iуэхум хэзымыщIыкIхэм я деж нэгъэсын зэрыхуейр. Апхуэдэу къулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ щIыналъэми къэралми узыншагъэкIэ зи Iуэху хуэмыщIахэр зыпэрыбгъэувэ хъун IэнатIэхэр нэхъыбэ зэрыщыщIыпхъэм, абыхэм яхуэкIуэ есэныгъэхэмрэ а есэныгъэхэр языгъащIэ еджэныгъэ программэхэмрэ университетхэм я лэжьыгъэм Iэмалыншэу зэрыхэлъхьапхъэм.
МахуищкIэ екIуэкIыну зэхуэсым и япэ Iыхьэр щызэфIэкIым, хьэщIэхэр щхьэж и унэтIыныгъэкIэ къыщыпсэлъэну къудамэхэм зэбгрыкIащ. КъБКъУ-м и «ЗыужьыпIэхэм» щекIуэкIыну лэжьыгъэр зэрыщыткIэ трагуэшэнущ «Щэнхабзэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ», «Жылагъуэмрэ къэралымрэ», «ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ», «Экономикэмрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ» къудамэхэм. Абдеж щытепсэлъыхьынущ Iуэхум хэтхэм, инклюзив дуней еплъыкIэ зэрызрагъэгъуэтынум, технологие гуэдзэхэр къызэрагъэсэбэпынум, къэралыр щIэгъэкъуэн щыхъу щIыпIэхэм деж и мылъкур къызэрахьын зэпеуэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ къызэрызэрагъэпэщынум, лэжьапIэ IэнатIэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр зэрырагъэфIэкIуэнум.
Зэхуэсым и етIуанэ махуэм практикэ гъэпсыкIэ иIэнущ. Апхуэдэу жэрдэмщIакIуэхэм ирагъэкIуэкIынущ форсайт-сессиекIэ зэджэ гуп лэжьыгъэхэр, мастер-классхэр, Iэнэ хъурейхэр, пэхуэщIэхэр щызэхалъхьэ щIэнIуатэхэр.
Ещанэ махуэм къызэщIэзыкъуэж лэжьыгъэхэр екIуэкIынущ. Апхуэдэу къудамэхэм зи гугъу щащIахэр зэхалъхьэжынурэ, «Инклюзив дуней еплъыкIэ», «Инклюзив егъэджэныгъэм и дунеяплъэ», «Инклюзив пэхуэщIэхэм я зэхэгъэувэкIэр», «Инклюзив лэжьапIэ IэнатIэхэр» фIэщыгъэхэр зиIэ жэрдэмиплIыр къэралымрэ лэжьапIэ IэнатIэкIэ цIыхухэр къызэзыгъэпэщ къулыкъущIапIэхэмрэ я пащхьэ къралъхьэнущ. Зэхуэсым и лэжьыгъэр кърахьэлIа нэужь, хьэщIэхэм Налшык къалэм зыщрагъэплъыхьынущ, ахэр Iуащхьэмахуэ лъапи яшэнущ.
ТАБЫЩ Мурат.